Мы гъэм и мазае (февраль) мазэм Къэрэшей-Черкесым щыпсэу лъэпкъхэм я литературэм зыкъызэриужьыжыр, абы макъыщIэ къызэрыхыхьэр зыгъэщыпкъэ Iуэхугъуэ дахэ КъЧР-м и къалащхьэм щызэхэтащ. Республикэм и щэнхабзэ, гъуазджэ гъащIэм жыджэру, гуащIафIэу хэт, журналист, тхакIуэ творческэ зэчий зыбгъэдэлъ, адыгэ лъэпкъым къыхэкIа цIыхуищым щIыхь лъагэ хуагъэфэщащ – Урысей Федерацэм и тхакIуэхэм я Союзым хагъыхьащ. Ахэр: ди хэгъуэгум и тхакIуэ творческэ интеллигенцэм къыхэхъуа журналистхэу Бемырзэ Зураб, Чэнджэщауэ Артур, Абидокъуэ Люсанэ сымэщ.
УФ-м и тхакIуэхэм я Союзым и секретарь, щIэныгъэлI, тхакIуэ ЕтлIыхъу Олег абыхэм захуигъазэкIэрэ мыпхуэдэу жиIащ:
-Ди республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ литературэм дихьэххэр, абы къыхыхьэ макъыщIэхэр.
ХэткIи щэхукъым мы зэманым литературэр, поэзиер, прозэр, къапщтэмэ, тхэным пыщIа творчествэр щытыкIэ хьэлъэм зэритыр. Абы къыхэкIыу, нобэ къэунэхуа творческэ макъыщIэхэм ди гугъапIэр ядопх Къэрэшей-Черкесыр зэрыгушхуэ тхакIуэ хабзэфIхэр къэIэтыжыным абыхэм хэлъхьэныгъэ ин хуащIыну, нэхъыжьхэр я щапхъэу лэжьэну, мы зэман хьэлъэ зэхэтхъуам литературэр лъагапIэ инхэм нахьэсыну, яхъумэну. Мы Iуэху дахэм уегъэгугъэ литературэм къэкIуэн зэриIэмкIэ, адэкIи зыужьыныгъэ гъуэгум зэрырикIуэнумкIэ. Творческэ къэкIуэн дахэ зыбгъэдэлъ ди лэжьэгъухэм фи зэчийм адэкIи зиужьыну, фи лъэкIыныгъэхэр нэхъри нэхъ ин хъуну сывохъуэхъу! – жиIащ ЕтлIыхъу Олег.
Литературэм тегъэчынауэ хэбакъуэ ныбжьыщIэхэм къыхуагъэфэща тхакIуэ дэфтэр нэхъыщхьэр, дауи, ягъэщыпкъэ. Абы щыхьэт тохъуэ иужь зэманым абыхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъ купщIафIэхэр. Арами, абыхэм къалъытэ тхакIуэ нэхъуса хъуным иджыри куэд хуейуэ… Ауэ, Урысейм и тхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм зэрыхагъыхьар, къыхуащIа дзыхьыр ягъэщыпкъэжу заужьыным зэрыхущIэкъунур къыхагъэщ.
Черкес Хэку