Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Хъуэхъу! Зы тхьэлъэlу щlыкlэщ!

Мы псалъэр куэду зыдохIэр. «Дехъуэхъуну дахокIуэр», «Дехъуэхъуащ» жаIэу, ди бзэм хэтыжщ. Хъуэхъум, лъэхъэнэми, лэжьыгъэми, щIыпIэми, псэуныгъэми дыщыхозэ.

Гъэр щызыхэкIым щыщIэдзауэ, вэгъуэм, жылэ (гъавэ) щыхапхъэм, къыщыхахыжым, щаIуэм, щакIыщтэм, щыщIакIутэжым, хьажыгъэм хэщIыкIа щхыныгъуэр Iэнэм щынэсам; Iэнэ пэрысыгъуэм, щыпырыкIыжым «хъуэхъу»р псалъэу зырахьэр.

Гуфэгъуэхэм; дауэдапщэм, хьагъуэлIыгъуэм, нысэм, нысашэм, быным, гущэм, лъэ теувэм, хъугъэ тIыгъуэм хуэдэ куэдым «хъуэхъу» хуаIэтыр.

Зауэм, узIеим, сымэджагъэм, зыIуэтэжам, бэгъуэным, уэгъум къелыным, цIыхубэ Iуэхугъэм, хуэдэхэм хъуэхъу зыдохьэр…

Сыт «хъуэхъу»м къикIыр? Дэнэ мы псалэм и къежьапIэр?

Мы «хуъэхъу» псалъэр къэIуэтэн папщIэ; Ижьижьыжь фэщхъуныгъэм хэплъэн хуеищ. «ды»р, «щы»р, «ра»р, «хъу»р, къэзгъэкIыр, къэзгъэ«хъу»р, лъэщыр, къару зиIэр, къэзгъэщIыр тщIэн хуеищ. Тыхь зыхуащIыу, Тхьэу ялъыта «ды»м, «дыгъэ»м еплъын хуеищ. Дыгъэм «хъу»гъэ, Мазэм «бзы»гъэ хуагъэфащэу зэрыщытыр тщIэн хуеищ. Дыгъэм и теплъэм, и щытыкIэм, къытыраха «хъу ра eи», «хъуреи» псалъэми къызэрыхэщыр хэтлагъуэфын хуеищ..

«Хъуэхъу»р зы ТхьэлъэIу щIыкIэщ.

Хэт зэлъэIур? «Хъу»гъэ зыхэлъ Тхьэу я лъытаращ.

СыткIэ щIелъэIур? ЦIыхум, ЦIыхугъэм щхьэпэ хъун, фIэфI хъун, къэкIыгъэр бэв хъун, зэгъ хъун, узыншэ хъун, гурыфIыгъуэ хуэхъунхэмкIэ зыхуеихэр къе«хъу»лIэну, къыригъэ«хъу»лIэну мэлъаIуэр.

И кIэщIыпIэкIэ жытIэмэ; «Хъу»гъэ зыхэлъу я лъыта Тхьэм, зыхуеихэр къыхуигъэ«хъу»ну, йо«хъуэхъу», мэ«хъуахъуэ»р, мэлъаIуэр цIыхур…

Зы тхьэлъэlу щlыкlэу…

Yazarın Diğer Yazıları

Ди бзэм хэтлъагъуэ «Хьэ»хэр!

«Уэ Хьей»! Илъэс щӏэныкъуэм (50) фэкӏащ, Анкара къалэм сыщеджэу, зыгъэпсэхугъуэм хуэзэу, ди къуажэ Бэшкъэзакъхьэблэ сыкӏуэжыну, анэщ къуажэ Аслъэнхьэблэ сыдэхащ. Си анэ шыпхъу Сабиха слъагъуну, я...

«Псы»ра псэр?

Псыр зы пкъыгъуэщ, пкъыгъуэ цӏэщ. Ущызыкӏэщӏэплъ ткӏуаткӏуэщ. Псэр къызыхэкӏщ. Арыншэу, псыншэу псэ щымыӏэщ. Псырэ псэрэ, сыт щыгъуи зэгъусэщ. Псыр зы пкъыгъуэу, псэм и щӏэдзапӏэщ. Псэ...

Адыгэ фащэм хухэха махуэу!

Лъэпкъыу хъуам, цӏыхухэм, зы щыгъын щатӏэгъауэ ящыгъщ. Ауэ хухэха махуэ «махуэщӏ»хэм лъэпкъ теплъэр зыгъэлъагъуэ зы щыгъынкӏэ захуапэхэ. Мис абы хуэдэу илъэс 25 ипэ (гъэ 2000)...

Sosyal Medyalarımız

9,251BeğenenlerBeğen
2,745TakipçilerTakip Et
4,012TakipçilerTakip Et
677AboneAbone Ol

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img