Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

ЩIы уэ псы (щIыуэпс)

Кабардино-Балкарии

Нобэ, дэ цIыхухэр, адыреи псэущхьэхэр, къэкIыгъэхэр (жиг, мэкъу, мэш) цIэуэ дунеи зыфIэтща щIыналъэ (щIы) щIыпIэм дытету, дытесу, дыхопсэуэхь, дытоупсэуэхь… 

А «щIы»р щымыIатэмэ псэ зыIуту, псэуныгъэ зиIэу хъуар, дэ, псэупIэ диIэнутэкъым! 

Кэдбауэу жьыдэтшэ «уэ»р тхьэмбылым нэсу ди лъыр имыгъэкъабзэу щытамэ псэуныгъэ дыгъуэтыфынутэкъым. Дэр хуэдэу адыреи псэущхьэхэри «уэ»м хуэныкъуэщ. Жигыри, мэкъури, мэшыри псэ зыIут къэкIыгъуэу хъуар мэбауэр, ахэри «уэ»м хуэныкъуэхэщ. 

А «уэ»р щымыIатэмэ, псэущхьэхэм, къэкIыгъэхэм, дэ цIыхухэми, псэуныгъэ дыгъуэтынутэкъым. 

«Псы»рэ псэрэ зэрызыхэлъыр, псалъэ макъыми къиIуатэу хыдолъагъуэр. Псы зыдыщымыIэм псэ щыIэнукъым. 

Аращ, пасэреи цIыхухэм псынэ гъунэм, псыхъуэм, псы Iуфэм щIетIысэкIар, псэупIэу щIыхахар. Адыреи псэущхьэхэм я псэупIэри, псыхуэлIэн ирагъэкIыну (псы Iумыхуэмэ зэрылIэнур и пкъым ищIэуэ) псым пэгъунэгъу щIыпIэхэрат. КъэкIыгъэхэри нэхъыбэу къыщыкIыри, щыбагъуэри псым пэгъунэгъу щIыпIэхэращ. 

А «псы»р щымыIатэмэ, псэущхьэхэм, къэкIыгъэхэм, дэ цIыхухэм псэуныгъэ дыгъуэтынутэкъым. 

Мы псэлащхьэм хэт макъ пычыгъуищыр зыдыщIыIэм къыджиIэр, псэупIэ щIыпIэщ. Дызхэпсэуэхьыращ. Ар псалъэ дахэу; «ЩIЫУЭПС»щ. 

Мы псалъэм къикIыр къыдгуригъаIуэу; ХьэрыпыбзэкIэ пэкIуэу зырахьэ псалъэр «Табиат»щ. 

Туркум зэрихьэ псалъэр «Догъа»щ. 

Урысеим зэрихьэ псалъэр «Натурална»щ. 

Инджылызым зэрихьэ псалъэр «Нечырыл»щ. 

Дэнэ щIыпIэми, хамэрысу щыпсэу ди бзэгъу, ди лъэпкъэгъухэ; Фызыхэс лъэпкъхэм я бзэмкIэ фримыпсалъэу, фэ фи бзэ дахэмкIэ, къикIыр къыбгурызгъаIуэ псалъэ дахэ, «ЩIЫУЭПС» псалъэр зетхьэмэ, ди бзэм пщIэ хуэтщIу, хуэфащэ лъэгапIэм дэтIэтэя хъуну пэрэ? 

Ди бзэм и пщIэр тщIэмэ, «щIэн», «щIэныгъэ»бзэу, гурыIуэгъуафIэу, тыншу, лъэщу зетхьэфыну зы бзэщ, ди бзэр! 

Сыт хужыфIэрэ? 

Хамэбзэр щыдгъэту ди бзэм деIэзэщIэн! 

Yazarın Diğer Yazıları

Адыгэ фащэм хухэха махуэу!

Лъэпкъыу хъуам, цӏыхухэм, зы щыгъын щатӏэгъауэ ящыгъщ. Ауэ хухэха махуэ «махуэщӏ»хэм лъэпкъ теплъэр зыгъэлъагъуэ зы щыгъынкӏэ захуапэхэ. Мис абы хуэдэу илъэс 25 ипэ (гъэ 2000)...

«РА», «ЩЫ», «ДЫ»!

Сыт мы макъ зэрызхэм къыджиӏэр. Щыми къыджиӏэр зыуэ пӏэрэ? Зэрыз зэрызу бзэм и хэтыкӏэм деплъынщ. «РА». Куэдым зыращӏэр, псалъэ зыблэдзахэм и зы упщӏэу: - Пасэрей Мысырхэм...

Кайсэри Адыгэ Хасэм илъэсым и кlэм и lуэхугъуэхэр

Ашэмэзырэ, Щыблэрэ! Кайсэри Адыгэ Хасэм мэгъэрей лэжьыгъэхэм и кlэуххэм ящыщщ. «Ашэмэз» гупым и гъэлъэгъуахэм, Хэкум къикlыу къеблэгъа «Щыблэ» макъ lэзэхэм дащlэхъуэпсыу дащlэдэlукlащ. Гупитlым я фlэщыгъэцlэхэри...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img