Адыгэ лъэпкъым и жьэгу пащхьэм къитэджыкlа дэтхэнэ зы щlалэгъуалэри хабзэ-нэмыскlэ псыхьауэ, здэкlуэм и цlэ фlыкlэ щыжаlэу, щапхъэгъэлъагъуэу щытащ. Блэкlа зэманым иту си псалъэхэр згъэпсами, нобэкlэ зи щапхъэр ин, зэчий дахэ зыбгъэдэлъ щlалэгъуалэр лъэпкъым и напэщ, къэкlуэну гъащlэм и курыхщ. Зы цlыхукlи, зы унагъуэкlи лъэпкъыр зэрызэфlэмыувэр наlуэщ. Фlы пэджэ фlы покlуэ жыхуаlэр аращи, дыщогугъ дэтхэнэ зы дахэ и щlагъ дыщэ щlэлъыну. Цlыхугъэкlэ, хабзэкlэ, уэрэдкlэ къытхуэтыгъэ Уэзрокъуэ Чарим фlыкlэ дызыщыгугъ щlалэгъуалэм ящыщщ.
-Аруан куейм хыхьэ Докъушыкъуей къуажэ къыщалъхуа щlалэщ Уэзрокъуэ Чэрим. Леонидрэ Ритэрэ зэдагъуэта бынхэм я нэхъыщlэр Чэримщ. Хабзэрэ зэгурыlуэрэ куэду щыплъагъу лъапсэм щапlа щlалэщlэм къуажэ курыт еджапlэр къиухащ итlанэ Кавказ Ищхъэрэм Гъуазджэхэмкlэ и институтым и щlэныгъэ щыхигъэхъуащ. А зэманыр уэрэджыlакlуэ щlалэм игу фlыкlэщ къызэригъэкlыжыр.
-Уэрэд жысlэну хуабжьу сфlэфlт. Сыхуейт макъкlэ жыlа хъуа уэрэдхэм цlыхухэм гукъыдэж ябгъэдилъхьэну, гукъеуэ яlэмэ-ар ящигъэгъупщэну. Сызыщlэхъуэпсар къысlэрыхьащ. Нобэкlэ утыку ситми, телевизор, радиокlэ сыкъатми-цlыхухэм сигу илъ хуабагъэм щыщ тыгъэ яхузощl. Студент гъащlэр псыхьат lуэхугъуэ зэмылlэужьыгъуэхэмкlэ, щlэныгъэу сиlэм хэзгхахъуэу ар къесхьэкlащ, пшыхь-зэпеуэ зэмылlэужьыгъуэхэм сыхэтащ. Дэтхэнэ цlыхуми къызжиlа, сигъэлъэгъуа, сызэригъэlущар къэзгъэсэбэп зэрыхъуам сегъэлъапlэ.
-Чэрим, зи гугъу пщlа тыгъэу бгъэlу уэрэдхэмкlэ хэт уи щапхъэ?
-Щапхъэ зытепх хъун цlыху куэд адыгэхэм ди мащlэкъым. Ауэ Нэхущ Чэрим куэдым йофlэкl, йобэкl и уэрэд гъэпсыкlэкlэ, цlыхугъэ хэлъкlэ, дуней тетыкlэкlэ. Си дежкlэ щапхъэ гъэлъагъуэр аращ. Нэхущым и хьэтыркlэщ сэри «Чэрим» цlэр къыщlысфlащар. Абырэ сэрэ ди яку ныбжьэгъугъэ дэлъщ, абыкlэ сропагэ.
-Узэрыпагэ хъун нэгъуэщl зы lуэхугъуэми сыщыгъуазэщ, Чэрим. Илъэс 25-рэ фlэкlа умыхъуауэ уэ Осетие Ищхъэрэм щlыхь зиlэ артист цlэ лъапlэр къыпфlащащ.
-Пэжщ, а цlэ лъапlэр къысхуагъэфэщащ. Ар зи фlыщlэр си закъуэкъым, атlэ си адэ-анэрщ, къыздалъхуахэрщ, сызэрыцlыкlурэ къыздэlэпыкъу, зыкъысщlэзыгъакъуэ, зи чэнджэщкlэ сызыпсыхь, Дунейпсо Артийскэ комитетым и вице-президент, КъБР-м и цlыхубэ усакlуэ, Социалист лэжьыгъэм и лlыхъужь, Горькэм и цlэкlэ РСФСР-м и къэрал саугъэтым и лауреат Бетыгъуэн lэуесщ. Илъэс l2 фlэкlа сымыхъуауэ сызыlэщlэхуа lэуес и зэфlэкlи, и зэмани гуэгъу къысхуищlащ, сэри абы и жыlэм содаlуэ, дызэгъусэу дызэдолажьэ. Лэжьыгъэ зэдэдгъэзэщlам и щапхъэщ жысlэ уэрэдхэр щызэхуэхьэсауэ альбомитl дунейм къызэрытехьар.
-«Псысэ дахэ» альбомым къытхутепсэлъыхь, Чэрим.
-Альбомым ихуа уэрэдхэр куэдым ягу ирихьауэ щытщ, ахэр хэкум, бзэм, анэм, лъагъуныгъэм, хабзэм теухуахэщ. «Псысэ дахэ» уэрэдыр альбомым и курыхщ, фlэщыгъэуи аращ ар къыщlэсщтар. Нобэ цlыхухэр нэхъ зэдаlуэу, абыхэм ягу дыхьауэ щыт уэрэдщ ар. Мыбы нысэгъафlэ уджыр иращl, гуфlэгъуэ lуэхухэм къызэлъэlуурэ щыжысlэщ, фlыгъуэ къызыдэкlуа уэрэдщ.
-Цlыхухэм ягу дыхьауэ, фlыгъуэ къызыдэкlуэ уэрэдхэр хэт сымэ пхуатхрэ?
-Бетыгъуэн Lэуес, Сокъур Ольгэ, Нэхущ Чэрим, Мамий Аслъэн, Факъуэ Ромэ сымэ уэрэдхэр тхынымкlэ, макъамэ абы щlэлъхьэнымкlэ сыкъысщlагъакъуэ.
-Сыт хуэдэ бзэхэмкlэ уи уэрэдхэр бгъэзащlэрэ?
-Уэрэдхэр нэхъыбэу зэрытхар си анэбзэу адыгэбзэрщ. Щlэх-щlэхыурэ къуэш республикэхэм срагъэблагъэу зэрыщытым къыхэкlкlэ урысыбзэкlэ, шэшэныбзэкlэ, тыркубзэкlэ уэрэд жызоlэ.
«Гурыфlыгъуэ», «Псысэ дахэ», «Фызэрыгъэпэж», «Гъащlэ», «Къафэ», «Си лъагъуныгъэ», «Хабзэ» -куэд мэхъу Уэзрокъуэ Чэрим игъэзащlэ уэрэдхэр. Зи ныбжькlэ щlалэу утыку ихьа хъуа Чэрим и дежкlэ насыпу къилъытэхэм ящыщщ республикэм и цlыхубэ артисткэ Сокъур Ольгэ дэщlыгъуу «Еуэ, Джони» уэрэдыр зэрыжиlар. Цlыхуфl, хьэл-щэн дахэ зиlэ, зэпlэзэрыт, куэдым я дежкlэ щапхъэ Уэзрокъуэр утыку щитым деж абы и макъым къыдожьу къуршыбгъэу уафэм щыхуарзэри, бгыжь-къуршыжьхэм къыщепщэ акъужьри. Мыри къыхэгъэщыпхъэщ: илъэс къэсыху Уэзрокъуэ Чэрим зэхуешэс зыхуей зымыгъуэту псэу сабийхэр, абыхэм гуфlэгъуэ пшыхьхэр къахузэрегъэпэщ, тыгъэхэри яхуещl, жьыкlэфэкlэхэр щыпсэу унэм артистхэр дэщlыгъуу дахагъэеджэ ящl.
«Унэм зыщыгъаси хасэм яхыхьэ» жыхуиlэ псалъэжьымкlэ зи гъащlэр псыхьа хъуа Уэзрокъуэ Чэрим фlыгъуэу хэлъыр, дахагъэу бгъэдэлъыр уэрэд жиlэхэмкlэ игъэнаlуэми, абы къежьапlэ хуэхъуар зыщапlа унагъуэрщ, зыгъэса и адэ-анэрщ.