Уэрады! (Уэрэд)

0
281

Мы псалъащхьэ «уэрэд» псалъэм, нобэрей гупщысэ щыкIэмкIэ къыдгуригъаIуэр, цIыхухэм я зэрызыпыщIам къыхэкIыу, хужаIэ, зыхужаIэ макъ, макъамэ хэлъыу гуауэ, гуапэ, гурыхь, гу къэкIын, хуэзэшын хуэдэ дахагъэ зыхэлъ жыIэкIэ, макъ гъэIукIэщ.  

Сэри си щIэлэгъуэм щыгъуэ сигу къинэжахэм щыщыу зы уэрэдым и зы пычыгъуэу: Фыуэ зэрылъагъу щIалэ цIыхуитIым, хъулъхугъуэмрэ-бзылъхугъэмрэ джэгум зыдыхэту, кафэн къалъысауэ утыкум къихьауэ къызыдофэ. И лъагъуныгъэ гурылъхэр езым занщIэу хуимыIуэтэфауэ, жызымыIэфа хъулъхугъуэм пшынэм и макъыр, зыкIэрыт блыныр щхьэусыгъуэ ищIыу зы уэрэдыу макъкIэ еIуатэ.  

Пщынэ Iэпэр щатэу,  

Пшынэ гъуагъэр лъаIуэу,  

Уэ пхуэзэш,  

ПлIэнэпэм уогъэзэж.  

Соплъыри умыжыжэ, 

Ауэ,  

Сэри,  

Шэкыгъуейуэ согъэзэж. 

Къыщыздэфэм фIэкIа, мыбы хуэдэу зи зыпэгъунэгъу зыхуэмыхъуа, пшынэм и макъ псыгъуэхэри, и макъ гъуагъуэри зы цIыху бауэкIэм иригъэщхьыу, хъыджэбзыр зыдыкIырыт блыныр, плIэнэпэр зы къафэгъуэ закъуэ пщIондэ пэжыжэ хъуауэ, къыхуэзэшауэ плIэнэпэм игъэзэжу… Гухэлъ гуащIэр уэрэдыу зыжыраIащ…  

Ауэ, «уэрэд» псалъэм и къежьапIэми дыхэплъэмэ, мыбы хуэдэу зы тыншыгъэ щыщымыIа, зы лъэхъэнэ жыжэт, зы лъэхъэнэ гугът.  

КIыфIым хэсу, жэщым и нэм имылъагъуу, зырыс, зыщIэс бгъуэнщIагъым махуэу, нэху мыхъуауэ, псэущхьэ ин, жэрхэм ящышынэу кыщIэкIыфтэкъым. КъыщIэкIыфын папщIэ и нэм илъагъун хуейт. Инэм езгъэлъагъур а уэм ит, нэху къезыт дыгъэм и пкъ «ды»рат. А «ды»м, дыгъэми цIэ фIащат, «Ра» хужаIэу.  

Мис а уэм ит «Ра»ращ, зыгъэунэхур, зыгъэхуабэр, къэкIыгъэхэр кыхуэзыгъэкIыу ялъытэу пщIэ зыхуищIыр. А пщIэ зыхуащIыми Тыхь хуащI. ЙолъэIу, ТхьэлъэIукIэ. Абы и фIыщIэр зэрызыхащIэр ирагъэщIэн папщIэ и цIэр зыпымычу яIуэ. МакъкIей ягъэIу. Макъамэй дащIыгъу. Зыдэжууэ… А зыдэжууэ, макъамэ дэщIыгъуауэ ягъэзащIэр, зыхужаIэр ягъэлъапIэу, щытхъу псалъэхэмкIэ хуэгъэнщIауэ.  

Мы щытхъу псалъэхэр макъкIэ зыхужаIар: ЗыдыщыIэр «Уэ»ращ. ЦIэу фащар, «Ра»щ. А дыгъэ зыфIэтщам и пкъыр «ды»щ. Аращ макъкIэ ягъэзащIэу, хужаIам фIаща цIэри «Уэ/ра/ды»щ.  

Нобэ къэсыхункIэ зихъуэжу, жыIэгъуафIэу «Уэрэд»ым нэсами…  

Мы фIэщхуныгъэ хабзэ щIыкIэм щызырахьахэр, уэрадыр, макъ гъэIукIэхэр хэтыжу кыкIэлъыкIуэ фIэщхъуныгъэхэми хыдолъагъуэ. «Ра» псалъэри хэтыжу щызырахьащ. ЛIыкIуэу Даут, къыхуэкIуауэ ягъэлъагъуэ тхылъ лъапIэм и фIэщыгъэ цIэр «Зэбура»щ. Езы Даути и макъымкIи цIэрыIуэщ. Макъ гъум зэкIуж зэрихьэуэ. ТхьэлъэIуэпIэм зыдэщIыгъуу, зыдэжьууэ, щытхъу псалъэхэр зыхэт тхьэлъэIухэр зэрыжаIэм цIэу фIащар «Мэзмура»щ. Пасэрей Фэщхъуныгъэр щызырахьэм щыгъуэ бзэм хэпщIа «Ра» псалъэр сыт щыгъуэй нахуэу къыхэщыу…  

ЛIыкIуэу Даут щыпсэуа лъэхъэнэм, макъкIэ, макъамэкIэ я фэщхъуныгъэм щытхъу уэрэдхэр щыжаIакIэ, Абы йпэ къахуэкIуа тхылъ лъапIэхэми хэплъэни хуейщ. Ахэми хэтыни хуейщ, макъкIэ, макъамэкIэ щытхъу, лъэIу жыIэкIэхэр. 

ЛIыкIуэ Муса (Мошэ) и цIэкIэ цIэрыIуэ хъуа фэщхъуныгъэм дыхэплъэнщ. Махуэрейуэ, Тхьэм хуащI ТхьэлъэIу бжыгъэр «щы»щ. Пщэдыджыжым, щыджагъуэм, пщыхьэщхьэм. Тхьэмахуэм епхауэ Тхьэм хухэха Махуэр «щэбэт»щ. А махуэр къызэрысу Iуэху-дэлъ зыми яужь имытыу тхьэлъэIупIэм щызыхосхэ. ТхъэлъэIупIэм фIэща цIэр «Хьэ/уэ/ра»щ. ЖыIэгъуафIэу «Хьэура»щ. Мы фIэщхъуныгъэм и лэжьыгъэхэр зезыгъакIуэхэм фIаща цIэр, «Хьэхьэм»щ. Хьэурам щызыхуэсахэм фIэщхуныгъэм щыгъуазэу гъуэгу гъэлагъуэ хохъу. Тхьэм хуащIыну фIыщIэ, щытхъу, лъэIухэр макъкIэ, макъамэкIэ зыдэжууэ бзэм зэрыхэхьауэ «уэрады»у ягъэзащIэ. Тхьэм хужаIэ щытхъу уэрэд къырагъэкIыу, «Тхьэуэрады» хужаIауэ, блигъэкIа гъэ куэдым жыIэгъуафIэу «тэурат»м нэсауэ, «тора»кIэ къапсэлъу тхыгъэхэми хыдолагъуэ.  

Тхьэм хуегъэзэкIауэ макъамэкIэ фIыщIэ, щытхъу, лъэIу хуэдэ жыIэкIэхэм и къежIапIэр «уэ»м, «ра»м, «ды»м зэрыхужаIар езы и цIэм хэтыжыу «уэрады»у къежьащ.  

Нобэ дызыхэпсэуэхь фIэщхъуныгъэми Тхьэм и лIыкIуэ Мухьэммэд хужаIэ щытхъу псалъэхэри макъамэкIэщ зэрыжаIэр. «Мэулуд» хурагъаджэу.Тхылъ лъапIэ «КъурIэн»ыми макъкIэ, макъамэкIэ щеджэм зэгъэкIуну «тэуджуд» хэлъу йоджэхэ «тилавэт» хужаIэу.  

Зы макъамэкIэ тхьэм хужаIахэм и къежьапIэр, зыхужаIэр ягъэлъапIэну фIаща цIэр «уэрады»щ. Нобэ фIэщхуныгъэ макъ жыIэкIэхэм папщIэ зэдмыхьэжми…  

Мы «уэрады» псалъэм и къежьапIэр ди бзэращ. Ди бзэм хэкIыу бзэхэми, фIэщхъуныгъэхэми хэфлъэгъуэфынщ.  

Ди уэрэд дэжуухэм федэIуэж! «Уэ ра гидэ» псалъэм, нобэрей жыIэкIэу: «Тхьэм гидэ» зэрыжиIэр хэфлэгъуэнущ.  

Нобэ уэрэдыр цIыхухэм зыхужаIэ:  

И щхьэцIыр щIакIуэмэ,  

И кIуэкIэр дахэмэ,  

И нэхэр нагъуэмэ,  

Ар сэ си къэшэнкъэ! ХужаIэуэ… «УЭ/РА/ДЫ» (уэрэдыу)!.. 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz