ГъащIэ гъуэгу

0
379

Махуэр хуэмурэ и кIэм хуэкIуэт. Жэм бу макъ зэхэзыха Дыщэнэ цIыкIу пщIантIэм къыдэлъэдэжащ кIийуэ. Илъэсиблым ит хъыджэбз цIыкIур нанэ и деж къуажэм хьэщIапIэ къэкIуэжат. Унэ щIыхьэпIэм щынэс дыдэм джалэри, и лъэгуажьитIыр лъыр къижу триудащ. Дыщэнэ гъыуэ здэщысым, хадэмкIэ плъэри нанэ илъэгъуащ. Ар къэкIуэжт и куэщIым мыIэрысэ плъыжь куэду илъу. И къуэрылъху цIыкIур гъыуэ щIым щысу щилъагъум, нанэр къэпIэщIащ: 

– Си псэ закъуэ, сыт къыпщыщIар, щхьэ угърэ? – жиIэу. 

И анэшхуэм и псалъэхэр щызэхихым Дыщэнэ цIыкIуи и макъыр нэхъ иныжу дришеящ. Нанэм сабийр къигъэтэджыжри зришэлIащ, игъэудыIужащ, псалъэ щабэ Iэджи жриIащ. Езыми и нэпсхэр къызэпижыхьащ. Дыщэнэ цIыкIум ар щилъагъум еупщIащ: 

-Нанэ, джэлар сэращ. Уэ щхьэ угърэ? – жиIэу. 

-Си анэр сигу къэкIыжауэ аращ, тIасэ. Псалъэ дахэ къыжезыIэн имыIэу зеиншэ цIыкIуу къэхъуащ. 

– Сэ сыт-тIэ уи анэр щIэзмыцIыхур? Дэнэ щыIэ ар иджыпсту? – жиIэри щIэупщIащ хъыджэбз цIыкIур. 

-Си анэ тхьэмыщкIэр куэд щIащ сызэримыIыжрэ. Уэ цIыкIур укъалъхуным илъэсищ иIэу ар дунейм ехыжащ. 

-Уэ уи анэри сэ си нанэкъэ? – жеIэ Дыщэнэ. 

-Уи нанэщ, си хъыдэз цIыкIу, – жеIэ нанэми. 

-КхъыIэ тIэ абы и хъыбар къызжеIыж, – жеIэри мэлъаIуэ сабийр. 

-Уэ иджыри уцIыкIущ, куэди иджыпсту къыбгурыIуэну къыщIэкIынкьым, ауэ си псалъэхэр уигу къэкIыжмэ, хуэмурэ гъащIэм псори къыбгуригъэIуэнщ… 

Зы адыгэ жылэжь гуэрым щыпсэут щIалэ ахъырзэман, лэжьакIуэшхуэ МухьэдинкIэ еджэу. Хъыджэбз Iэджэм я плъапIэми езы Мухьэдин фIыуэ илъэгъуар Дадухъант. А ныбжьыщIитIым ягу дэлъ гухэлъ къабзэм псоми гу лъатат. Я зэхущытыкIэ дахэм зи хъуэпсапIэ, зи лъагъуныгъэ иджыри иримыхьэлIа щауэхэмрэ пщащэхэмрэ игъэпIейтейт, игъэхъуапсэт. Ауэрэ Мухьэдинрэ Дадухъанрэ унагъуэ яухуащ, хьэгъуэлIыгъуэ дахи хуащIащ. Зэман дэкIри, а тIум япкъ къикIауэ хъыджэбз цIыкIу дунейм къытехьащ. Унагъуэм и тхьэмадэм а цIыкIум Ленэ фIищащ. УнагъуэщIэр зэгурыIуэ-зэдэIуэжу псэут, лажьэт, шхэжт, я сабийр зэдапIыжт. ЦIыхур зэхъуапсэм хуэдэщ хужаIэт. 

Пасэрейми жиIащи, гъащIэм гурыфIыгъуэу хэлъыр махуэ зыбжанэ хъуми аращ. Адрей илъэсхэр махуэ фагъуэхэмрэ зэшыгъуэкIэрэ гъэнщIащ… Мухьэдин сымаджэ хъуащ. И лажьэр къахуэмыщIэу дохутырхэм сымаджэщым ягъэгъуэлъащ. Зы махуэ гуэрым сымаджэщым здыщIэлъым, Мухьэдин щхьэгъубжэм бгъэдыхьащ мы дуней дахэм еплъыну. Плъэмэ, и къуажэ щIалэ елъагъу. ЦIыхухъум и гур къэкIэзызащ. Сымаджэщыр езыр зыщыщ жылагъуэм пэжыжьэт, къыгурыIуащ, а щIалэр ауэ сытми къызэрымыкIуар. 

-Сытым укъысхуихьа? – жиIэу щеупщIым, щIалэм жиIар зы псалъэ закъуэщ. 

