Ди бзэр адыгэбзэщ, анэм къыддилъхуащ. Дэтхэнэ лъэпкъ къыхэкIами и къалэнщ езым и лъэпкъ хабзэр, щэнхабзэр, и бзэр ихъумэжыну. Дэри абы дытетщ. ДиIэщ адыгэ хабзэр. Адыгэ хабзэм и лъапсэр адыгагъэращ. Iэдэбыр, цIыхугъэр, нэмысыр, укIытэр, напэр… А фIыгъуэ псори къытхуэзыгъэщIа, тхуэзыхъума ди нэхъыжьыфIхэм фIыщIэшхуэ яхудощI.
Ди бзэр хъумэнымкIэ, зегъэужьынымкIэ лэжьыгъэшхуэ ягуэщIауэ зи цIэр дыщэпскIэ ди тхыдэм хатхахэм ящыщщ ПащIэ Бэчмырзэ, ЩоджэнцIыкIу Алий, Нэгумэ Шорэ, нэгъуэщI куэди. Адыгэ литературэм деж абыхэм зэщIагъэна мафIэр ди гум йопсэ, ди псэр егъэхуабэ. Ноби а мафIэр ужьыхкъым. ЩIэблэм ар нэхъри зэщIагъаплъэ. Ди гуапэ хъуащ Бемырзэ Зураб, Абидокъуэ Люсанэ, Чэнджэщауэ Артур сымэ литературэм хуэгъэзауэ я ехъулIэныгъэхэр… Бзэ тIэщIэкIыр къэзубыдыжыну зыхузэфIэкIхэм ящыщщи, Тхьэшхуэм иригъэфIакIуэ, я псалъэр нэгъуэщI лъэпкъхэми нахьэсу, адыгэм ди цIэр фIыкIэ ягъэIуу!
Адыгэбзэр мы дуней псом ныбжьышхуэ зиIэ бзэхэм зэращыщым и щыхьэтщ США-м и конгрессым и библиотекэм ныбжьышхуэ зиIэ лъэпкъыу къагъэлъэгъуа 32-м япэ сатырхэм адыгэр зэрыхэтыр!
«НэгъуэщI лъэпкъым и бзэр илъэситI-щыкIэ зэзгъэцIыхуфынущ, ауэ си бзэр сыпсэухукIэ зэзгъэщIэн хуейщ» жиIэгъащ венгр еджагъэшхуэ Месарош. Мис а псалъэ пэжхэм адыгэхэри дытетыпхъэщ, дгъэзэщIапхъэщ.
Дэтхэнэ зы цIыхуми и бзэр ищIэжын хуейщ. Аращ адыгэ литерату-рэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ ЩоджэнцIыкIу Алий «Зи бзэр зымыдж адыгэ сабий щыIэн хуейкъым», – жэуэ щIитхыгъар.
Ди еджапIэр къапщтэмэ, апхуэдэ гуныкъуэгъуэ диIэкъым. Щапхъэ къэсхьынщи, е 5-6-нэ классхэм еджакIуэ цIыкIуитI хэсщ, пэщIэдзэ классхэм бзэр щамыджауэ. Арами (Куэбл Саидэрэ Тохъутэмыщхэ Даянэрэ) фIы дыдэу пылъщ а Iуэхум. Дистанционнэу дыщеджэми, Даянэ и лэжьыгъэхэр псом япэ дыхъунукъымкърегъэхь, литературэмкIи апхуэдэщ.
КъинэмыщIауэ, лъэпкъыбзэр хъумэным хуэгъэзауэ Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр еджапIэм щыдогъэкIуэкI зэпыт. Апхуэдэ зыуэ, лъэпкъыбзэхэм я Махуэм хуэкIуэу «Бзэрабзэ, си адыгэбзэ» зэпеуэр едгъэкIуэкIащ. Абдеж гухэхъуэу усэ къыщеджащ Хьэжмусэ Айнэ, Алътэдокъуэхэ Имран, Iэсидэ, Утемыщхэ Миланэ, Амалие, АйкIэпщ Элинэ, Къэбэрдей Iэдэм, Къардэн Идар, Ашыбокъуэ Данэ сымэ.
Мы еджакIуэхэр «Родные языки России» Урысейпсо акцэми хэтащ, сертификатхэмрэ медалхэмрэ къыхурагъэхьыжащ.
Шпет Густав жиIэгъащ: «Бзэращ лъэпкъым и псэр зыхэлъыр. Абыхэм я бзэр я псэщ, я псэр – я бзэщ»…
Уахуозэ адыгэ куэдым урысыбзэкIэ мыхъумэ зэмыпсалъэу. Ар ди жагъуэ мыхъуу къанэкъым.
Исландие къэралыгъуэм унафэ щхьэхуэ къыщахьащ хамэбзэхэм къыхэкIа псалъэхэр я бзэм хамыгъыхьэну. А унафэм щIэтурэ, мы зэманым Исландием я бзэр дунейм щынэхъ къабзэ дыдэу къызэтенауэ къалъытэ. Мыбы дэри дегупсы-сыпхъэщ.
Ди лъэпкъым и анэбзэр – адыгэбзэр мыкIуэдыжыным теухуащ адыгэм, адыгэбзэм зи гур хуэузу псэуа усакIуэ щэджащэ Бемырзэ Мухьэдин и тхыгъэхэр. ИкIи зэпеуэхэм, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэм абы и цIэр куэдрэ къыдоIуэ:
«ЗэгъащIэ: зи бзэр зыфIэкIуэдым
И анэр хуэдэщ фIэкIуэдам».
Мы дунейм анэм нэхъ лъапIэ щыIэкъым. Бзэр анэм зэрепхар, ар зэрыналъкъутналмэсыр зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым.
ТекIуэныгъэм и Илъэс 75-м теу-хуауэ усэ къеджэнымкIэ онлайн-зэпеуэм дыхэтащ. Ашыбокъуэ Данэ (Бемырзэ М. и усэ «Зауэм теухуа балладэ»), Утемыщ Амалие (Къэгъырмэс Б. «ЗауэлIым и псылъэ»), Алътэдокъуэ Iэсидэ (Жантемыр М. «Уахътыншэ полк»), Утемыщ Ми-ланэ (Гъуэщокъуэ Хъу. «ТекIуэныгъэм и махуэ»), Къанкъуэш Даринэ сымэ гум хыхьэу, къеджащ. Москва къалэм къикIыу, фIыщIэ тхылъхэр къаIэрыхьэжащ.
«Зыуэ щыт Урысей» партым и хэгъуэгу къудамэм и лIыкIуэхэр ди гъусэу «ТекIуэныгъэм и Махуэ» диктантыр ттхащ. Ар нэхъыфIу зыхузэфIэкIа нэрыбгибгъум фIыщIэ тхылъхэр къратыжащ…
ЕгъэджакIуэри адэ-анэхэри апхуэдэ Iуэхум дыщымыгуфIыкIыу къанэкъым. Сэ къызбгъэдэкIыу, анэ-адэ куэдым фIыщIэ яхузощI сабийр егъэджэнымкIэ, гъэсэныгъэ нэс хэлъынымкIэ дэIэпыкъуэгъу къызэрытхуэхъумкIэ.
Къапщтэмэ, Эрсакон еджапIэм и цIэр фIыкIэ жрагъыIэ еджакIуэ куэдым. Ди еджапIэм щIэдгъэкIауэ, Москва, Ставрополь, Мейкъуапэ ищхьэ еджапIэхэр къыщаухри, а къалэхэм къагъэнэжауэ щылажьэр куэдщ. Сыт хуэдэу адыгэбзэр ягъэшэрыуэрэ абыхэм: Къадыр Александрэ, Дыщ Залинэ, Чырбыж Альбинэ, нэгъуэщIхэми.
Къэбэрдей Алинэ-щэ! Дапщэрэ район, республикэ зэпеуэхэм, олимпиадэхэм япэ увыпIэхэр къыщихьу щыта абы! Газетми, телевиденэми мызэ-мытIэу къыщагъэлъэгъуащ. Хуабжьу гу къабзэ, адыгэпсэ зиIэщ.
Апхуэдэщ Ашыбокъуэхэ Дианэ (иджыпсту Ставрополь дэт медицинэмкIэ институтым щоджэ), Динэ, Данэ сымэ. Мы пщащэхэми адыгэбзэр фIыуэ ялъагъуу, сыт хуэдэ Iуэхугъуэми жыджэру хэту щытащ. Ар зимыуасэ щыIэ?!..
Адыгэ хабзэр, адыгэбзэр фIыгъуэу щыIэм я лъабжьэщ. Псалъэ Iущ, шэрыуэ куэд диIэщ нэмысым, хабзэм, бзэм, акъылым теухуауэ. «Бзэ зимыIэж лъэпкъыр лъэпкъыжкъым» жыхуиIэри абы щыщщ.
ЩIыхь зиIэ ди егъэджакIуэфIхэр, фIы куэдкIэ дызыщыгугъ ди еджакIуэхэр щыдиIэкIэ, ди фIэщ мэхъу адыгэбзэр дунейм зэрыщыIунур. Адыгэ лъэпкъыр Тхьэм иригъэфIакIуэ! Бзэншэ, лъэпкъыншэ дыхъунукъым. Догугъэ ди бзэ дахэу пшынэбзэу гур зэщIэзыIэтэр нэхъри нэхъ лъэщу дунейм куэдрэ тетыну! Бзэр мыкIуэдмэ, лъэпкъри псэунщ!
Нартбийхэ Хужьэ,
Эрсакон къуажэ еджапIэм адыгэбзэмкIэ и егъэджакIуэ,
егъэджэныгъэм и отличник, ищхьэ IэщIагъэ нагъыщэ зиIэ