Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Сыткӏи щапхъэ Шэру Заринэ

Къэбэрдей щӏыналъэр сыт щыгъуи гурыхьу щытащ. Абы и бгылъэхэр, удз гъэгъахэр, псы къыщӏэжхэр зи псэм емыхуэбылӏэ бгъуэтынкъым, мыбы хьэщӏапӏэ къэкӏуарэ ахэр илъэгъуауэ. Ауэ адэжьхэм я хэкужьыр апхуэдизу телъыджэ зыщӏхэм ящыщщ мыбы щыпсэу цӏыхухэр. Теплъэкӏи, хьэлкӏи, зыпэрыт ӏэнатӏэкӏи зэхуэмыдэ защӏэхэу, ауэ адыгагъэр я гъащӏэ гъусэу, адыгэбзэр я анэбзэу, адыгэ хабзэр бзыпхъэ дахащэу къэзылъытэ-къэзыгъэсэбэпхэм уигу якӏэрымыпщӏэныр ӏэмал зимыӏэщ. Си гуапэу псалъэ яхузогъэпс адыгэ лъэпкъым и быну щапхъэ зытепх хъунухэм.


Шэру Заринэ

Къапщтэмэ, дэтхэнэ адэ-анэри хуейщ и быныр фӏы хуигъэзэну. Щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэкӏэ зи хъуапсапӏэ зыӏэрымыхьа, ар къызэмыхъулӏа цӏыхум унагъуэ игъуэтарэ бын къыщӏэува нэужькӏэ, зэхъуэпсауэ нэхуапӏэ имыщӏыфахэр сабийхэм ядэӏэпыкъуурэ гуэгъу яхуещӏ. Зарини и анэм и щӏалэгъуэм мураду и1ат егъэджакӏуэ хъуну, ауэ гъащӏэр абы нэгъуэщӏ лъэныкъуэкӏэ къыпекӏуэкӏащ. Зэман дэкӏащ, абы и пхъур анэр зыхуея лэжьыгъэм иджыкӏэ иролажьэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Приречнэ къуажэм щыпсэу бынунагъуэ дахэм къыщыхъуа Шэру Заринэ адэ-анэм, шыпхъум, дэлъхуищым зыщӏапӏыкӏар дахагъэщ, зэгурыӏуэныгъэщ, щӏэныгъэщ. Курыт еджапӏэр ехъулӏэныгъэхэр зиӏэу къэзыуха хъыджэбзым зригъэгъуэтащ щӏэныгъэ нэхъыщхьэ. Ар хъуащ егъэджакӏуэ. Пэжщ, занщӏэу тыншу лэжьыгъэр къыщыхъуакъым Заринэ, ауэ гъэхэм, мазэхэм, махуэхэм абы и щӏэныгъэм хигъахъуэурэ, дерсхэм къыщигъэсэбэп ӏэмалхэм зригъэхъуэжурэ, сабийхэм урокми, классым щыщӏэмысхэми ядэлажьэ-ядэӏэпыкъуурэ ар иджыкӏэ гъэсэныгъэмрэ сабий цӏыхубэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымкӏэ директорым и чэнджэщэгъуу Приречнэ курыт еджапӏэм щылажьэ хъуащ.

Шэру Заринэ

Шэрум и лэжьыгъэм фӏыуэ хищӏыкӏ къудейкъым, атӏэ ар зэпыу имыӏэу и щӏэныгъэм хэзыгъахъуэщ, республикэм зи цӏэ фӏыкӏэ щагъэӏу цӏыхущ. Иджыблагъэ Заринэ Москва щыӏащ еджапӏэ унафэщӏхэм я чэнджэщэгъухэм я щӏэныгъэм щыхагъахъуэ зэхыхьэм. Цӏыху 250-м ящыщ Шэрум Москва и егъэджакӏуэ нэхъыфӏхэр, эксперт зэхуэмыдэхэр лекцэхэм къахуеджащ,щӏэ куэд кърагъэщӏащ. Егъэджэныгъэм, гъэсэныгъэм ехьэлӏауэ ӏэмалыщӏэхэм щагъэгъуэзащ ахэр, дяпэкӏэ щӏэдэӏуахэм я лэжьыгъэхэм къыщагъэсэбэпын папщӏэ. Шэрур къытхутепсэлъыхьащ и лэжьыгъэр сыт хуэдэми, «Сабиигъуэм и гъуазэ» (Навигаторы детства») проектми.

Шэру Заринэ

-Гъэсэныгъэмрэ сабий цӏыхубэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымкӏэ директорым и чэнджэщэгъу лэжьыгъэр къызэрагупсысрэ, егъэджэныгъэм ар къызэрыхагъэхьэрэ илъэс зыбжанэ хъуауэ аращ. Мыр лэжьыгъэ мытыншу щыт щхьэкӏэ, хуабжьу удэзыхьэхщ, сабий дунейм ухэзыгъэпсэухьщ, еджакӏуэ цӏыкӏухэм еджапӏэм щагъакӏуэ зэманым щӏэныгъэ зрагъэгъуэтми, гъэсэныгъэ зыхалъхьэми ар нэхъ щӏэщыгъуэ, гурыхь пщызыщӏ ӏэнатӏэщ. Зэш умыщӏэу улэжьэн хуейщ, уи щӏэныгъэ хэбгъахъуэ зэпыту щытыпхъэщ сызыпэрытыр къохъухъулӏэн папщӏэ. Москва си щӏэныгъэм щыхэзгъэхъуа къудейкъым, атӏэ абы къыщыслъэгъуа, дызыхурагъэджамкӏэ сабийхэр нэхъ къызэрыдэсхьэхынум сытелэжьэнущ. Илъэситӏ хъуауэ дызытелажьэ «Сабиигъуэм и гъуазэ» проектым и мурад нэхъыщхьэщ еджакӏуэ цӏыкӏухэм классщӏыб лэжьыгъэкӏэрэ къыдэхьэхыныр, лъэпкъым плӏэкӏэ къуэту къэгъэхъуныр. Хэкум и хъумакӏуэу, адэ-анэм пщӏэ хуащӏу, гъэсэныгъэ тэмэм яхэлъу, щӏэныгъэ куу ябгъэдэлъу къэгъэхъуэным гулъытэ хузощӏ. Къызэрысщыхъумкӏэ, ар къызохъулӏэ, сыту жыпӏэмэ еджакӏуэ цӏыкӏухэм сыт хуэдэ ӏуэхугъуэ къедмыхьэжьэми, сыт дымыщӏэ-дымылэжьми гукъыдэжыр яӏэу хэтщ. Нэхъ гуапэ хъур езы сабийхэм къызбгъэдыхьэурэ щӏэуэ къагупсыса, гупыж ящыхъу лэжьыгъэхэмкӏэ къыщыздэгуашэм дежщ. Апхуэдэ дакъикъэхэм къару къысщӏыхьэу къысщохъу. Си къалэнщ еджапӏэм еджакӏуэхэм гукъыдэж яӏэу къегъэкӏуэлӏэныр.

Илъэс 19 хъуауэ курыт еджапӏэм щылажьэ Шэру Заринэ езыр теплъэкӏэ удэзыхьэхщ, зи псалъэхэр гъэпсащ, макъыбэу зэрылъэлъщ, цӏыху гуапэщ, хьэлэлщ, щӏэныгъэ зыбгъэдэлъщ. Лэжьыгъэм зэманышхуэ тезыгъэкӏуадэ цӏыхубзыр сыткӏи щапхъэщ.

Yazarın Diğer Yazıları

Псэм къыдэщӏ Джэдмышх Иринэ

Къэбэрдей щӏыналъэр сыт щыгъуи гурыхьу щытащ. Абы и бгылъэхэр, удз гъэгъахэр, псы къыщӏэжхэр зи псэм емыхуэбылӏэ бгъуэтынкъым, мыбы хьэщӏапӏэ къэкӏуарэ ахэр илъэгъуауэ. Ауэ адэжьхэм...

Хэт зауэшхуэм теухуауэ

Махуэ зыбжанэ дэкӏмэ, цӏыхубэм дгъэлъэпӏэнущ Хэку зауэшхуэр зэриухрэ илъэс 80 щрикъу махуэр. Гъэ бжыгъэ ӏэджэ дэкӏащ абы лъандэрэ, къэувыжащ лъэ быдэкӏэ ди Хэкур, жыгышхуэ...

«Афэ джанэм и таурыхъ»

Мы хъыбарыр къэзыlуэтэжар си адэшхуэ Махуэлl Жантемырщ. Ар сэ къызжезыlэжар си адэ Замирщ. Зэман куэд дэкlакъым адыгэ жьэгум пэрыс цlыхухэм я жэщтегъэууэ таурыхъхэр, шыпсэхэр, уэрэдхэр,...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

Çeçen judocular

Minik jimnastikçiler

‘Yedi Zirveler’

Avrupa birincisi

- Advertisement -spot_img