-Дадухъан… 

Мухьэдин псори занщIэу къыгурыIуат. Мы дунейр къыхуэзыгъэнэху и щхьэгъусэ Дадухъан ди Тхьэшхуэм зришэлIэжат. Ар апхуэдизкIэ гукIи псэкIи зэхищIат Мухьэдини, мазэ нэхъ дэмыкIыу езыри и щхьэгъусэм кIэлъыкIуэжащ. Сытуи гъащIэ кIэщIт а цIыху дахитIым я гъащIэр. Ауэ, апхуэдэу щыхъуми, ди Тхьэшхуэм къахуигъэфэща гъащIэ мащIэр лъагъуныгъэкIэ гъэнщIат. Мухьэдинрэ Дадухъанрэ я лIэныгъэр зыгъейхэм а тIум яку къыдэкIа сабийр ямыгъейуэ яхуэшэчыртэкъым. Ленэ цIыкIу илъэсищ къудей хъууэ арат. Пасэ дыдэу зеиншэу къэна цIыкIум уи гур щIэмыузынкIэ хъунутэкъым. 

Арати, Ленэ цIыкIу и адэ Мухьэдин и адэ-анэм зрашэлIэжащ. Нанэ-дадэм сабий закъуэр ягъафIэрт, яIэтым гъущIэу, ягъэувым щIытэу къащыхъуу. 

Зэманыр макIуэр. ГъащIэм Iэджэу зызэредзэкI. Адэ-анэр имыIэжми, лIыжь-фызыжьым я лъагъуныгъэмкIэ сабийр ягъэнщIырт, бадзэ трагъэтIысхьэртэкъым, зэрызеиншэ цIыкIур къыгурамыгъаIуэу ягъэпсэу жыпIэнт, ауэ… Ленэ и адэшхуэр дунейм ехыжащ, хъыджэбз цIыкIур илъэситху фIэкIа мыхъуу. 

КIэщIкIэ Хэку зауэшхуэм щIидзащ… 

ЦIыху балигъым хузэмыгъэзэхуэнкIэ хъунущ гъащIэм къыщыхъу псори, сабийр дэнэ къэна. Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр Ленэ цIыкIу и нанэм и гъусэу щыпсэу жылагъуэм къыщысам, хъыджэбз цIыкIур илъэсих хъуа къудейуэ арат. Нэжьгъужьыдзэу къатеуахэм нанэмрэ сабиймрэ я унэм къыщIахури, езыхэр щIэтIысхьащ. Хьэ бзаджэ къихьэри, унэхьэ ирихуащ жыхуиIэращ пасэрейм. 

Унэм къыщIахуахэм гуэныр псэупIэ ящIащ. Я Iуэху къызэрамыхуэмэ, гуфIэу, нэмыцэхэм къыхуащI я унафэу псэуащ нанэмрэ сабиймрэ ахэр а щIыпIэм итыху. Илъэс ныкъуэ нэхъ дэмыкIыу, щIымахуэ уаеу, жэщу ирахужьэжауэ щытащ бийр ди сэлэтхэм. Ауэ бжьыхьэ уэтIпсытIымрэ щIымахуэ шылэмрэ гуэн щIыIэм щIэсу кърагъэблэгъащ фызыжьымрэ Ленэ цIыкIурэ. Арагъэнщ нанэм и лIэныгъэм и щхьэусыгъуэ хъуар… 

Мис иджыт Ленэ тхьэмыщкIэ зеиншэ дыдэ щыхъуар. Унэ нэщIым и закъуэу къыщIэнащ илъэсих фIэкIа мыхъу сабийр. 

Хъыджэбз цIыкIум и анэ Дадухъан мыгъуэм и шыпхъум ипIыжыну жиIэри, благъэри Iыхьлыри къигъэгугъэри, хъыджэбз цIыкIур езым зэришэлIэжащ. Абдежым Ленэ и сабиигъуэм къыщиухат. Гууз-лыуз сабий зеиншэм зыхуимыIэ и анэ шыпхъум лIахэм къащIэна мылъку тIэкIур зэрыхуей ищIыжащ. Езым и быным къащыкI щыгъынт Ленэ къылъигъэсыр, къадэхуэ шхынт иригъэшхыр. 

Илъэсибл фIэкIа мыхъу сабийр фIанэ иIыгъыу цIыхубз балигъхэм я гъусэу губгъуэм ихьащ. Зэманыр гугъут, шхынкIэ псори гугъу ехьырт. ГуфIакIэкIэ гъэпщкIуауэ губгъуэм зыгуэр тIэкIу къримыхмэ, Ленэ здекIуэлIэж унагъуэм щагъэшхэнутэкъым. Апхуэдэ анэ шыпхъу уиIэу анэнэпIэси ухуэмей. Зэзэмызэм еджапIэм кIуэми, нэхъыбэм губгъуэм иту и сабийгъуэр ихьащ Ленэ. 

Ауэрэ Лени хъыджэбз хъуащ. Зы махуэ гуэрым цIыхубз бригадэр пщIэуэ нартыху хьэсэм хэту, шууей гуэр къыхыхьащ. ЕтIуанэ махуэм аргуэру къахыхьэри, бригадирым епсалъэри хэкIыжащ. Ар гъунэгъу колхозым я председателыр арат. ЩIалэм Ленэ игу ирихьат, и Iуэху щIэкIэм кIэлъыплъри, бригадирым еупщIауэ арат хэтхэ япхъуми. Махуищ нэхъ дэмыкIыу щIалэм лъыхъу игъэкIуащ Ленэ щыпсэу унагъуэм. Ауэ анэ шыпхъум хъыджэбзыр гуэным щIиубыдэри, къаригъэлъэгъуакъым, лIы иритын пхъу имыIэу жиIэри IуигъэкIыжащ къэкIуахэр. ДауикI, Ленэ яшэмэ, хэтыт унагъуэр зезыхьэныр? 

Ауэ хъыджэбзыр зыхэт бригадэм фIыуэ къалъагъут. Абыхэм ящыщ зы цIыхубзым нэ къытрилъхьат. Зеиншэу къэнауэ зы унэкъуэщ щIалэ яIэт. ПсэуакIуэт, лэжьакIуэт. Унэм и закъуэу къыщIэнат, и адэ-анэр щхьэщыукIурийкIри. Зы шыпхъу иIэти, къуажэ жыжьэ дэст. Зы къуэш иIати, зауэ зэманым сабийуэ гранатэ къыIэщIэуэри иукIат. Езы щIалэм и цIэр Борист. Ленэрэ абырэ зэныбжьт, илъэс пщыкIуий хъууэ арат тIури. 

ГъащIэ гъуэгуанэр сытым дежи зэрыхьзэрийщ. Хабзэ якIэлъызепхьэну ухуежьэу къэбгъэуIэбжь нэхърэ, удэмэпкъауэурэ уахэкIын хуейуэ аращ. Арати, цIыхубз гупыр зэгуроIуэри, Ленэу плъагъур ямыхьмэ, фIырыфIкIэ и анэ шыпхъум къазэримытынур къагурыIуати, лэжьапIэ нэужьым ирахьэжьэри, щIалэм хуахьащ. Псалъэмакъышхуи къикIащ, и анэ шыпхъум хьэрэм къищIащ хъыджэбзыр… 

Пэжкъым! Сыарэзыкъым! Си фIэщ хъукъым цIыхур зыми иримыщIысу, ауэ сытми щхьэ бжыгъэу дунейм къытехъуауэ. Къызэрытехъуам ещхьыркъабзэуи, лъэужьыншэу текIыжыну. Ленэ апхуэдэу зыкъыщыхъужу псэуащ унагъуэ иухуэхукIэ. Абы къигъэщIа гъащIэ мащIэм хьэзабу ишэчам и гур нэхъ щабэ ищIа фIэкIа, нэхъ пхъашэ ищIатэкъым. Иджы Ленэ унагъуэ иIэт, дамэ къытекIат, лъэпкъ-къупщхьэ хъун бынхэр игъуэтат, анэ гумащIэт. Иджы абы жиIэт: 

-СытекIыжынущ сэри дунейм. Къытехьауэ абы темыкIыж щыIэкъым. Ауэ сэ сщыщу дуней къытенэнущ си бынитхур, си гугъэ дахэхэр. ГъащIэм хэзуухуэнэну сызыхэта си щIэинхэр. Iэ пхъашэ куэдым яукъуея, гу пхъашэ куэдым дыхьэшхэн ящIа си щыуагъэ IэфIхэр… 

ГъащIэм гугъу щехьа Ленэ нобэ псэужкъым, ауэ мэпсэу абы и бынхэр, абы я быныжхэр, и къуэрылъу-пхъурылъхухэм къакIэрыхуа цIыкIухэр. И сабиигъуэм шхынкIэ гугъу ехьа Ленэ псэухукIэ ерыскъы IэфI Iэджэ и Iэгум икIащ. Унагъуэм ерыскъы имылъу зэи щытакъым. ЦIыхур фIыуэ илъагъуу, защимыгъэнщIу псэуащ. Лей къезыхахэми къахуигъэгъуащ. 

Ди Тхьэ! Сыт къызыхэпщIыкIар уэ цIыхум и гур, абы нэхъ быдэрэ бэшэчрэ мы дунейм тету къыщIэкIынукъым. ЦIыхум и фэм Iэджи докI. Нанэ Ленэ и псэр псэхужауэ, жэнэтыр унапIэ хуэхъуауэ Тхьэм жиIэ! Къэнахэри лъэужь дахэу Тхьэм игъэпсэу! 

-Аращ, си Дыщэнэ, си анэм и хъыбарыр. Псори дунейм дыкъытохьэр ди натIэм гъащIэ гъуэгу тхуэхъуныр тету. Псоми я нэхъыфIыр Тхьэм къуищIылIэ, нобэ лъэгуажьэ тебудам нэхъ теудыгъэшхуэ умылъагъуу Тхьэм уигъэпсэу, си хъыджэбз цIыкIу! 

  

Алэщ Темыркъан, 

Автомобиль-гъуэгуухуэ IэнатIэхэм епха IэщIагъэлIхэр щагъэхьэзыр къэрал колледжым и еджакIуэ. 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz