Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

И псэуныгъэр гурыфlыгъуэт лъэпкъым дежкlэ…

Абазэ Ибрахьим дунейм ехыжащ. Хъыбар гуауэщ. Гум налъэу хэлъымкIэ адыгэ Iуэхум ирисымаджэхэм аргуэру зы яхэщIащ. Езыр къэзылъхужахэм куэд лъандэрэ Тыркур хэкущIэу яIэми, Ибрахьим и лъынтхуэм щызекIуэ адыгэлъыр къеныкъуэкъуащ Хэкужьым къекIуэлIэжыху. Хэкум къыщигъэзэжа илъэс дыдэм адыгэ лъэпкъым я щыгъуэ-щIэж махуэм щыжиIат: «Щыгъуэ махуэр гуфIэгъуэ махуэкIэ тхъуэжыныр Тхьэм къыдигъэхъулIэ. Мазибл хъуащ сэ сыкъызэрыкIуэжыпэрэ, Тхьэм жиIэмэ, сылIэжыхукIэ мыбы сыщыIэжынущ». Хъуащ апхуэдэу. Гугъуехь куэд пыщIат тхылъхэр зэбгъэпэщу уи хэкужь зэбгъэгъуэтыжыным, ауэ и гурылъыр быдэти, и кIэм нэсыху ешакъым икIи IэщIэужэгъуакъым.

«ЩIы зимыIэм, бзэ зимыIэм лъэпкъ иIэкъым, Iэмал щыIэмэ, укъэкIуэжу уи Хэку уисыжын хуейщ», – арат Ибрахьим сытым щыгъуи жиIэр.

2013 и фокIадэм екIуэкIа ЕтIуанэ Дунейпсо Адыгэбзэ ЩIэнIуатэм къыщыпсэлъат Ибрахьими, нэхъыщхьэу къыхигъэщар мырат: «Адыгэу къэнэну хуейм IуэхугъуитI Iэмалыншэу игъэзэщIэн хуейщ: зыр – адыгэбзэр игъэIурыщIэн, етIуанэр – адыгэ хабзр ищIэн, абы тету псэун».

Тыркум къыщалъхуу унагъуэ щыхъужами, езыр хуейти, и быныр адыгэбзэм ирипсалъэ къудей мыхъуу, тхэкIи еджэкIи яригъэщIащ. ХэткIи нэрылъагъу къищIащ бзэр быным Iурылъынуми IэщIыб ищIынуми къыздежьэр унагъуэрауэ зэрыщытыр.

Адыгэ псалъэхэм я пIэ къиува хамэбзэр Iухыжын, адыгэцIэхэр зэхуэхьэсыжын, адыгэ шы лъэпкъыфIхэм я тхыдэр зэфIэгъэувэжын, хэхэс адыгэхэм я тхыгъэ купщIафIэхэр адыгэбзэкIэ зэдзэкIын – лъэныкъуэ куэд мэхъу Абазэ Ибрахьим адыгэ дунейр бей ирищIыжыну зэлIэлIар.

«ХамэщIым ди натIэ щыхъуар» зыфIища тхылъым и пэублэ псалъэм тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Уэз ФатIимэ щитхащ: «Мы тхылъым тхыдэм и пэжымрэ и гуауэмрэ щызэхуэхьэсауэ къызэрыщыгъэлъэгъуам къыдэкIуэу, адыгэ хабзэмрэ IуэрыIуатэмрэ тегъэщIапIэ ищIащи, ди хабзэхэмрэ хьэл-щэнымрэ ирипхъумэну уасэ зимыIэщ».

Тхылъым и япэ напэкIуэцIхэм ущрохьэлIэ мыпхуэдэ зы гупсыси: «Тхыдэтххэм псори ятхыжат, ауэ зауэм кIуэ адыгэ щIалэхэм «емыкIущ» жаIэу кIэлъымыгъыфауэ, ягухэр уIэгъэ хъуауэ къэна хъыджэбзхэм, нысэхэм, анэхэм ягъэвар зэи ятхакъым». Сыт хуэдэ гулъытэ уиIэу, уи лъэпкъым уигу щIэузу ущытын хуей а зыми игу къэмыкIа лъэныкъуэр къэпIэтын папщIэ…

«ХамэщIым ди натIэ щыхъуар» тхылъым зы щапхъэ лъэщ къыщехь Ибрахьим адыгэ хабзэмрэ муслъымэн динымрэ адыгэ цIыхум зэрызэдигъэгъуэгурыкIуэр зыхуэдэр IупщI ищIу: «Мэлэч нанэ нэмэз щищIкIэ къаблэмкIэ зэрызимыгъазэр зыжраIа ефэндым щIалэ цIыкIу къеIуэху, пхэнжу зэрищIыр къыжриIэну.

-А ефэндым фIэхъус схуехыж, – жиIащ нанэм. – Сэри сощIэ нэмэз щысщIкIэ къаблэмкIэ зызгъэзэн зэрыхуейр. Ауэ ди къуажэкхъэр дыгъэмыхъуэмкIэ щыIэщ. Сэ нэмэз щысщIкIэ, кхъэр си щIыбагъым къыдонэ. А кхъэм си адэ-анэр, сипщ-си гуащэр, сыт хуэдиз нэхъыжь щIэлъ. Ахэр псэуху си щIыбагъыр зэи яхуэзгъэзакъым, яхуэфащэ щIыхьри яхуэсщIащ, иджы а емыкIур злэжьу си напэр тесхыжынкъым. Сэ сыадыгэщ, си нэхъыжьхэм пщIэ яхуэсщIыныр си пщэрылъщ. Ислъам фIэщхъуныгъэр къэмыкIуэ ипэ адыгэхэр щыIащ. Ди адэшхуэхэм гъуэгу дагъэлъагъуу, зыми имыкъутэжыфын, цIыху псоми щапхъэ яхуэхъун хабзэ дахэкIей къытхуагъэнащ. Хабзэм емыбакъуэу псэухэмэ, къахуэт щымыIэу адыгэ жыхуаIэжыр ахэращ. Аращ къаблэмкIэ щIэзмыгъазэм и щхьэусыгъуэр. Мыбы къыхэкIкIэ псэкIуэд къэзлэжьмэ, Тхьэм къысхуигъэгъунщ, къысхуимыгъэгъуми, хьэдрыхэ мафIэм сыхисхьэуэ сыпшыныжынкъэ!»

Мыри гулъытэ зыхуэфащэщ: Ибрахьим Тыркум щыпсэуам и зы ныбжьэгъу деж щилъэгъуат адыгэ Iэнэ лъакъуих. А Iэнэр и ныбжьэгъум и адэм хэкум здыришат. Ибрахьим Iэнэр пхъащIэм хуихьри, ещхьу тIу иригъэщIащ. Зыр и пхъум и унэ хурихьащ, адрейр езым хэкум къыздишэжащ. Адыгэ Iэнэ лъакъуихыр зым хамэщI ишащ, адрейм къришэжащ.

МыхъумыщIагъэ, щыщIэныгъэ псори зи псантхуэм ирижэ Ибрахьим хуабжьу и жагъуэт ди сабийхэм хамэцIэхэр зэрыфIащыр. Абы къызэрилъытэмкIэ, лъэпкъым езым къигъэщIыжа цIэхэм нэхърэ нэхъ дахэ щыIэу къилъытэн хуейкъым. Хуэфащэ цIэ къызыхуагъуэтар ин хъумэ, абыкIи къызыхэкIам щыщу къызэтезына нэхъыжьхэм фIыщIэ яхуищIыну къилъытэрт. «АдыгэцIэхэр» тхылъым ихуащ цIэуэ 3. 500. А темэмкIэ щыIэ тхыгъэхэм хэплъэжурэ, Тыркум щыпсэу адыгэхэм фIащхэр зэхуихьэсыжурэ игъэхьэзырат ар Ибрахьим.

«Адыгэ-абазэ шы лъэпкъхэм я тхыдэ напэкІуэцІхэр» тхылъыр Абазэ Ибрахьимрэ Абазэ Албэчрэ зэдатхащ. А тхылъым ущрихьэлIэнущ Ибрахьим и зы усэ:

Адыгэшу си къуэш

Ей, си адыгэ лъэпкъыжьу
Шы емылыджыр къэзыгъэIурыщIа,
Шыр игъэбжьыфIэу зыгъэщIэрэщIа,
Уанэгум щышэсым къахудэплъея.

Теткъым дунейм зы лъэпкъи,
Уэр хуэдэу шыр фIыуэ зылъэгъуа,
И лъагъуныгъэр апхуэдизу куууэ,
Шыр къуэш пэлъытэ зыщIа.

Теткъым дунейм зы лъэпкъи
Шы лIэужьыгъуэу щэрэ плIыщIрэ къэзыгъэхъуа,
И шы лъагъуныгъэр апхуэдизу куууэ,
НэхъыфIыр къэдыгъуныр зыхуэзыгъэфэща.

Еджэм игъэщIэгъуэн куэд щызэхуэхьэсащ мы тхылъым: адыгэшым и тхыдэмрэ шым ехьэлIа Iуэхугъуэхэмрэ, адыгэм шы тесыкIэу яIар, гъуэгу техьа шум къыдэгъуэгурыкIуа хабзэхэр, шу джэгукIэхэр, КъурIэныр шым зэрытепсэлъыхьыр, археологхэм шым теухуауэ ятхыжахэр, адыгэшхэм ябгъэдэлъ щхьэхуэныгъэхэр, унагъуэцIэ зезыхьэ шыхэр, адыгэшхэр Тыркум зэрахуар, нэгъуэщI куэди.
Адыгэ лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуауэ зыри игъэкIуэдынутэкъым Ибрахьим: тхыдэр, хабзэр, нэщэнэхэр, хъыбархэр, зэхущытыкIэхэр … И гуащIэ хилъхьэт IэщIыб хъуар лъэпкъым къригъэщIэжыным, щыIэр хъума хъуным. Апхуэдэ гурылъщ «Адыгэ псэукIэмрэ и хабзэмрэ» тхылъыр игъэхьэзырыныр къызыхэкIар. ТыркубзэкIэ тхар зэридзэкIри къыдэкIынми хуигъэхьэзырыжат. ТыркубзэкIэ зытха Жэбагъы Баж (Зэкерия Зихьни), езым зэрыжиIэмкIэ, къиIуэтар илъэгъуамрэ зэхихамрэщ. Ибрахьим зэридзэкIам пэублэ псалъэ хуитхащ Абазэ Албэч. Абы жеIэ: «…Хьэтитхэм я деж къыщегъэжьауэ ХХ-нэ лIэщIыгъуэм и япэ илъэсипщI, тIощI гъэхэм къэсыхункIэ адыгэм ди блэкIамрэ ди хабзэмрэ теухуауэ нэхъ кууэ гъуазэ зэзыгъэгъуэтыну хуей дэтхэнэ зыми щхьэкIэ мы тхылъыр икъукIэ щхьэпэнущ». Дауи, а щхьэпагъыращ Ибрахьим ар зэридзэкIыу хэкум кърихьэжыну езыгъэхъуэпсар.

Мис апхуэдэу дахагъэу щыIэмкIэ фIыщэу илъагъу и лъэпкъым хуэхъуапсэу къэгъуэгурыкIуащ Абазэ Ибрахьим. Ещхь хъунухэр куэду Тхьэм къыдит. Езыр здэкIуэжа дунейр нэхъыфIу Тхьэм жиIэ.

Сигу къоуэ къызэрытхэмытыжынур.

Yazarın Diğer Yazıları

Адыгэбзэм и сурэтщ адыгэ анэр

Къалэм lэпхъуэжа ди къуажэгъу унагъуэм, адэжь лъапсэри хэдгъэкlуэдэжынкъым, жаlэри, зэманым екlу унэ щаухуат. Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм къэкlуэжурэ хадэм илэжьыхьхэрт, унэр зэрахьэрт. Апхуэдэу щыщыткlэ, зэрыlэбэн lэмэпсымэ,...

Урыс тхакIуэшхуэ Иван Тургенев и усэ хужьхэм щыщ…

ЛэжьакIуэмрэ Iэпэзадэмрэ ЛэжьакIуэм: УкъыщIытхэпщхьэр сыт? Сыт узыхуейр? Уэ удыдейкъым… Зегъэхь адэ! Iэпэзадмр: Сэ фэ сыфщыщщ, къуэшхэ! ЛэжьакIуэм: Арати къэнэжар! Дыдейщ! Абы къигупсысар! Уэ къеплъ мы сиIэхэм. Плъагъурэ...

Урыс тхакIуэшхуэ Лев Толстой и псалъэ Iущхэр

*ЦIыхум тыншу ущыдэпсэуфынур езым нэхърэ уэ унэхъ лъагэу е уэр нэхърэ езыр нэхъ лъагэу къыщыпщымыхъур аращ. *ЦIыхухэм я тхьэмыщкIагъэу хъуар къызыхэкIыр ящIапхъэр зэрамыщIар аракъым, атIэ...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img