Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Ди япэ илъэсищэр

2022 гъэм жылагъуэ гъащІэм нэхъ гукъинэж дыдэу сыт къыщыхъуар жытІэу дызэупщІыжмэ, ар Къэбэрдей-Балъкъэр республикэр илъэси 100 зэрырикъуарщ. Апхуэдэ махуэшхуэ нэхъ пасэми щагъэлъэпІа къыщІэкІынщ ди щІыналъэм, ауэ дэ мыпхуэдэ дауэдапщэхэм дызэрыхиубыдар япэ дыдэущ.


Илъэсым и кІыхьагъкІэ дэ Іэмал диІащ ди Хэкум къикІуа гъуэгуанэр фэеплъкІи, сурэткІи, гукъэкІыж къудейкІи къэтпщытэжыну. ИтІани, тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ щытлъэгъуа щапхъэхэр жыжьэу къызэринэкІащ Кремль Сэреишхуэм и хьэщІэщым адыгэхэр, балъкъэрхэр, къэрэшейхэр дыщыпсэу республикищыр илъэси 100 зэрырикъуар зы махуэм зэрыщагъэлъэпІар. ЗэрымыщІэкІэ къэхъуа Іуэхуу щытми, ди гуапэ хъуащ УФ-м и Президент Путин Владимир щІыналъищым я лІыкІуэхэм я пащхьэ къыщихьа махуэр илъэс зыбжанэ хъуауэ фокІадэм и 20-м ягъэлъапІэ Адыгэхэм я махуэм зэрырихьэлІари.  

«ПщІэ зыхуэсщІ Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэу цІыхухэ! – закъыхуигъэзащ Президентым зэІущІэм ирихьэлІахэм. Фи республикэхэр илъэси І00 зэрырикъум ехьэлІа махуэшхуэмкІэ гурэ псэкІэ сынывохъуэхъу! Ар зи махуэ лъапІэр фи закъуэкъым, Урысей псом къывдегуэш фи гуфІэгъуэр! І922 гъэм автономиехэр къызэрыунэхуар зы гъуэгум тет, зы плъапІэ зиІэ, жэуаплыныгъэрэ хэкупсэ гурыщІыкІэ псоми ди зэхуэдэ Хэкушхуэм бгъэдэт щІыналъищым я дежкІэ лъэбакъуэ щхьэпэт. Абы кърикІуа илъэсхэм къагъэлъэгъуащ а лъэбакъуэр ди пэ итахэм губзыгъэу яча, Адыгейри, Къэбэрдей-Балъкъэрыри, Къэрэшей-Шэрджэсри фІым хуэзыунэтІа унафэ жыжьэрыплъэу къащтауэ зэрыщытар».  

«Автономие къызэрызэрагъэпэщар ди щІыналъэхэм я гъащІэм фІыкІэ къыхэІэба Іуэхут, – щыжиІащ КъБР-м и УнафэщІ КІуэкІуэ Казбек и къэпсэлъэныгъэм. Абы и фІыгъэкІэ дэ къэгъазэ зимыІэж зыужьыныгъэм и гъуэгум дытеувэри, ди хабзэри, ди бзэри, ди динри тхъумэжыну Іэмал дгъуэтащ. БлэкІа илъэсищэр ди республикэхэм я щІэрэщІэгъуэу пхужыІэнущ, дэтхэнэ зыми экономикэм, щэнхабзэм, цІыхубэ гъащІэм лъэбакъуэ абрагъуэ щичауэ».  

Адыгэхэм, балъкъэрхэм, къэрэшейхэм я щэнхабзэр уи нэгу къыщІэзыгъэувэ гъэлъэгъуэныгъэхэр я гупэ къиту, дэтхэнэ хэгъэгуми къикІа цІыху цІэрыІуэхэмрэ щэнхабзэм и лэжьакІуэхэмрэ ягъэбжьыфІащ Кремль Сэреишхуэр а махуэм. Тхыдэм дриплъэжыну Іэмал къызэрыдитам нэмыщІ, утыку къраша щІыналъищым я зэхуакум зэкъуэшыныгъэ зэрыдэлъыр наІуэу мы гуфІэгъуэр зэрагъэлъэпІам къыкІэлъыкІуэ илъэсищэр куэдкІэ нэхъыфІыну гугъэшхуэ къыдет. 

Адыгэ Псалъэ

Yazarın Diğer Yazıları

Зэрагъэбагъуэ пщалъэхэмрэ есэп нагъыщэхэмрэ

Гъэ еджэгъуэщlэм щlидзакlэщ. Щlэныгъэм хуэпабгъэ сабийхэм я тхылъылъэхэр тхылъыщlэхэмрэ тетрадыщlэхэмрэ ирашэх. Къалэмхэр, къэрэндащхэр, хьэфэтегъэкlхэр – псори щlэрыпсщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ еджакlуэ цlыкlухэм нэгъуэщl зы насыпыщlи...

Урыс-Кавказ зауэр зэпэщIэта лъэныкъуитIым я еплъыкIэкIэ

Мазэ зыбжанэ ипэкIэ дунейм къытехьа, сурэткIэ гъэщIэрэщIа щIэнгъуазэм («Адыгэхэр: дуней псом щынэхъыжь дыдэ лъэпкъхэм ящыщ зы») напэкIуэцI 34-рэ щеубыд Урыс-Кавказ зауэм хухэха Iыхьэм. Тхылъыр...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img