Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Псэм къыдэщӏ Джэдмышх Иринэ

Къэбэрдей щӏыналъэр сыт щыгъуи гурыхьу щытащ. Абы и бгылъэхэр, удз гъэгъахэр, псы къыщӏэжхэр зи псэм емыхуэбылӏэ бгъуэтынкъым, мыбы хьэщӏапӏэ къэкӏуарэ ахэр илъэгъуауэ. Ауэ адэжьхэм я хэкужьыр апхуэдизу телъыджэ зыщӏхэм ящыщщ мыбы щыпсэу цӏыхухэр. Теплъэкӏи, хьэлкӏи, зыпэрыт ӏэнатӏэкӏи зэхуэмыдэ защӏэхэу, ауэ адыгагъэр я гъащӏэ гъусэу, адыгэбзэр я анэбзэу, адыгэ хабзэр бзыпхъэ дахащэу къэзылъытэ-къэзыгъэсэбэпхэм уигу якӏэрымыпщӏэныр ӏэмал зимыӏэщ. Си гуапэу псалъэ яхузогъэпс адыгэ лъэпкъым и быну щапхъэ зытепх хъунухэм.

Нобэрей зэманым удекӏуу упсэуныр куэдым пыщӏащ. Зэпыу имыӏэу зызыхъуэж гъащӏэм пкъыфӏэу ухэпсэухьыфынущ гу къабзэ уиӏэмэ, псэм и телъыджагъэр тыгъэу къебгуэшэкӏыфу ущытыфмэ. Тхыгъэр зытеухуа адыгэ бзылъхугъэм и теплъэкӏэ гурыхь закъуэкъым, атӏэ абы и лэжьыгъэкӏэ щапхъэщ. Зэвгъэцӏыху Джэдмышх Иринэ!

 

Джэдмышх Иринэ

Зи дуней тетыкӏэкӏэ, гупсысэкӏэкӏэ, сэбэп цӏыхухэм зэрахуэхъу и лъэныкъуэкӏэ Иринэ къытекӏуэн щыӏэкъым. Ар илъэс куэдкӏэ щӏэпхъаджащӏэ, хабзэм къемызэгъ зылэжьхэм ядэлэжьащ, майор хъуащ, иджыкӏэ психологщ. Джэдмышхым илэжь, кърихьэкӏ ӏуэхугъуэхэр езым и псэ къыдощӏ, ар абы дехьэх, цӏыхухэм ятригъэкӏуадэ зэманым щысхькъым. Ар дэӏэпыкъуэгъу емызэшыжщ, ныбжьэгъу пэжщ.

Юрист ӏэщӏагъэм хуеджэу тӏысыжакъым ар, атӏэ нобэ къыздэсым и щӏэныгъэм хегъахъкэ, психологиер едж, курс зэхуэмыдэхэм хуоджэ, ахэр къеух. Диплому иӏэм фащэ плъыжь щытӏэгъащ-абы щӏэныгъэ ин зэрыбгъэдэлъыр и щыхьэту аращ.

Пэжщ, психологхэр мащӏэкъым, фӏы дыдэу лажьэхэри куэдщ, ауэ Иринэ адрейхэм къахэзыгъэщхьэхукӏ щхьэхуэныгъэхэр иӏэщ. Абы къызэригъэпэщ зэӏущӏэхэм цӏыхухэр зришалӏэ, зригъэцӏыху къудейкъым, атӏэ упщӏэ зиӏэу къэкӏуахэм жэуап ярегъэгъуэт.

«Пщэдджыжьыпэр психологым дэщӏыгъуу» зыфӏища проектыр хуабжьу гъэщӏэгъуэнщ икӏи удэзыхьэхщ. «Сэ езым сызопсэлъэж» проектри куэдыщэм ягу дыхьащ. Джэдмышхым зэпыу имыӏэу къызэрегъэпэщ бгылъэ уэршэрхэр, хамэщӏ зыгъэпсэхупӏэхэр.

Истамбыл ишэурэ цӏыху дапщэм зригъэплъыхьа, сыт хуэдизкӏэ ар абыхэм ядэӏэпыкъуа! Ауэ псом нэхърэ нэхъ гурыхь абы и лэжьыгъэр зыщӏыр-ар адыгэбзэкӏэ куэдым зэрадэлажьэрщ.

Джэдмышх Иринэ

Унагъуэм ехьэлӏа упщӏэхэр, зэщхьэгъусэхэм я зэхущытыкӏэр, сабий гъэсэныгъэр, лэжьыгъэншэу псэуныр, насыпыфӏэу зыкъэлъытэжыныр-куэдым топсэлъыхь и лэжьыгъэкӏэ Иринэ.

Сыт и уасэ-тӏэ, упщӏэ узыгъэгузавэм, зи хэкӏыпӏэ-ухыпӏэ умыщӏэ ӏуэхугъуэм и жэуап пэжым ухуэзышэ псалъэхэр адыгэбзэкӏэ гъэпсауэ къыщыбжаӏэм деж. Гукъеуэ уиӏэу, уи ӏуэху зыгуэркӏэ хуэмыхъуу къэзыщӏа психолог Иринэ жеифынукъым къыбдэмыӏэпыкъуауэ.

Пэжщ, цӏыхуфӏ куэд дунейм тетщ, ауэ Иринэ и адэ-анэм хьэлкӏэ, гъэсэныгъэкӏэ, псэуныгъэкӏэ, акъылкӏэ къыхалъхьар апхуэдизу фӏыгъуэр зэрылъ матэу къызэротӏэтыкӏри, нэз зимыӏэу къыпщохъу. Мызэ-мытӏэу упщӏэкӏэзызыхуэзгъэза психологым пэжыр и гъуазэу къызитащ жэуап.

Чэнджэщ тыныр, цӏыхухэм сэбэп яхуэхъуныр зи гуращэу псэу цӏыхущ ар. Си щхьэкӏэ срогушхуэ, сропагэ Джэдмышх Иринэкӏэ. Сыт-тӏэ и уасэ адыгэ лъэпкъым психолог нэс къыпхэкӏыныр?

Уасэншэщ!

Yazarın Diğer Yazıları

Сыткӏи щапхъэ Шэру Заринэ

Къэбэрдей щӏыналъэр сыт щыгъуи гурыхьу щытащ. Абы и бгылъэхэр, удз гъэгъахэр, псы къыщӏэжхэр зи псэм емыхуэбылӏэ бгъуэтынкъым, мыбы хьэщӏапӏэ къэкӏуарэ ахэр илъэгъуауэ. Ауэ адэжьхэм...

Хэт зауэшхуэм теухуауэ

Махуэ зыбжанэ дэкӏмэ, цӏыхубэм дгъэлъэпӏэнущ Хэку зауэшхуэр зэриухрэ илъэс 80 щрикъу махуэр. Гъэ бжыгъэ ӏэджэ дэкӏащ абы лъандэрэ, къэувыжащ лъэ быдэкӏэ ди Хэкур, жыгышхуэ...

«Афэ джанэм и таурыхъ»

Мы хъыбарыр къэзыlуэтэжар си адэшхуэ Махуэлl Жантемырщ. Ар сэ къызжезыlэжар си адэ Замирщ. Зэман куэд дэкlакъым адыгэ жьэгум пэрыс цlыхухэм я жэщтегъэууэ таурыхъхэр, шыпсэхэр, уэрэдхэр,...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img