Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Бабырэ и гъыбзэ

Кавказ зауэжьым и гуауэр къызылъыса адыгэхэм нэпсу щӏагъэкӏар зэхэлъэдамэ, дунейр щӏигъэнэнт. Иджыр къыздэсым «Истамбылакӏуэ» гъыбзэр хэт зэхихми, зигу къызэфӏэмынэ бгъуэтынкъым. Игъащӏэм и ӏыхьлыхэр зымылъагъужыну бзылъхугъэм и хьэдагъэу ихьащ. И гуауэ мыухыжыр къызыхэщщ мы гъыбзэжьым щӏэлъ макъамэ гуузымрэ псалъэ нэщхъейхэмрэ. Дунейм адыгэу тетым зэхахащ ар икӏи яцӏыху. Кавказ зауэжьым и гуауэдэх гъыбзи нобэ хъужащ.

Мы тхыгъэмкӏэ фыщызгъэгъуэзэну сыхуейщ а гъыбзэм иӏэ хъыбарым. Дэтхэнэ зы адыгэми ицӏыхун хуейуэ къызолъытэ «Истамбылакӏуэ» гъыбзэжьым иӏэ хъыбарымрэ, ар зыуса бзылъхугъэм и цӏэмрэ.

Зауэжьым хэкӏуэда цӏыху хей мин бжыгъэхэмрэ, Истамбыл гъуэгум гъэпцӏагъэкӏэ трагъэувэу текӏуэда тхьэмыщкӏэхэмрэ я фэеплъу нобэ дунейм щыпсэу дэтхэнэ зы адыгэми сыхуейт яцӏыхуну мы гъыбзэжьыр Бабырэ зэрейр, Бабырэ и гъыбзэкӏи зэреджэу зэрыщытар.

Бабырэ си анэмкӏэ си анэшхуэм и анэщ. Илъэс 16-м и ныбжьыр иту Абыкъу-Хьэблэ (иджы Хъумэрэныжь къуажэкӏэ йоджэ, Къэрэшей-Черкесым хохьэ) Беслъэней Къэрэхъу къишащ. Къэрэхъу япэ щхьэгъусэу иӏам бынибл иӏэу дунейм щехыжым, абы и анэ шыпхъум и пхъур щхьэгъусэу къратыжащ.

Япэрей и щхьэгъусам Къэрэхъу хуиӏэт къуитхурэ пхъуитӏрэ. Зэрыжаӏэжымкӏэ, Къэрэхъу и къуэ нэхъыжьыр Бабырэ и ныбжьт. Икӏи абы щхьэкӏэ и адэм хуэарэзытэкъым, Бабыри фӏыуэ илъагъутэкъым. Мыбдеж къислъхьа сурэтым итщ а щӏалэр Бабырэ бгъэдэсу. Бабыри иужькӏэ бынибл игъуэтыжащ: къуищрэ пхъуиплӏрэ.

Щыс бзылъхугъэр «Истамбылакӏуэ» гъыбзэр зыуса Беслъэней Бабырэщ, и ныбжьыр илъэс 31-32-м итщ; къыбгъэдэсыр — и мылъхукъуэ Тыгъуэнщ; къащхьэщытхэр – (сэмэгумкӏэ щыщӏэдзауэ) Бабырэ ипхъу нэхъыжь Шырэщ; бостей хужь зыщыгъыр Къардэн Цацэщ — Бабырэ и адэ шыпхъущ, Гъукӏэмыхъухэ я нысащ.

Бабырэ Бибэрт къуажэм щыщт, Къардэнхэ япхъут (иджы Елбыргъэн къуажэкӏэ йоджэ, Къэрэшей-Черкесым хохьэ).

1905 гъэм Бабырэ и унагъуэр — и адэ-анэр, и шыпхъуитӏымрэ и дэлъху закъуэмрэ хэкум йокӏыж. И шыпхъухэмрэ и дэлъхумрэ ямышэ-къамышэт. Бабырэ закъуэт унагъуэ исри, и адэм ари здишэну хуейуэ Абыкъу-Хьэблэжь къокӏуэ.

Гъэмахуэ мазэт, мэкъуауэгъуэт. Псори мэкъум щыӏэт. Апхуэдэуи, лӏыжьыр бгым докӏ, мэкъупӏэм и малъхъэр къыщегъуэтри жреӏэ, и пхъур хэкум здыришыну зэрыхуейр. И малъхъэм идэкъым: «Сэ си къуэшхэр къэзгъанэу хэкум сикӏыжынукъым»,- жреӏэ.

Тхьэм ирещӏи, ар зэгупсысар и бын пщыкӏутӏрагъэнт. А лъэхъэнэм Бабырэ бынитху иӏэххэт, япэрей и щхьэгъусэм ейуи бынибл иӏэт. А къомым гугъу емыхьу Истамбыл гъуэгур зэпачми, Тыркум и къум нэщӏыжьым илӏыхьыжынт шхын хуэлӏэ.

Сэ сыхуэарэзыщ си адэшхуэжь Къэрэхъу хэкум зэримыкӏыжамкӏэ. Тхьэм ахърэтым и фӏыпӏэр кърит. Гъыбзэм хэтщ мы псалъэхэр:

Уоор, си адэжь пщӏантӏэм
Шыгур щызэщӏащӏэр,
Ди деж зэрыбыну
Сэ къыскӏэрыщӏауэ, уоой,
Истамбылым дашэ мыгъуэри, уоой.

Мы псалъэхэм къаӏуатэр аращ – зэрыбыну Бабырэ кӏэрыщӏауэ, къызэрагъанэм игъэнэщхъейуэ, игъащӏэкӏэ зэрызэрымылъагъужынур къагурыӏуэу хьэдагъэ ящӏу зэрызэбгъэдэкӏхэращ. Быныр зэрыщыту хэкум икӏыжт япхъу закъуэр къагъэнауэ. Бабырэ и дежкӏэ ар гуауэ дыдэт, гуӏэуи мы гъыбзэр иусат.

Зэман гуэр дэкӏауэ Беслъэнейхэ я ӏыхьлы гуэрхэр Тыркум къикӏыу хьэщӏапӏэ къэкӏуауэ Бабырэ и унагъуэм и хъыбар къыхуахьащ.

Тыркум зэрынэсхэу Бабырэ и дэлъху закъуэ Мырзэбэч уз къоуалӏэри дунейм йохыж, и шыпхъуитӏри тырку пащэхэм яшэ. И анэ-адэр Щамым мэкӏуэж. Къэкӏуа хьэщӏэхэм хъыбар яхуригъэхьыжащ и ӏыхьлыхэм: «Пщыхьэщхьэкӏэ мазэр къыщӏэкӏмэ феплъ, мазэмкӏэ дызэпсэлъэнщ»,- жиӏэри.

Щытхэр — Бабырэ ипхъухэу Шырэ, Ӏэсят сымэщ; щысхэр – (сэмэгумкӏэ щыщӏэдзауэ) Шырэ и щхьэгъусэ Шухьэиб, Бабырэ и къуэ Умар сымэщ.

Си анэшхуэм куэдрэ жиӏэжу зэхэсхащ: «Бабырэ пщыхьэщхьэ хъумэ мазэр къыщӏэкӏмэ пщӏантӏэкум къыдэтӏысхьэти тасышхуэм джэш ириукӏэпщӏу гъыуэ щыст, и гъыбзэри жиӏэу, дэри, сабий къомыр, абы дыкъепщӏэкӏауэ дыпыхьэу дызэхэст».

Бабырэ нэхъыбэу игъейр фӏыуэ илъагъу и дэлъху закъуэ Мырзэбэчт. Абы и къэшэным пӏалъэ къыӏихауэ къуажэм къыдинэри хэкум икӏыжат. Гъыбзэм къыхощ а псалъэхэр:

Истамбыл гъуэгужь мыгъуэр
Уоор, уи нашэкъаши,
Уи къэшэну дахэри
Сэ къысхуэбгъэнаи
Уэр, си Мырзэбэч мыгъуэ…

– жиӏэти, и нэпсхэр къелъэлъэхыу гъыт Бабырэ.
Си анэшхуэм сеупщӏащ: «Апхуэдизу яхуэмейуэ щхьэ икӏыжат хэкум? – жысӏэри. Жэуапу къызитар мыращ: «Лӏыжь угъурсызым Тыркум и мывэхэри дыщэщ жиӏэт. Муслъымэн къэралщ жиӏэти и нэр къыхуикӏт». Аращ Бабырэ и гъыбзэм и хъыбарыр.

Гъыбзэр си анэшхуэм щыжиӏэкӏэ мы псалъэхэмкӏэ къыщӏидзэт:

Кхъухьым и бэракъыр
Жьыбгъэм зэрехьэ,
Ӏэзэлыхьу лъагэм
Тхьэм дызэхуихьыжкӏэ.

Иджырей жыӏэкӏэм хэтыр «адыгэ бэракъыр жьыбгъэм зэрехьэ» жиӏэущ, ауэ а лъэхъэнэм хэтыт зи ӏуэхур адыгэ бэракъыр, псоми я щхьэ я лажьэт, зауэжьым къела тӏэкӏум зыкъащӏэж къудейт. Къыкӏэлъыкӏуэ сатыритӏри иджырей «Истамбылакӏуэ» гъыбзэжьым хэтыххэкъым. Совет лъэхъэнэм Аллыхьым и цӏэр къыхэбгъэщ хъутэкъым, ядэтэкъым. Ар и щхьэусыгъуэуи мы сатырхэр зэрахъуэкӏащ уэрэджыӏакӏуэхэм.

Си тхыгъэм еджэ дэтхэнэми упщӏэ къыхуэуву къыщӏэкӏынщ, щхьэ иджырэ къэс хэӏущӏыӏу фымыщӏарэ мы хъыбарыр жыфӏэу? Икӏи фызахуэщ. Абы и жэуапыр мыращ. Сэ сызэрыцӏыкӏурэ си анэшхуэм сыбгъэдэсащ. Куэдри зэхэсхащ мы гъыбзэр жиӏэу. Згъэщӏагъуэу сеупщӏт уэрэдыр зеймкӏэ, зытепсэлъыхьымкӏэ, езы гъыбзэри сигу ирихьти, селъэӏут къытригъэзэжурэ жиӏэну. Си анэшхуэр абы зэреджэр «Бабырэ и гъыбзэт».

Нэхъ балигъ сыщыхъум зэхэсхащ ди адыгэ радиом къиту. Уэрэджыӏэхэм щыжаӏэкӏэ хэлъ псалъэхэр зэрызэтемыхуэм гу лъыстащ, ущедэӏукӏэ зытепсэлъыхьыр гурымыӏуэгъуэт. Ар сигу къеуэт хуабжьу. Сылъыхъуэу щӏэздзащ мы гъыбзэр зытхыжар, япэу щыжаӏар, жызыӏахэм. Япэ дыдэ 1966 гъэм Хьэбэз къуажэ дэса Даур Р. пшыналъэу игъэӏуу пластинкэм тету Москва къыщыдэкӏащ. Абы иужькӏэ Даур Аслъэн оранжировкэ хуищӏри Гъуэщокъуэ Хъусин игъэзэщӏащ. Ауэ зыщӏыпӏи щызгъуэтакъым мы гъыбзэр зытхыжар е щатхыжа илъэсыр. Къызэрыщӏэкӏамкӏэ, иджырэ къыздэсым мы гъыбзэр цӏыхубэ уэрэдущ псоми зэрацӏыхуар. Ди къуажэм ӏуэрыӏуатэтх дэтамэ, хъыбарыжьхэмрэ уэрэдыжьхэмрэ ятхыжу къыдыхьауэ щытамэ, дауи ятхыжынт мы гъыбзэр. Ауэ апхуэдэхэр къытхуэкӏуагъэнкъым.

Апхуэдэу щӏыжысӏэм зы щхьэусыгъуи иӏэщ. Беслъэнейхэ уэркъхэт. Мылъку яӏэт, псэукӏи яӏэт, а лъэхъэнэм хуэфэщэжу. Сэ жаӏэжу зэхэсхащ Бытырбыху къикӏауэ этнографическэ экспедицэ Кавказым къызэрыкӏуауэ щытар, ди къуажэми къызэрыдыхьар. Абыхэм зэхуахьэст Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я щыӏэкӏэ-псэукӏэр къэзыгъэлъагъуэ хьэпшыпхэр, сурэтхэр трахт. Апхуэдэу къуажэм къыдыхьэти къуажэ старшинэм жраӏэт къыщӏэкӏуари зыхуейхэри. Ахэр яхуейт зэтегъэпсыхьауэ унэ, пщӏантӏэ зиӏэ унагъуэхэр. Апхуэдэу къуажэ старшинэм яригъэлъэгъуащ Беслъэней Къэрэхъу и унэр. Нобэ щыфлъагъунущ Москва дэт этнографическэ музейм щӏэлъу Къэрэхъу и унэмрэ и пщӏантӏэмрэ траха сурэтыр.

Си анэшхуэм къызжиӏэжауэ иджыри зы хъыбар щыӏэщ. Бабырэ ипхъухэм я нэхъыжь дыдэ Шырэ къызэрымыкӏуэу хъыджэбз дахэти, уеблэмэ, къуажэм къыдыхьа сурэтыщӏ гуэрым и сурэтыр ищӏауэ жиӏэжт. Мыхэр къуажэм къыщыдыхьар Урысейм пщыр щытета лъэхъэнэращ.

Сыхуейт нобэрей ди уэрэджыӏэхэм хъыбарым къызэрыхэщым хуэдэу ягъэзэщӏэну, Бабырэ зэриусар псоми яцӏыхуну, а гъыбзэр къызытекӏа хъыбарри зэхахыну.
Сэ къызэрысщыхъумкӏэ, мы «Истамбылакӏуэ» гъыбзэжьыр зытхыжари уэрэджыӏэхэм язытари Тобыл Талустэнщ. Бабырэрэ Талустэнрэ зэдэлъху зэшыпхъум я бынт. Бабырэ и анэмрэ Талустэн и адэмрэ зэшзэшыпхъухэт.

Тобыл Талустэн псоми ящӏэ, ар бзэ щӏэныгъэлӏт, адыгэбзэкӏи абазэбзэкӏи япэ дыдэ грамматикэ зэхэзылъхьахэм яхэтащ. Си анэшхуэм игу къигъэкӏыжт, Тебэрды кӏуауэ къыщыкӏуэжкӏэ Бабырэ илъагъуну къыдыхьэу зэрыщытар.

Талустэн и биографием интернетым абы теухуауэ ущоджэ мыпхуэдэу – “1915 гъэм егъэджакӏуэхэм я конференц Тебэрды щекӏуэкӏам хэтащ Талустэн» жиӏэу.

1937 гъэм екӏуэкӏа зэхэзехуэныгъэхэм хэхуащ, икӏи пцӏы къытралъхьэри ягъэтӏысауэ щытащ. Илъэс бжыгъэкӏэ хьэпсащ, къыщӏэкӏыжри гъащӏэфӏи къигъэщӏэжащ, икӏи ягъэзэхуэжащ.

Талустэн мы гъыбзэжьыр уэрэдыжьхэр зэхуэзыхьэсыжхэм яритащ, ауэ и цӏэр зыщӏыпӏи къыхигъэщакъым, шынэри. Тыркум икӏыжа ӏыхьлы уиӏэщ жаӏэнщи, иджыри зыгуэр къыспалъхьэнщ, жиӏэу игу къэкӏагъэнщ.

Ди уэрэдыжьхэмрэ хъыбарыжьхэмрэ тщӏэн хуейщ. Зи блэкӏар зыщӏэж лъэпкъыр узыншэнущ, къэкӏуэни иӏэнущи, дэтхэнэ зыми зыфхузогъазэ ди блэкӏар тхъумэу, пщӏэ хуэтщӏу дывгъэпсэу.
Си тхыгъэм хэзгъэува сурэтхэр Бабырэ и къуэрылъхухэмрэ пхъурылъхухэмрэ яхъума гъэтӏылъыгъэхэщ. Сурэтхэм итщ Бабырэрэ и бынхэмрэ.

Гъукӏэмыхъу Мадинэ,
Хъумэрэ къуажэ, Къэрэшей район.
24.07.2025гъэ

Yazarın Diğer Yazıları

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img