Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Урыс тхакIуэшхуэ Лев Толстой и псалъэ Iущхэр

*ЦIыхум тыншу ущыдэпсэуфынур езым нэхърэ уэ унэхъ лъагэу е уэр нэхърэ езыр нэхъ лъагэу къыщыпщымыхъур аращ.

*ЦIыхухэм я тхьэмыщкIагъэу хъуар къызыхэкIыр ящIапхъэр зэрамыщIар аракъым, атIэ ямыщIапхъэ зэралэжьыр аращ.

*УмыщIэным емыкIуи зэрани хэлъкъым, емыкIури зэраныгъэ зыхэлъри умыщIэр пщIэ хуэдэу фэ щызытебгъауэрщ.

*Гъэсэныгъэр Iуэху гугъуу къытщохъу ди щхьэр дымыгъэса щIыкIэ ди бынхэр е нэгъуэщI гуэрхэр дгъэсэну яужь дыщитым. НэгъуэщIыр зэрытхуэгъэсэнур ди щытыкIэр зэрыарар къыдгурыIуэмэ, зы упщIэщ къэнэжынур: сэ си псэукIэн хуейр сыт хуэдэ?

*ЦIыхухъухэм я нэхъыбэм я щхьэгъусэм деж къыщалъыхъуэ езыхэм яхэмылъ фIагъхэр.

*Унагъуэ насыпыфIэхэр псори зэщхьщ, унагъуэ насыпыншэ къэс и насыпыншэкIэр зыми ещхькъым.

*Сабийми пэжу убгъэдэтын хуейщ: къызэрыбгъэгугъар гъэзащIэ, арыншамэ пцIыупсыкIэ ебгъащIэу аращ.

*Ажалым узэрыщышынэр къэбгъэщIым и фIагъым хуэдизщ.

*Ныбжьэгъу шынэкъэрабгъэр бийм нэхърэ нэхъ Iейщ, сыту жыпIэмэ бийм зыщыбохъумэ, ныбжьэгъум ущогугъ.

*Зы хьэл Iей зыхэни, пщIыр абы дэкIуэдынущ.

*Хабзэншэ жылагъуэм дыкъэзыухъуреихь дунейм цIыхур и тепщэ зыщI къэхутэныгъэхэр щащIыныр сэбэпын къэгъэнауэ, шэч зыхэмылъ икIи нэрылъагъу зэранагъщ.

*Къэрал Iуэхухэр зезыгъакIуэхэм я къарур зыхэлъыр цIыхубэм я щIэныгъэншагъэращ, ар езыми ящIэжри, сытым щыгъуи пэщIэтынущ узэщIыныгъэм. Ар къыдгурыIуэну и чэзу хъуащ.

*Дэтхэнэри хущIокъу дуней цIыхухэр яхъуэжыну, ауэ зыри егупсыскъым езым зихъуэжа зэрыхъунум.

*Псори къызэхъулIэр шыIэныгъэ зыхэлъырщ.

*Дэтхэнэми и уэрамыпэр ирепхъэнкI. ИтIанэ уэрамыр къабзэнущ.

*ФIыуэ дыкъыщIалъагъур дыфIу арауэ къытщохъу. Дегупсысыркъым фIыуэ дыкъызэралъагъур дыкъэзылъагъухэм я фIагъыу зэрыщытыр.

*Дэ цIыхухэр фIыуэ щIэдмылъагъур ахэр бзаджэу аракъым, атIэ бзаджэу къыщIытщыхъур фIыуэ тлъагъуркъыми аращ.

*Уи щхьэм и унафэ пщIыжыфмэ – ар унафэу щыIэм я нэхъыщхьэщ, удэзыхьэх псом ухуэпщылIыныр – щхьэхуимытыныгъэу щыIэм я нэхъ шынагъуэщ.

Yazarın Diğer Yazıları

Адыгэбзэм и сурэтщ адыгэ анэр

Къалэм lэпхъуэжа ди къуажэгъу унагъуэм, адэжь лъапсэри хэдгъэкlуэдэжынкъым, жаlэри, зэманым екlу унэ щаухуат. Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм къэкlуэжурэ хадэм илэжьыхьхэрт, унэр зэрахьэрт. Апхуэдэу щыщыткlэ, зэрыlэбэн lэмэпсымэ,...

Урыс тхакIуэшхуэ Иван Тургенев и усэ хужьхэм щыщ…

ЛэжьакIуэмрэ Iэпэзадэмрэ ЛэжьакIуэм: УкъыщIытхэпщхьэр сыт? Сыт узыхуейр? Уэ удыдейкъым… Зегъэхь адэ! Iэпэзадмр: Сэ фэ сыфщыщщ, къуэшхэ! ЛэжьакIуэм: Арати къэнэжар! Дыдейщ! Абы къигупсысар! Уэ къеплъ мы сиIэхэм. Плъагъурэ...

Гугъуэтыжхэ адыгэ лъэпкъ узыншэщ

Дэтхэнэ зы лъэпкъми къежьапIэ гуэр иIэщ, икIи дэтхэнэри и къежьэкIамрэ и къекIуэкIыкIамрэ IупщIу и нэгу къыщIыхьэну хуейщ. ЦIыхур къигъэщIащ апхуэдэу, зоупщIыж: хэт сырибын, сытыр си...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img