Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Лъэпкъыр бзэм къехъумэ

Бзэр лъэпкъым и фащэщ. Ар къокӏуэ дызэрыбауэ хьэуам хэту, псэм пэгъунэгъуу, ӏэпкълъэпкъым хэгуэшауэ. Абы блэкӏар къепщытэж, ит зэманыр егъэнаӏуэ. Лъэпкъым и къэкӏуэнур зыхуэдэнум ущегупсыск1и узэжалӏэр аращ. Бзэмрэ хабзэмрэ зэщӏыгъущ, абыхэм къапкъырокӏыж лъэпкъым и шыфэлӏыфэ екӏухэр. Сыт хуэдэ адыгэ лъэпкъым и хьэлыр, и хабзэр, и щэнхабзэр? Нобэ бзэр хъумэным хуэныкъуэ е езы лъэпкъыр къихъумэрэ абы?

Сыт хуэдэ ӏэмалхэр щыӏэ щӏэблэм анэдэлхубзэр яӏурылъхьэным теухуауэ, сыт нэхъыщхьэу хэлъ ди лъэпкъ шыфэлӏыфэм? Сыт лъэпкъым и къарур, и тӏасхъапӏэр, и насыпыр? Мы упщӏэхэм теухуауэ я гупсысэ къагъэнэӏуащ зи ӏэщӏагъэкӏэ зэхуэмыдэ цӏыху зыбжанэм. Абхэр хэт Хэкум щопсэу, хэти хамэ щӏыпӏэм щыхэхэсщ. Гъунэгъу зэхуэзыщӏыр лъэпкъ ӏуэхурщ.

Езауэ Мадинэ, филологие щӏэныгъэхэмкӏэ кандидат, Цӏыпӏынэ Аслъэн и цӏэр зезыхьэ Адыгэ щэнхабзэ центрым и унафэщӏ:

-Дэ ди деж хуэдэу нэхъыжьымрэ нэхъыщӏэмрэ щызэрылъытэ лъэпкъ щыӏэу къыщӏэкӏынкъым. Къытхуэнащ ар, тхэлъщ, хэт сыт жиӏэми. Адыгэм укӏытэ хэлъщ, напэр къабзэу ихъумэну хущӏокъу. Дызытекӏ мыхъу хабзэхэр тӏэкӏу ткӏийуэ гугъу дыщрагъэхьи щыӏэщ. Ауэ а гугъуехьым ди псэр егъэнщӏыж. Мис ар ди лъэпкъым и къарущ.

Дзасэжь Ларисэ, филологие щӏэныгъэхэмкӏэ кандидат, КъБКъУ-м инджылызыбзэмкӏэ кафедрэм и унафэщӏ:

-Бзэр тхыдэ щӏэинщ, псалъэкӏэ бауэу. Абы къыпкърокӏ лъэпкъым и хьэл-щэныр, и гупсысэкӏэр, и псэр. Бзэ тӏурымылъмэ, лъэпкъыу дыщыӏэфынукъым. Зэрытщӏэщи, ЮНЕСКО-м ди адыгэбзэр яхибжащ кӏуэдыжынкӏэ шынагъуэ ихуа бзэхэм. Дызыӏут ӏэнатӏэр гугъу пэтми, дэ ӏэмал гуэрхэри диӏэщ ди бзэм и псэр къедгъэлынымкӏэ. Пэжым ухуеймэ, ди фӏэщу зетпщытмэ, абы тхуэмыгъэзэщӏэн хэлъкъым –ауэ сыт– дызэкъуэувэн хуейщ абы папщӏэ. Дауи щӏыи, дэ ди ныбжьым итхэращ абыкӏэ жэуап нэхъ къызытехуэр – мыгувэ щӏыкӏэ, хэкӏыпӏэу щыӏэхэр къэдгъэсэбэпын хуейщ.

Мэлей Фатӏимэ, «Эльбрус» тхылъ тедзапӏэм и лэжьакӏуэ:

-Лъэпкъым зиужьын щхьэк1э, япэ дыдэу щӏэблэм егупсысын хуейщ. Щӏэблэ гъэса зиӏэрщ япэкӏэ кӏуэтэфыр. Шэч хэлъкъым сабийм тхылъым сабийм гъэсэныгъи щӏэныгъи къызэрыхихым. Сабийм гъэсэныгъэ тэмэм и1эмэ, езы цӏыкӏум и щхьэм къэкӏынущ лъэпкъым зэрыщыщыр, и бзэр ӏурылъын зэрыхуейр. «Адыгэбзэр умыщӏэу хъунукъым», жыпӏэу утекӏиен е хэбгъэзыхьын хуейуэ аракъым. Атӏэ, ар уэ езым зыдэбгъэплъеин хуейщ, щапхъэ ебгъэлъагъуурэ. Адэ-анэм далъагъур ящӏэж сабийхэм.

Арымбэч Айшанур, инженер пщащэщ, Тыркум щопсэу:

-Адыгэ хабзэ жыхуэтӏэм егъэлеяуэ купщӏэшхуэ кӏуэцӏылъщи, ар къыбгурӏуэнри насыпым щыщщ. Псалъэм папщӏэ, адыгэм диӏэщ мыпхуэдэ хабзэжь: адэ-анэм е нэхъыжьхэм укъалъагъуу, цӏыхум уахэту уи сабий бгъэджэгуныр емыкӏуу.  Иджы мы хабзэм и лъабжьэм щӏэплъэгъуэфынум девгъэплъыт: дунейм тетщ цӏыху куэд бын ямыӏэу, ауэ абы ехъуапсэу, апхуэдэуи щыӏэхэщ адэ-анэ зыщхьэщымытыж сабийхэр. Атӏэ мы хабзэри гущӏэгъум къыхэкӏауэ хуэбгъэфащэ хъунущ. Си гугъэмкӏэ, хабзэр псэщ зэрыпхуэхъумэнур. Уи гум адыгагъэ имылъмэ, хабзэ-бзыпхъэ бгъэлъэгъуэну и ужь уихьэми къохъулӏэнукъым. Цӏыхур хамэ лъэпкъ къыхэхутамэ, нэгъуэщӏ хабзэхэр куэдрэ илъагъумэ, хамэбзэр и тхьэкӏумэм итмэ, тыншу абыхэм яхэшэпсыхьыжыфынущ. Ауэ сыт ар къэзыхъумэфынур лъэпкъ щхьэхуэм къыхэкӏа цӏыхуу жыпӏэмэ, ар и куцӏырщ, и лъым хэту зыхищӏэ къарурщ. Ар пхэлъмэ, уи бзэри абы щыхъумащи, къэпщтэжынущ. Япэрауэ, лъэпкъым теухуауэ фӏэщхъуныгъэ уи гум илъын хуейщ: уэ езыр узыщыщыр псом нэхърэ зэрынэхъыфӏыр хьэкъыу ппхыкӏа нэужь, ар къару лъэщ пхуохъу. «Сыт сэ хабзэри бзэри схъумэн щӏыхуейр?» – жыбоӏэри узоупщӏыж. «Ар сысейщи, сегъэдахэри, сегъэлъапӏэри, си щхьэр сегъэӏэтри!».

Щоджэн Берсис, адвокатщ, Тыркум щопсэу:

-Анкара щыӏэ Адыгэ Хасэм сыкӏуауэ, абы «Адыгэбзэ» тхылъ щыслъэгъуати, къэсщэхури, сэр-сэру адыгэбзэкӏэ тхэкӏэ, еджэкӏэ зэзгъэщӏэжауэ щытащ. Пэжщ, дыщыцӏыкӏум анэдэлъхубзэщ унагъуэм дызэрыпсалъэр. Ауэ, еджапӏэм тыркубзэкӏэ дыщагъэпсалъэурэ сӏэщӏэхуа хъуат. Адыгэбзэкӏэ тхауэ сыт къысӏэрыхьэми, абыхэм макъкӏэ седжэурэ, адыгэ уэрэдхэм седаӏуэурэ, сызыхуэзэ адыгэхэм сепсалъэурэ, си адыгэбзэр нэхъыфӏ хъужащ. А зэманхэм Кавказ къафэхэм щыхуагъасэ гуп къыщызэрагъэпэщат Истамбыл. Абыи сыхыхьащ. Сытми, си анэдэлъхубзэм сыкъихъумащ адыгэу.

Дуней псом щикъухьа лъэпкъым зихъумэжыну гугъущ. Хабзэ-бзыпхъэри бзэри къэкӏуэну зэманым хуэбгъэхьэзырын, япэкӏэ уплъэн хуейщ.

(Адыгэ Псалъэ)

Yazarın Diğer Yazıları

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img