Антуан де Сент-Экзюпери и тхыгъэ цIэрыIуэ романыр бжыгъэу 450 м фIэкI бзэхэмкIэ, бзэм къыхэкI псэлъафэ макъ жыIэкIэхэмкIэ (диялэкт) зырадзэкIа «Пщы ЦlыкIу» зи цIэ тхылъыр АдыгэбзэкIэ (къуэкIыпIэ псэлъафэ макъ жыIэкIэ- Iузуняйла псэлъафэу) макъ тхылъ щIыкIэу утыку къихьащ.
Лэжьыгъэр, Хуит Гупщысэ рэ Анкара Iунивэрситэ ЗылъыIэсыныгъэ Факултэм и Iыхьэ хэлъхьаныгъэкIэ зырагъэпэща «Анадолэ БзэхэмкIэ ПщIы ЦIыкIу» зи цIэ прожэм къызэлъиубыдэу ягъэзэщIащ. IэдакъэщIэкIыр, Адыгэбзэм и гъусэу ЛазыбзэкIэ, КуртыбзэкIэ (къырманчи) Макъ Тхылъу дэдэIуэным хузрагъэпэщащ.
Адыгэбзэ макъкIэ зыгъэIур, Жъынэпсым и унафэщ гупым хэт Хьэжбэвыкъуэ Эрдогъан утыку ирилхьа мы тхылъым «спотифи»м (spotify) фыщедэIуэфынущ.