ПСАЛЪЭЗЭБЛЭДЗ

0
1001

Псалъэзэблэдзым хуэгъэза упщIэхэм я жэуап пэжыр jinepsgazetesi@gmail.com хэщIапIэм япэ къезыгъэхьым, Адэжэ Айча Атчы и “Kağıttan Gemiler” (“ТхылъымпIэ кхъухьхэр”) зи фIэщыгъэ тхылъыр, тхакIуэм и Iэ щIэдзыжауэ, тыгъэу хуедгъэхьынущ.

 

ЕкIуэкIыу: 2. Унагъуэ псэущхьэ щхьэзыфIэфI. 3. Дунейр … 5. Пасэрей зауэлI джанэ. 6. Китайм щекIуэкIа дунейпсо Олимп зэхьэзэхуэхэм я чемпион, ди республикэм спортымкIэ и министр. 8. ИлъэсыщIэм зи уахътыр къагъэс хабзэ джэдкъаз. 10. … и щIагъ нанэ щыIэкъым (псалъэжь). 12. А унэцIэр зэрахьэ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым и унафэщIу щытам, «Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист» цIэр зезыхьэ джэгуакIуэм,
уэрэдусым. 14. Адыгэ композитор цIэрыIуэ. 16. Мейкъуапэ зи къалащхьэ республикэ. 18. Яшин Лев, Ещтрэч Владимир сымэ щыджэгуа футбол командэ. 20. БгитI зэхуаку. 22. Адыгэ таурыхъхэм узыщрихьэлIэ шы лъэрызехьэ. 23. Адыгэ бзылъхугъэ уэрэджыIакIуэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артисткэ. 24. Зеиншэ. 28. Шортэн Аскэрбий и пьесэ « … къэзышэхэмрэ». 29. ЦIыхубз … хущанэ (псалъэжь). 33. «Iуащхьэмахуэ» журналым и лэжьакIуэу щыта адыгэ усакIуэ. 34. Адыгэш къабзэ. 35. Ажалыр … нэхърэ нэхъ благъэщ (псалъэжь). 36. Дэлъхум и щхьэгъусэ. 39. «Iуащхьэмахуэ» журналым и редактор нэхъыщхьэу лэжьа, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ. 41. Ефэндыхэм зэрахьэу щыта щыгъын щIыIутелъ. 43. Совет Союзым и ЛIыхъужь Яхэгуауэ Михаил, культурэм, литературэм я лэжьакIуэ цIэрыIуэхэу Сонэ Мухьэрбий, КъардэнгъущI Зырамыку, Акъсырэ Залымхъан, Болэ Мурат, Мысостышхуэ Пщызэбий, Мысачэ Пётр сымэ къыщалъхуа къуажэ. 45. Хьэпщхупщ шынагъуэ.

Къехыу: 1. « … хуэфащэт» – МафIэдз Сэрэбий и роман. 3. Фадэм ебгъэлейуэ уефэмэ, апхуэдэу уохъу. 4. Шым и … макъ шэщым къыщIэIукIащ. 5. КIыщокъуэ Алим и поэмэ. 7. Къэрал псом къыщацIыху адыгэ уэрэджыIакIуэ, Урысей Федерацэм и цIыхубэ артист. 9. КIуэ пэтми бжьиз зымыкIу (къуажэхь). 11. … цIыкIу бжьакъуэшхуэ. 13. Адыгэ лъэпкъ кIуэдыжа. 15. Пщэ гъум. 17. «И анэ … ипхъу къашэ, адыгэ псалъэжь, фыз къыщытшэм утщогъупщэж» – Пщынокъуэ БетIалрэ Журт Бибердрэ яуса, Къуныжь Хьэждал игъэзащIэ уэрэд цIэрыIуэм щыщщ. 19. Адыгэ щIыналъэр къэралыгъуэ лъэщ щIыным ерыщу и ужь ита адыгэ пщышхуэ. 21. Пщым и лъапсэм щыIуэхутхьэбзащIэ. 25. Уэшх, уэс зыщIэт жьапщэ ин. 26. Налохэ Ахьмэдхъанрэ Зауррэ зи Iуфэ къыщыхъуа псыежэх. 27. «Нобэ хуэдэу адыгэкъуэр … пхылъэту щытыгъакъым» – ЩоджэнцIыкIу Алий и «Къамботрэ Лацэрэ» романым и пэщIэдзэ. 28. Дзэлыкъуэ куейм хиубыдэ къуажэ. 30. А цIэр зэрахьэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гимныр зытха композитор цIэрыIуэм, ди республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэу щыта усакIуэм, Шумахуэ ХьэзрэIил игъэзащIэ «Уэрэ сэрэ» уэрэд цIэрыIуэм и псалъэхэр зытхам. 31. Зэпымыууэ уэс зытелъ бгы. 32. Пасэрей зэрыпыджэ Iэщэ. 37. Аргъуей зэзрэ … кхъуейрэ. 38. Адыгэ художник щэджащэ, игъуэ нэмысу дунейм ехыжа … Мухьэмэд. 40. Бжьыхьэсэ къэкIыгъэ. 42. Адыгэ композитор цIэрыIуэ. 44. … гъущэрылърэ фыз игъэплъа лIырэ (псалъэжь).

***

Номэр 7 2020 Дыгъэгъазэ мазэм къыдэкIыгъуэм тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр

ЕкIуэкIыу: 4. ПщыIэ. 7. ПкIауэ. 10. УнэIут. 11. Хьэкъущыкъу. 13. Кургъуокъуэ. 14. Ныбаблэ. 15. Бланэ. 16. Хьэбэз. 17. Пхъужь. 18. Гуащэнэ. 21. Дамыгъэ. 24. Гъуджэ. 25. Берычэт. 26. Ибэ. 27. Анэмэт. 29. Псыкуэд. 30. Бгы. 31. Гурышэ. 34. Пщыпхъу. 39. Хъуэрыбзэ. 40. ХъунгъалIэ. 41. Жанхъуэт. 42. Хэхэс. 44. «ЛъыщIэж». 45. Хьэнцэ.

Къехыу: 1. Пэу. 2. Пхъэлъантхъуэ. 3. Тет. 5. Щхьэпс. 6. Iэщхьэл. 8. Кıэгъуасэ. 9. Уэкъулэ. 12. Къунан. 13. Куэсэ. 19. Арджэн. 20. Набдзэ. 22. Алътес. 23. Гъыбзэ. 28. «Бгырысхэр». 32. Редадэ. 33. Шыхъуэ. 35. Щхьэж. 36. Пхъуантэ. 37. Къанлы. 38. Бжьэхуц. 42. Хэку. 43. Сэхъу.

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz