Къэрэшей-Черкес Республикэм и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ДАХ-м и вице-президент, КъЧР-м и Цӏыхубэ Зэӏущӏэм (Парламентым) и депутат АСЛЪЭНХЭ Алий Фуӏэд и къуэм дыдэуэршэращ Хэкум къэзыгъэзэжахэм я Махуэм — шыщхьэӏум (августым) и 1-м ирихьэлӏэу.
Къэтӏэта упщӏэхэр ятеухуауэ щытащ хэхэсу щытауэ хэкурыс хъужа ди къуэшхэмрэ ди шыпхъухэмрэ я адэжь лъахэр зэрагъуэтыжам, я щыӏэкӏэ-псэукӏэм, къызыхэтӏысхьа жылагъуэм зэрыхэпсэухьым, Адыгэ Хасэр абыхэм зэрапыщӏам, зэрадэӏэпыкъум.
—Хэкум къэзыгъэзэжам и гъащӏэр тынш щӏынымкӏэ, къызыхэхуа жылагъуэм дэгъуэгурыкӏуэу гъэпсынымкӏэ Къэрэшей-Черкесым и Адыгэ Хасэр щӏэгъэкъуэн мэхъу, дэтхэнэ нэрыбгэри и нэӏэ щӏегъэт. Уэ абыхэм уалъогъуазэ зэпыт, я ӏуэху зыӏутым фӏыуэ хыбощӏыкӏри, Алий, хъунумэ газет еджэхэми къадгъэгъащӏэ узипашэ организацэм ӏуэхуфӏу илэжьхэр…
—Япэрауэ, Хэкум къэӏэпхъуэжыну мурад зыщӏа ди лъэпкъэгъухэм, зыщалъхуа къэралым къикӏыу Урысей Федерацэм къихьэну хуит къэзыщӏ дэфтэрхэр къахудэхынымкӏэ тхузэфӏэкӏ къэдмыгъанэу дадэӏэпыкъуащ сыт щыгъуи, ноби сэбэп дахуэхъуну дыхьэзырщ Кавказым къэкӏуэжыну гупыж зиӏэхэм. Ар Хасэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ.
1998 гъэм Косово иращӏэкӏауэ щыта зауэ лыгъейм, ди лъэпкъэгъухэр къыхашу адыгэщӏым къызэрырагъэтӏысхьэжрэ, Хэкум къэзыгъэзэжахэм я Махуэр ди лъэпкъым хэӏэтыкӏауэ егъэлъапӏэ. Япэу зи адэжь лъахэ зрагъэгъуэтыжа цӏыхуи 165-м, Адыгэ Республикэм и унафэкӏэ хуаухуа Махуэхьэблэ къуажэ мыиным дагъэтӏысхьащ. Абы лъандэрэ Хэкум къэзыгъэзэжам и Махуэр зы илъэси дэдмыгъэкӏыу доӏэт.
—Мы гъэм сыт хуэдэ ӏуэхугъуэхэр евгъэкӏуэкӏын фи мурад а махуэм ехьэлӏауэ?
—Адыгэ Хасэми, Щӏалэгъуалэ Хасэми сыт щыгъуи пщэрылъ зыхудощӏ Хэкум къэзыгъэзэжахэм гулъытэ хэха зэрахуэтщӏа хъун ӏэмалыфӏхэр дгъэбелджылыну, щэнхабзэ пшыхьхэр, зэӏущӏэхэр, адыгэ джэгу къызыдогъэпэщ. Ди организацэм и хэщӏапӏэм къыдогъэблагъэри, дабгъэдэсщ, зыгъэпӏейтей ӏуэхугъуэхэм дропсалъэ, апщыгъуэми, зэрыдгъэгуфӏэным, дазэрыщхьэпэным дыпылъщ. Фӏыуэ тщӏэм дытепсэлъыхьыжыныр тэрэзкъым, ауэ дэ зи ужь дитыр ди лъэпкъэгъухэр гуныкъуэгъуэ хэмыту, хуиту, заужьу, жылагъуэм ифӏ дагъэкӏыфу дгъэпсэунращи, хэти ялъагъу дэ абыхэм дазэрыхуэгузавэр, дэтхэнэ зыри къызэрытфӏэӏуэхур, зэи утыку къызэридмынэр.
—Сыт хуэдэ къэралхэра ахэр къыздикӏыжар? Я щхьэ ӏуэху зэрахуэжу, зэрыпсэун къызыхахын яӏэжу щыт?
—Иужьрейуэ къэкӏуэжахэр Щамым (Сирием) къыщыхъуахэращ. Нобэкӏэ ди хэгъуэгум репатрианту щыӏэр цӏыху 32-рэ мэхъу. Зи ӏыхьлы-ӏэулэд кӏэлъежьэу Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгэ Республикэм ӏэпхъуаи къахэкӏащ, ауэ ахэр къызэрыкӏуэжауэ хэкурысщ, я псэупӏэм емылъытауэ. Дэ додэ ахэр ди щӏыналъэм и сыт хуэдэ кӏапэм тесми, нэхъыщхьэр — адыгэм и лъапсэр ягъэбагъуэу, къэралыр ирагъэфӏакӏуэу псэумэ аращ.
—Нэгъуэщӏ къэрал къикӏыжам хьэрыпыбзэ фӏэкӏ имыщӏэу, уеблэмэ и адыгэбзэри мыкуууэ, дауэ зэрыдэкӏуатэр урысыбзэр здытепщэ жылагъуэм?
—Сабий ӏыгъыпӏэхэм, курыт, ищхьэ еджапӏэхэм кӏуэхэм я дежкӏэ урысыбзэр зэгъэщӏэгъуейкъым. Илъэс зытӏущкӏэ йосэ урысыбзэм. Адыгэ къуажэхэм балигъыу яхэтӏысхьауэ псэухэм я гугъу умыщӏыххэ, ахэр бзэныкъуэу щытами, анэдэлъхубзэр дэр нэхърэ нэхъыфӏыжу ягъэбзэрабзэ хъуащ. Къыщыкӏуэжагъащӏэмрэ иджырэ зэплъытмэ, хуабжьу зыхэпщӏэу заужьащ я бзэкӏи, я цӏыху хэтыкӏэкӏи, я псэукӏэкӏи. Абы уримыгуфӏэну щыткъым.
—«Хамэ хэку ущытхъэ нэхърэ – уи хэкужь ущылӏэ» жыхуаӏэращи, дунейм щызэбгрыпхъауэ тет адыгэхэр Хэкум къэшэжыныр гугъу нобэ?
—Мыбыкӏэ къэкӏуэжауэ щыпсэу куэдым яхэтщ зи ӏыхьлы къэзышэжыну пылъхэр. Апхуэдэхэр мащӏэкъым. Дэфтэрхэр зэфӏэгъэкӏыным зэман куэд токӏуадэри, узэрыгугъэм хуэдэу, щӏэх-щӏэхыу псори зэфӏэкӏкъым. Догугъэ репатриантхэм я къэкӏуэжыныр нэхъ псынщӏэ Урысейм тхуищӏыну, къэрал хабзэщӏэхэр къищтэу, щыӏэххэхэм сэбэп хъун зэхъуэкӏыныгъэхэр хилъхьэу. Псалъэм папщӏэ, Урысейм деж адыгэбзэр къэралыбзэхэм хабжэри, хэхэсым анэдэлъхубзэр зэрищӏэ закъуэмкӏэ ар Хэкум лъэпощхьэпоуншэу къихьэж хъууэ ящӏамэ дэгъуэт, урысыбзэр иужькӏэ ӏэмал имыӏэу зэригъэщӏэжыну хуагъэуву.
—Ди хэгъуэгум щыпсэу репатриантхэр зыхуей хуэзэрэ щӏэныгъэ, лэжьыгъэ зэгъэгъуэтынымкӏэ?
—Абыхэм яхэтщ дохутыри, щӏакхъуэгъажьи, адыгэбзэмкӏэ егъэджакӏуи, автомеханики, нэгъуэщӏ ӏэщӏагъэлӏхэри. Адыгэ Хасэм лъэкӏ къигъэнакъым ищхьэ еджапӏэ щӏэтӏысхьэнухэм ядэӏэпыкъунымкӏэ. Еджэну, лэжьэну, жылагъуэм ифӏ зыхэлъ ӏуэху къезыхьэжьэну хуейуэ зыкъытхуэзыгъэзахэм «хьэуэ» щажетӏа къэхъуакъым. Уи лъэпкъэгъу къыбдэӏэпыкъуныр зимыуасэ щыӏэкъым, ар гурыӏуэгъуэщ, ауэ уи къарур зэрыубыда, уи лъэр быдэу ува нэужь, уэри дамэ къыпхуэхъуахэм уащхьэпэжын плъокӏ. Ар щӏыжысӏэр, репатриантхэр къызыхэтӏысхьахэм, дэ фӏы дыдэу къытхэзэгъащи, езыр-езыру хущӏэкъумэ нэхъ къыхах хъуащ я щхьэ ӏуэху дэгъэкӏыжыным, я гъащӏэ лъагъуэ пхышыжыным.
—Алий, уэ адыгэхэр зыщыпсэу къэрал куэдым ущыхьэщӏащ. Хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ цӏыху хэтыкӏэ, псэукӏэ, зэхущытыкӏэ, хьэл-щэн я лъэныкъуэкӏэ зэрызэщхьэщыкӏыу плъагъур сыт?
—Журтейм хыхьэ адыгэ къуажэхэу Кфар-Къамэрэ Рихьэниерэ сыщыщыӏам гу лъыстащ а щӏыпӏэхэр узыфӏэмыкӏыжыну къабзэлъабзэу зэрызэрахьэр, цӏыкӏуи ини адыгэбзэ къабзэр къаӏурылъэлъу зэрыгъэсар. Атӏэ, езы къэралри нэгъэсауэ къапылъщ ди лъэпкъым и бзэр, и щэнхабзэр, и хабзэхэр зэрахьэу псэунымкӏэ.
Тыркум адыгэу исым хуэдиз зыщӏыпӏи щыбгъуэтынукъым, арщхьэкӏэ, жагъуэ зэрыхъущи, хэкурыс адыгэхэм бзэр хъумэнымкӏэ хэкӏыпӏэу диӏэм и зы проценти хэхэсхэм яӏэкъым. Зэрытщӏэщи, Дюздже, Къайсэр университетхэм адыгэбзэм, лъпэкъ щэнхабзэм хурагъаджэ, педагогхэр щагъэхьэзыр. Ауэ, итӏани, ахэр къэзыуххэм дэнэ деж икӏи хэт я щӏэныгъэр къыхуагъэщхьэпэнуми гурыӏуэгъуэкъым. Абыхэм куууэ егупсысыпхъэщ.
—Упсэу, Алий! Шэч хэлъкъым, хэхэсхэм я гурылъ нэхъыщхьэхэр, зэ нэхъ нэмыӏэми, Хэкур зэгъэлъагъуным епхауэ зэрыщытым. Дэри зэи ди гугъэ хэтхкъым зи бгъэм адыгэгу къыщеуэу зызылъытэжхэр, гува-щӏэхами зэрызэтшэлӏэжынум, зы дызэрыхъужынум!
Епсэлъар Лыхь Тимурщ