Гъуазджэр зи насып лъагъуэ

0
758

Ди хэгъуэгум, адыгэ лъэпкъым я щэнхабзэ, гъуазджэ зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIхэм ящыщщ ИлъэсыщIэм ехъулIэу «КъЧР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр къызыхуагъэфэща, илъэс 43-м щIигъуауэ гъуазджэм хуэлажьэ Пхъэш Iэминат Сэхьид и пхъур. 

Ар къыщыхъуащ Хьэбэз районым хыхьэ Али-Бэрдыкъуэ (Хьэгъундыкъуей) адыгэ къуажэжьым. 1978 гъэм къиухащ ику ит музыкальнэ щIэныгъэ здыщызригъэгъуэта, Черкесск къалэм дэт музыкальнэ училищэр. ИкIи, а илъэс дыдэм щегъэжьауэ, Сидакъ СулътIан и цIэр зезыхьэ, Хьэбэз къуажэм дэт сабий гъуазджэхэмкIэ еджапIэм цIыхубэ IэмэпсымэхэмкIэ и къудамэм и егъэджакIуэу щолажьэ. Илъэс 30-м щIигъукIэ къудамэм и унафэщI IэнатIэм пэрытащ.  

Зэрылажьэ илъэс бжыгъэм къриубыдэу, и IэщIагъэм хигъахъуэ зэпытурэ, IэпщIэлъапщIагъ ин зыбгъэдэлъ музыканту, егъэджакIуэ щыпкъэу, сабий, игъасэ ныбжьыщIэ къэс бгъэдыхьэкIэ къахуэзыгъэтыф гъэсакIуэу ди республикэм дежи, хэгъуэгуми и цIэр фIыкIэ щигъэIуащ.  

«СыткIэ къыщхьэщыкIрэ Iэминат и дерсхэр нэгъуэщIхэм яйм?» жыпIэу ущIэупщIэмэ, ахэр сыт щыгъуи щIэщыгъуэщ, удэзыхьэхщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, егъэджакIуэм къелъыхъуэ зэпыт лэжьыгъэ бгъэдыхьэкIэщIэхэр, езы дыдэри ерыщу зыдолэжьэж, зегъасэ, и IэщIагъэ IэпщIэлъапщIагъым хегъахъуэ, зэрыжаIэу, гъащIэм докIуатэ… 

1990 гъэхэм егъэджакIуэм зыхуегъазэ лъэпкъ пшынэм зэреуэн хуей Iэмалхэр, методикэр къэхутэным. Апщыгъуэми, Налшык ДШИ-м и егъэджакIуэхэм ябгъэдэлъ Iуэху зэхэщIыкIым фIыщэу зыщегъэгъуазэ, ар и лэжьыгъэм дежи сэбэпышхуэ къыхуохъу. Къапщтэмэ, япэ дыдэ хроматическэ лъэпкъ пшынэр ди республикэм щыщ сабийхэм ягъэIэрыхуэу гъэсэныр, ар профессиональнэу утыку къихьэныр зыхузэфIэкIахэм ящыщщ Пхъэш Iэминат. Уеблэмэ, зэрыригъэджэну тхылъ зэримыIэм къыхэкIыу, езыр-езыру лъэпкъ цIыхубэ макъамэхэм я макъхэр къэзыгъэлъагъуэ нотэхэр итхыжын щIидзауэ щытащ. Абы хуабжьу игъэбеящ егъэджакIуэми, игъасэхэми я педагогическэ лэжьыгъэр, репертуарыр. 

ЕгъэджакIуэ Пхъэш Iэминат ящыщщ методическэ лэжьыгъэ купщIафIэ сыт щыгъуи езыгъэкIуэкIхэм. Абы щыхьэт тохъуэ абы и Iэдакъэ къыщIэкIа, лъэпкъ пшынэмкIэ предпрофессиональнэ, зыужьыныгъэ языгъэгъуэт программэхэр. Езым къигъэщIа методическэ разработкэхэмрэ дерс зэIухахэмрэ щапхъэ яхуищIу, и Iуэху зэхэщIыкIкIэ ядэгуашэу, ахэр утыку кърехьэ республикэ семинархэм, методическэ зэгухьэныгъэм я зэIущIэхэм деж. 

И гуащIэдэкI гъуэгуанэм къриубыдэу Iэминат и нэIэм щIэта, игъэсахэм, нобэ зыдэлажьэхэм я гугъу пщIымэ, ахэр я IэкIуэлъакIуагъкIэ дэни къахощ, ныбжьыщIэхэм жыджэру зыкъыщагъэлъагъуэ районым, республикэм, гъуазджэхэмкIэ еджапIэм къыщызэрагъэпэщ концертхэм, творческэ зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэм. ЕхъулIэныгъэфIхэри зыщыIэрагъыхьэ Къэралыбэ зэпеуэхэм, лъэпкъ фестивалхэм. Бжьыпэр щаубыд зэпыт аккордеонкIэ, лъэпкъ пшынэкIэ зэхьэзэхуэхэм деж. Абы и щапхъэщ, псалъэм папщIэ, «Орленок» Урысейпсо сабий купсэм щекIуэкIа, гъуазджэхэмкIэ «Звездная юность планеты» Къэралыбэ фестивалым Пхъэш Iэминат игъэхьэзыра Iэмэпсымэ ансамблыр япэ нагъыщэ зиIэ Лауреат зэрыхъуар. ЕгъэджакIуэм и гуащIэдэкI гъуэгуанэ кIыхьым деж апхуэдэ текIуэныгъэ щапхъэхэр щыгъунэжщ. Абыхэм къагъэлъагъуэ Iэминат бгъэдэлъ IэпщIэлъапщIагъ иныр, Iуэху зэхэщIыкI лъагэр. 

Сабийхэм зэрадэлажьэм, ахэр ехъулIэныгъэ лъагэхэм зэрыхуишэм, егъэджакIуэм и педагогическэ лэжьыгъэ гуащIафIэм къыдэкIуэу, Пхъэш Iэминат и творческэ гъащIэм лъэныкъуэ куэдкIэ зыужьыныгъэ иIэу къэбгъэлъэгъуэфынущ. АтIэ, илъэс бжыгъэ куэдкIэ абы Хьэбэз къуажэм дэт, районым щэнхабзэмкIэ и Унэм и деж щылажьэ, лъэпкъ макъамэ IэмэпсымэхэмкIэ «Редадэ» оркестрым, «Черкесия» уэрэджыIэ гупым, ДШИ-м и егъэджакIуэхэр зыхэт «Созэрэщ» IуэрыIуатэ Iэмэпсымэ ансамблым и гуащIэ ин щигъэтIылъащ. Уеблэмэ, Къэралыбэ, лъэпкъ, республикэ фестивалхэмрэ зэпеуэхэмрэ и лауреат хъуахэм ящыщщ. 

ЩIэблэм зи псэемыблэж гуащIэдэкI лэжьыгъэр илъэс 40-м щIигъуауэ ябгъэдэзылъхьэ, зэчий ин зыхэлъ егъэджакIуэм, гъэсакIуэ емышыжым и гуащIэр къыхалъытащ къэрал нагъыщэ, щIыхьыцIэ лъагэхэмкIэ. Къыхуагъэфэщащ район администрацэм, ДШИ-м я ЩIыхь, ФIыщIэ тхылъхэр, УФ-м щэнхабзэмкIэ и Министерствэм, профсоюзым щэнхабзэмкIэ и лэжьакIуэхэм, КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и Президиумым я ЩIыхь тхылъхэр, художественнэ егъэджэныгъэм и лауреатхэр зэригъэхьэзырам папщIэ РУМЦ-м къыбгъэдэкIа ФIыщIэ тхылъыр.

Черкес Хэку

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz