Бзэкупсэ

0
1392

Къэбэрдей-Балъкъэрым адыгэбзэкlэ щылажьэ журналистхэм я КЛУБ-р зы илъэс хъуауэ зэхэтщ. Онлайн щlыкlэм иту зэпсалъэ, зэчэнджэщ, зэдэлажьэ мы гуп дахэр иджы япэу зэхуэсащ. «PRADA» шхапlэм гуапэу драгъэблагъэри, зэпсэлъэныгъэ купщlафlи щекlуэкlащ.

«Бзэкупсэ» клубым и жэрдэмщlакlуэ, къызэгъэпэщакlуэ Къаныкъуэ Заринэ  и гурылъ нэхъыщхьэмрэ клубым и къалэн пажэу щытынухэмкlэ и лэжьэгъу нэхъыщlэхэм къыддэгуэша нэужь, дэтхэнэми езыхэм я еплъыкlэмрэ къыхалъхьэну я мурадхэмрэ тепсэлъыхьащ.

Къапщтэмэ, зэхуэса гупым ди мурад нэхъыщхьэр адыгэбзэ къабзэкlэ, шэрыуэкlэ дылэжьэнырщ. Телевиденэм, газетым, радиом щылажьэ журналистхэр зэпыщlауэ зэдэлажьэмэ, зэкъуэту lуэху къыздрахьэжьэмэ, зэгурыlуэу ар ирагъэкlуэкlыфмэ – ар къалэнышхуэщ, щхьэпагъ зыпылъщ. Къищынэмыщlауэ, телевиденэм щытлъагъури, радиом щызэхэтхри, газетым дыкъыщеджэри бзэ дахэу, къабзэу, зижь къытщlиху урысыбзэм хэт псалъафэхэмрэ терминхэмрэ адыгэбзэ шэрыуэкlэ жытlэфмэ, фlы куэд къыпэкlуэнущ.

Апхуэдэ мурадхэр зэдгъэхъулlэн папщlэ бзэм ирилажьэ lщэlагъэлlхэмрэ щlэныгъэлlхэмрэ къедгъэблагъэурэ я чэнджэщ дыщlэдэlунущ, проект гъэщlэгъуэнхэм яужь дихьэнущ, дэтхэнэми ди щlэныгъэ, зэфlэкl хэтлъхьэнущ!

Клубым и япэ лъэбакъуэхэр тчы къудейщ. Мурадхэмрэ гупсысэхэмрэ куэдщ, пашэ lущ диlэщ… Къэнэжыр дызэдэлэжьэн хуейуэ аращ. Мис абы Заринэ дызэрытригъэгушхуэм щхьэкlэ фlыщlэ ин хуэфащэщ! (Адыгэ псалъэ)

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz