2004 гъэр екIуэкIырт. «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм къыщIыхьащ тхылъымпIэ зэкIуэцIылъ шыхьа зыIэщIэлъ зы дадэ. Гуапэу зыкъыдигъэцIыхуа нэужь, ар къызэлъэIуащ къихьа усэхэм гупсэхуу сыхэджыхьу, хъуххэнумэ газетым къыхутеддзэну. Балъкъэр Умарт ар – Сирием япэу къиIэпхъукIыжахэм ящыщт. Пэжыр жысIэнщи, абы и ныбжьри, литературэм зэрыпэжыжэри къэслъытэри, япэщIыкIэ шэч мащIэ къытесхьащ, къытебдзэн фIэкIа хэмылъу, тхыгъэхэр дагъуэншэу къыщIэкIыным. Сыту жыпIэмэ, щытыкIэ гугъум ихуа цIыхум, псом хуэмыдэжу хэхэс гъащIэм и дыдж зыгъэвам, къиIуэтэнрэ итхынрэ зэримымащIэр гурыIуэгъуэт, гупсысэ къэс усыгъэ мардэм хуэкIуэу къыщыхъунри хэлъу. Ар усыгъэм игъащIэм и натIэщ. АрщхьэкIэ дэ дызэмыса жыпхъэм иту зэгъэкIуа сатырхэм кууагъ яхэлът, хамэщIыр ухыгъэ зыхуэхъуа цIыхум апхуэдиз зэманкIэ къыздрихьэкIа и гурыгъухэмрэ и гущыщIэхэмрэ зэуэ уи нэгу къыщIагъэхьэу. Нобэ тыдодзэ Балъкъэр Умар и усэхэм ящыщ зыбжанэ.
Музэ Б.
Хы ФIыцIэжьым сопсалъэ
– Жэщи махуи псэху уимыIэу,
IуантIэ-шантIэу зублэрэкIыу,
Уи пэ къихуэм зебудэкIыу,
Сыт Iуэхушхуэ узезыхуэр,
Хы ФIыцIэжь?
– Си IуфитIым къыIунахэу,
Бынунагъуэ зэкъуэхуахэм,
Я гуIэгъуэм, схуэмышэчу,
КърехуэкIыр си толъкъунхэр
Зыдэбдзейрэ зебдзыхыжу,
Хыумыдзыфу лъащIэм щIэлъыр,
ПсэкIэ зесхьэр схуэмыгъэткIуу,
ГъащIэм сыдогъуэгурыкIуэ.
– Уи хы нэпкъым уимыхуэжу,
Шыгъупс щIыIэр зэбутхэкIыу,
Хьэлъэу птелъыр щIэплъэфэжу,
Сыт гуауэшхуэ уэ къепхьэкIыр?
– ГуIэ нэпсу къысхэлъадэм,
Псыр шыугъэу зэхищIащ,
Ар си Iуфэхэм къысфIепкIэу,
Нэпс куэдыIуэу къыщIэкIащ.
I984 гъэ.
Сирие.
Iуащхьэмахуэ
Уэсыр птелърэ, псыр къожэхыу,
Уи дахагъым псэр дихьэхыу,
Гъэ мин дапщэ къепхьэлIа
Гукъеуэншэу, Iуащхьэмахуэ?
Си щхьэц тхъуари пыIэ хужь къыпщыремыхъу,
Гуауэу кIуэцIым ижыхьахэр,
Пхъэ фIамыщIу иплъэгъуэнт,
Нэпс къежэхри нарзаныпс зыщумыгъэхъу,
И гуащIагъым щIы зытеткIуэр пхыресыкI.
Си дахагъэр лъэпкъыжь теплъэщ,
Дэнэ щIыпIи къыщацIыху,
Сэ псэхугъуэ симыIэн –
Мы си бгъафэ щIача бынхэр,
Хэкуншэу хамэм хэкIуэдэжхэу.
ФыкъэкIуэжхэ фи хэкужь,
Фи жьэгу мафIэр щIэвгъэнэжхэ,
Сэ си бгъафэ и хуабагъи,
Дуней псом фэ щывгъуэтынкъым,
ФыкъэкIуэжхэ фи хэкужь.
Адыгэ Псалъэ