Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Нэгъуэщl зы гъуэгу щыlэн хуеищ!

ССДЖБ (Совет Союза) зэбгырылъэлъа нэужь, «зауэ щlыlэр иухащ, иджы щыщlэдзауэ, зы лъэныкъуэм зэригъэщlауэ зы дунеи щыlэщ» жызыlэу къызыфlэщlхэм, пасэ дыдэу ящыгъупщащ. Китайыр хэхъуащ, Урысеим (РФ) къигъэзэжащ, Аврупа Зыдэщlыныгъэр… Дунеим къытена адреихэри зырапщылlау, пщылlыу зырашэн папщlэ зыдэжэу, зэрыфыщlыу, я лъэгум къыщlэна удзхэр зыхаутэ.  

АБД’м (USA) и зы щхьэусыгъуэкlэ Либйа, lырак, Сурийэ зауэхэр… Иджы РФ, lукрайнам зэрытезэрэхьыр. Псори зэрызу БМ (UN) епхауэ «хуитыныгъэ» зиlэ къралыгъуэхэр.  

АБД, ССДЖБ лъэлъа нэужым хуитыныгъэ зиlэ къралыгъуэхэр псори НАТО’м (NATO) хигъэхьэн фlэфlт, ар, РФ щымыхъуа. Хухэхауэ Гурджистан’ырэ lукрайна и щlыlукlэ щызырагъакlуэ лэжыгъэм куэду нахуэу къыхощ. РФ и гъунапlкъэм къеувалlэу, НАТО’м епхауэ зы къралыгъуэ зэримыдэнур къыхегъэщ. Лъэныкъуитlыми зыхуэихэр зырагъэхъулlэн пащlэ lэнэм пэрысщ. lукрайнар зы бэкъуэгъуэ джэгуэну «Сатрамч» lэнэм телъщ. lэнэр зытыракъутэр. РФ тегуплlэу тозэрыхь. lукрайнам и щlыбагъым НАТО дэтщ (фэ АБД’уэ феджэ абы). Зэрызехьэр дырашеяуэ, Тепщэныгъэр щlагъэсту, щыщlагъэсткlэ щыlэ къыщlэкlынущ зы/зыкъом къащхьэпэн…  

Икlэжым lукрайна лъэпкъхэм папщlэ, бынхэр, бзылъхугъэхэр, зи ныбжь хэкlуэтахэм папщlэ гуауэшхуэщ, и нэхъ мащlэкlэ жыпlэмэ, нэпсщ.  

Дунеи зауэхэр щхьаусыгъуэу, къежэх лъыхэр зыпшыныжыпхъэр; lэщэ зыщэу, уасэшхуэ къыхэзыххэм япэ ищауэ йтхэр, зытэкъутэжыныр кызхуэкlуэн, мыхъу-мыщlэ узэда зэдэзэкlухэм и хъумакlуэ къралыгъуэхэращ. Зыкlэлъыкlуэ щхьэусыгъуэм дэщlыгъуу, щэнщэхуэн къабзэм хуэдэу, щlэуэ зыгуэрэ утыку иралъхьэхукlэ, зауэхэм щыгъэтыныр яфlэф хъунукъым. Либя, Сурийэр и щапхъэу зырыщытым хуэдэу, езыхэр хэмыту хуэзауэ, зауэхэр фыуэ ялъагъухэр. Нуклиэр тегъэшынэхькlэ зыпыщlэтхэм, зыр зым ядзэлъыфэ зырамыгъэлъагъуну, егугъуу щlыхуэсакъыр, зыпагуэшыну яужь зэрыт дунеим, и кlэухыр къамыгъэсын папlщlэщ. 

Дэ ди щытыкlэр нахуэщ; 

Зауэ дыхуеикъым! 

lукрайна Лъэпкъым и хэдэ-хэхыныгъэм пщlэ худощl.  

Дунеим щызекlуэ хъуныджагъэхэм; Зауэхэм, гъэlэпхъуэным, lэпхъуэрилэ lуэхугъэм, уэгъу зэрзехьэм, уз цlалэ сымэджагъэхэм, атомкlэ зытекъутэныгъэм, купlщэ зэхъуэкlа шхыныгъуэм, щхъуэ хэлъу хьасэм хапхъэхэм, Мэжалlэлlэн, псыхуэлlэн, зэмылъэужьыгъуэхэм я псэуныгъэр зыпыпудыным хуэщхьэусыгъуэр, Мы къралыгъуэхэм яузэду зытыраухуа «сосйоэкоономик» зэдэзэкlуращ.  

Нэгъуэщ зы гъуэгу щыlэн хуеищ! 

Yazarın Diğer Yazıları

Kökeni Adige dili olan ve farklı dillerde yaşayan bazı kelimelerin örnek çözümlemeleri -12

Pala Pala1 halkıyla ilgili elimizde yeterince bilgi yoktur. Kastamonu ve çevresinde yaşamış, Hititlerin etkisinde küçük bir krallık. Dili konusunda da yeterince bilgi sahibi değiliz....

‘Anadilim Abhazca’

Gazeteci Derya Kap’ın “Anadilim Abhazca: Apsuwara yüşmırdzın” başlıklı yazısı 14 Eylül’de Bianet’te yayımlandı. Kap’ın yazısında şu ifadeler yer alıyor: “Benim yalnız ve güzel ülkem bir değil...

Cumhurbaşkanlığı 2023 bütçesinde rekor harcamalar

Sayıştay denetçileri, Cumhurbaşkanlığı’nın 2023 yılına yönelik mali hesaplarını denetledi. Denetimler, Cumhurbaşkanlığı’nın gelir ve giderleri arasındaki uçurumu ortaya koydu. İdarenin gelirleri ve giderleri arasındaki fark,...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img