Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Жамырзей

Урыс архивым зэритхымкlэ 1865 гъэм апрелым и щым генерал Ловрис Камболов Вэрылl Жамырзэ, Къундет, Хьатукъщокъуэ Идар Османлым кlуэнкlэ хуиту документ къаретыр. 

Вэрылl Хьэж Жамырзэ игъусэу 25 унагъуэ хуит къещlыр Османлым кlуэнкlэ. 

Нэгъуэплъ Ибрахим, Таусултlан Хьавжокъуэ, Хьамэ Ибрахим, Шэвкъул Къанщауэ, Дыщэкl Хьасан, Бэлагъ Ибрахим, Даут, Мухамэд, Мурадин Якъуб, Урт Абрэдж, Беслэней Иляс, Абазэ Ахьмэд, Бишlе Унэлl, Бжэдугъ Хьаджы Мурат, Мэрзей Матl, Ислам Хьаж Мурат, Тест Селим, Ащхъуэт Елбызыкъуэ, Бэлагъ Хьэж Давут, Кумсэ Юсуф. 25 унагъуэ и гъусэу 1865 20 майым генерал Муса Кундуков игъусэу къикlа гупым яхэту Османлым къэкlуащ. 

lашэ Камуран – Шэшэн Фунда

Къуажэр 1865 гъэм майым и щым Къабардей щlыналъэм Терек къикlащ. Ауэ къуажэу я къэтlысыныр 1868 гъэращ. Хьэж Жамырзэ и гъусэу къыдэщlыгъу къэкlуа лъэпкъым инэхъыбэр нэмыщl къуажэхэм зэрикъухьащ. Нобэ къуажэм щыпсэу лъэпкъхэри Тыркум щызэрыгъуэтурэ къахэтlысхьэ хъуащ. 

Ащхъуэт Елбызыкъуэ, Дыщэкl Хьасан, Мурадин Якъуб, Мэрзей Матl, Ислам Хьэж Мурат игьусэу нобэ «Жамырзей»кlэ зэджэ къуажэр зуухуахэр. 

Къуажэр Къайсэри къалэм 155 км, Азей (Пынарбашы) районым 55 км пэжыжэу Азей районум нэхь пэжыжэ къуажэращ. Къуажэм ублэкlым Сивас къалэм Шаркышла районым ищlым щыщlедзэр. 

Къуажэр Малакъ (Хьатыкъуей), Тавладере, Караджаорен, Темирбогъа (Абазэ) къуажэхэмкlэ къэтlысыхьауэ зы къуажэ цlыкlущ. Къуажэм зэр узняйлэ къуажэхэм ящхьэ кърикlуащ. Унагьуэхэр ябын ирагъэджэн унагъуэм кlэльыпльын ящхьаусыгъуэу къалэшхуэхэм lэпхъуахэщ. Щlымахуэм къуажэм нэрыбгэ зыщыплl мухъмэ дэсыжlэкъым. Ахэми lэщ япыщlауращ. Зэпсори гьэмахуэ щыхъуам мэш хэлъхьан ящхьаусыгъуэу къокlуэжхэри бжъыхьа пщlондэ щопсэухэр. Щlымахуэми къалэхэм щопсэур. Гъэмахуэм къекlуэлlэжхэр 30 унагъуэ хуэдиз мэхъур. Псоми унэ дахэхэр дырагъэщlыхьауэ щопсэур. Къуажэдэсхэр е Азей районым е Шаркышла районым щэхуакlуэ макlуэр. Зэпсоми гу ябжэlупэм зэрдэтым щхьакlэ маршрута афтобус хуэныкъуэхьэкъым. 

Yazarın Diğer Yazıları

Исмел кыт

Абазэ къуажэ. Ачкаруа. Къуажэр нобэ Къэрэшей-Черкес Республикэм ищӏым щыӏэ Бащылбий щӏыналъэм къикӏу Казанчык къуажэм къэтӏыса Абазэхэм ящыщщ. Иужькӏэ Исмейлыкъуэм игъусэуэ Казанчык къуажэм къыдэкӏри къуэжитӏ хъуэ...

Панлы – Панкуей

Абазэхэ къуажэщ. Унагъуэ зыплӏытхуи Болгарием къикӏауэ гуэч къыщащӏам къэралым къыдигъэтӏысхьауэ унагъуэ щопсэур. Къуажэм и гъунапкъэхэр Сывгын, Тозгун, Эскитеккэ, Меликгази, Кушчулар, Акорен къуажэхэращ. Къуажэр япэрей зэманым 120 унагъуэ...

Бащылбий – Демырбогъа

Абазэ Ачкаруа къуажэщ. Къуажэр 1859 гъэхэм нобэ Къэрэшей-Черкесым Бащылбий щӏыналъэм къикӏа Абазэхэм яухуа Казанчык къуажэм къыхэкӏыу 1867 гъэхэм мы къуажэр яухуащ. Къуажэр къуажэ цӏыкӏущ....

Sosyal Medyalarımız

9,251BeğenenlerBeğen
2,745TakipçilerTakip Et
4,012TakipçilerTakip Et
677AboneAbone Ol

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img