Лъэпкъ узыншэм и нэщэнэщ щӏэблэ дахэр, хэлъэт зиӏэ, зи тхыдэм ириплъэж, лъэпкъ ӏуэху зезыхуэ щӏалэгъуалэр. Апхуэдэ щӏалэгъуалэм уагъэгугъэ къэкӏуэну дахэкӏэ, уагъэгушхуэ зэфӏэкӏхэмкӏэ. Нобэ ди лӏыхъужьыр абыкӏэ щапхъэщ. Адыгэ лъэпкъым и шыфэлӏыфэр, и гупсысэкӏэ-дуней тетыкӏэр, и ӏуэхущӏафэхэр тхыдэм къыхигъэбелджылыкӏыурэ, ди зэманым екӏуу кърепх. Абыкӏэ сэбэп мэхъу и щӏэныгъэр, и гурыхуагъэр, езыр зэманым зэрыдекӏур. Нэхъыщхьэжращи, ар адыгэпсэщ. Къунаш Анзор и цӏэр куэдрэ щызэхыдох интернет-напэкӏуэцӏхэм. Иджырей технологиехэм я ӏэмалыр къигъэсэбэпурэ адыгэбзэр хъумэным, абы щӏэблэм я гупэр хуегъэгъэзэным, бзэм и ӏэфӏымрэ и купщӏэмрэ къэгъэнэхуэным епхауэ ӏуэхуфӏхэр елэжь. Ар IT – м йолэжь. Интернетым къыщызэригъэпэщащ «Zedzek» зыфӏища адыгэбзэ псалъалъэр. Яндекс, Google интернет утыкушхуэхэм адыгэбзэр хегъэубыдэными и зэфӏэкӏ хелъхьэ. Анзор и ӏуэхущӏафэхэм теухуауэ упщӏэ зыбжанэ еттащ.
-Анзор, узыхуеджамрэ уи лэжьыгъэмрэ и гугъу къытхуэщӏ.
-Москва авиацэмкӏэ институтым и аэрокосмическэ къудамэм сыщеджащ. Щӏэныгъэ нэхъыщхьэ зэзгъэгъуэта нэужь, IT ӏэнатӏэм сыщылэжьэн щӏэздзащ. Мобильнэ ӏэмэпсымэхэм папщӏэ приложенэхэр зэхызогъэувэ. Абы нэмыщӏ, сытым дежи сыдехьэх бзэхэр джыным, я щэхухэр къэхутэным. «Google Translate» интернет зэдзэкӏакӏуэм хуэдэ адыгэбзэкӏэ зэхэзгъэувэныр куэд щӏауэ си хъуэпсапӏэт.
Илъэситӏ ипэ, бжыгъэхэр зи лъабжьэ егъэджэныгъэм, зэхэщӏыкӏ ӏэрыщӏым я ӏэмалхэр куэд хъуа нэужь, сэ мурад сщӏащ урысыбзэр адыгэбзэм хуэзыгъакӏуэ интернет зэдзэкӏакӏуэ къэзгупсысыну. Иджыри илъэсипщӏ ипэкӏэ, апхуэдэ мурадыр зы цӏыхум хуэгъэзэщӏэну ӏэмал щыӏэтэкъым. Иджырей технологиехэр къэунэхури, зепщытыгъуафӏэ хъуащ а ӏуэхум.
-«Zedzek» ӏуэхум дауэ ухуэкӏуа?
-Япэщӏыкӏэ къэзгъэсэбэпыну тхыгъэхэр зэхуэсхьэсащ. Тхыгъэхэр нейронзэрыхъэм иджыфу езгъэсащ. Пэжым ухуеймэ, къэбгъэсэбэпыну тхыгъэхэм я куэдагъми я фӏагъми елъытащ псалъэхэр зэрызэбдзэкӏым и пэжагъ-фӏагъыр. Нобэм къэс къызэрыдбжымкӏэ, зэхуэтхьэсыну тхузэфӏэкӏащ интернет программэм едгъэдж тхыгъэ мин 350-рэ. Псалъэхэр зэдзэкӏыным, зэдзэкӏа хъуахэм хэплъэжыным теухуа лэжьыгъэм я фӏэфӏыныгъэкӏэ цӏыху куэди къыхыхьащ. ӏуэхум папщӏэ www.zedzek.com. сайт щхьэхуэр къызэзгъэпэщащ. Си гуапэ зэрыхъущи, махуэ къэс а сайтыр цӏыхухэм къагъэсэбэп, куэдым я ӏэдэжщ, яцӏыху. Псалъэхэм я мыхьэнэм еплъым е щӏэныгъэкӏэ загъэунэхужым нэмыщӏ, абы къихьэхэм ӏэмали яӏэщ абдеж щызэхуэхъэсахэм езыхэми халъхьэнӏауэ – псалъэ зэдзэкӏахэм я фӏагъыр къапщытэфынущ, псалъэщӏэхэри иратхэфынущ.
Псалъэхэмрэ тхыгъэхэмкӏэ къулей хъуа нэужь, интернет зэдзэкӏакӏуэр егъэфӏэкӏуауэ къэдгъэщӏэрэщӏэжащ. Къэбэрдейм, Адыгейм щыӏэ къэпсэлъыкӏэхэр зэхэгъэщхьэхукӏауэ къыщыбогъуэт. Урысыбзэр адыгэбзэкӏэ зэбдзэкӏ къудей мыхъуу, иджы адыгэбзэр урысыбзэкӏэ зэбдзэкӏи мэхъу.
-Адыгэбзэ зэдзэкӏакӏуэм нэмыщӏ, нэгъуэщӏ ӏуэхухэми яужь уитщ…
-Солэжь си сайтым щызэхуэсхьэсахэр Яндекс, Google технологие компаниехэм, нэгъуэщӏгуэдзэнхэм хегъэубыдэным, адыгэбзэр абыхэм я зэдзэкӏакӏуэ сервисхэм хэгъэхьэным.
Псалъэхэр зэдзэкӏыным нэмыщӏ, интернет моделхэр нэгъуэщӏ ӏуэху лӏэужьыгъуэхэми хузогъасэ. Апхуэдэщ ChatGPT бзэ моделыр, адыгэбзэм и макъхэр нэгъуэщӏхэм къахэзыцӏыхукӏ икӏи къахэзыгъэбелджылыкӏ программэр, адыгэ ӏуэхум хуэгъэпса сурэтхэр зэхэгъэувэныр, нэгъуэщӏхэри. Лӏэужьыгъуэ зыбжанэу зэщхьэщыкӏ а ӏуэхур зэуӏу сщӏын мурадкӏэ къызэзгъэпэщащ adiga.ai платформэр. Иджырей технологиехэм я ӏэмалхэм я фӏыгъэкӏэ ар сэбэп мэхъу адыгэбзэр, адыгэ щэнхабзэр, ди лъэпкъ тхыдэр хъумэнымкӏэ.
adiga.ai платформэм и япэ проектщ «Нарт» чат- ботыр. «Нарт» сытым теухуаи уепсалъэ мэхъу адыгэбзэкӏэ. Дяпэкӏэ си мурадхэм ящыщщ ар и лъабжьэу узыгъэгъуазэурэ къопсалъэ интернет дэӏэпыкъуэгъу къэзгъэщӏыну. Дэӏэпыкъуэгъур хуэдэнущ Яндексым и «Алисэм».
-Адыгэбзэм нобэ и щытыкӏэр дауэ къыпщыхъурэ?
-Ди жагъуэ зэрыхъущи, нобэ долъагъу дунейм тет бзэ куэдыр, ди адыгэбзэри абы яхэту, зэрыдэхуэхыр. Убыхыбзэм и щхьэ кърикӏуам хуэдэ адыгэбзэм къылъэмыӏэсын папщӏэ, ар тхъумэнымрэ къедгъэлынымрэ хуэныкъуэщ. Иджырей технологиехэм егъэлеяуэ щӏэхыу зэрызаужьым и фӏыгъэкӏэ, бзэр хъумэным теухуауэ щыӏэ ӏэмалхэри нэхъыбэ мэхъу. Нэхъыщхьэжращи, дэ тщыщ дэтхэнэми ӏэмал иӏэщ ӏуэхум хэлъхьэныгъэ хуищӏыну.
Адыгэбзэм теухуауэ сэри нэгъуэщӏхэми тщӏахэм куэд къызэрыхыхьэр, зэрыхэлэжьыхьыр, ар зэрафӏэгъэщӏэгъуэныр щыхьэт тохъуэ адыгэгу-адыгэпсэр, лъэпкъыбзэмрэ ди щэнхабзэмрэ зыхъумэну хуейхэр зэрымымащӏэм. Си фӏэщ мэхъу адыгэбзэр зэрытхуэхъумэнури зэрытхуэгъэлъэщэнури!