Хьэтхэм къатехъукlыжауэ, адыгэ лъэпкъ уардэр тенджыз Фlыцlэ lуфэмрэ Джылахъстэнеймрэ я зэхуакум дэлъ щlыналъэм къэралыгъуэшхуэу щыпсэуащ илъэс мин бжыгъэкlэ.
Адыгэ лъэпкъым и процент 95-р Урыс-Кавказ зауэжьым ихьауэ щытащ, зэтраукlами псэууэ къэнахэм ящыщ куэд дыдэ Хэкум залымыгъэкlэ ирашами. Урыс-Кавказ зауэм и пэ къихуэу Адыгэ Хэкум цlыху мелуани 2 щыпсэуащ. 1763-1864 гъэхэм къриубыдэу адыгэ мелуан 1,5-рэ яукlащ, ирашащ, е емынэмрэ -таломрэ яхьащ. Гуауэ зэрытщыхъущи, ираша адыгэр псори Тыркум нэсакъым: гъуэгу тету уз зэрыцlалэхэр къахыхьэри, абы илlыкlащ, тенджызым щlилъэфа кхъухьхэм иса адыгэхэри мин бжыгъэкlэщ къызэрабжыр.
Нобэ ди лъэпкъэгъуу дунейм тетым я бжыгъэм ущlэупщlэмэ, къэпщытэныгъэхэм къагъэлъагъуэр зэхуэдэкъым, ауэ нэхъыбэм жаlэр цlыху мелуани 3,5-рэщ. Зэрыгурыlуэгъуэщи, цlыху мелуани 3,5-рэ фlэкlа дымыхъур пцlыщ, Тыркум и закъуэ адыгэу мелуани 7,5-рэ зэрыщыпсэур къэплъытэмэ.
Адыгэу дунейм текъухьахэр зыхуэдизыр зэгъэщlэным теухуауэ 2010 – 2017 гъэхэм ирагъэкlуэкlа къэпщытэныгъэм мыпхуэдэ бжыгъэхэр къагъэлъагъуэ:
Тыркум – мелуани 7,5-рэ
Урысейм – 718727-рэ (2010 гъэ)
Абы щыщу а гъэ дыдэм ирихьэл1эу:
Къэбэрдей-Балъкъэрым – 520.467-рэ
Адыгэ Республикэм – 110229-рэ
Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм – 57427-рэ
Краснодар крайм – 24061-рэ
Ставрополь крайм – 10574-рэ
Москва къалэм – 5374-рэ
Осетие Ищхъэрэм – 2961-рэ
Иорданием – 98.000-рэ
Сирием – 120.000-рэ
Иракым – 37.000-рэ
Ливием – 350.000-рэ
Сауд Хьэрыпым – 26.000
Германием – 45.000-рэ
Мысырым – 224.000-рэ
США-м – 7100-рэ
Палестинэм – 4300-рэ
Израилым – 4200-рэ
Сербием – 2100-рэ
Узбекистаным – 1400-рэ
Украинэм – 1000
Австралием – 1000
Болгарием – 500
Мадагаскарым – 190-рэ
Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэм зи Хэкум ираша мухьэжырхэмрэ Мысырым 1390 – 1517 гъэхэм тепщэгъуэр щызыlыгъа адыгэ мамлюкхэм я щlэблэмрэ «адыгэ» (черкес) хужаlэу щыlэщ хамэ къэралхэм. Урысейм и щlыналъи 6-м нэхъ зэуlуу щопсэу адыгэхэр: Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Осетие Ищхъэрэ – Аланием (Мэздэгу щlыналъэм).
Щlэныгъэлlхэм къраlуэ бжыгъэхэм дзыхь хуамыщlу, езыр-езыру къэпщытэныгъэхэр езыгъэкlуэкl щlалэгъуалэ жыджэрхэр диlэщ, ди гуапэ зэрыхъунщи. Абыхэм къахутари ищхьэкlэ къэдгъэлъэгъуахэм фlыуэ къащхьэ-щlокl.
Пшахъуэр къигъэсэбэпурэ сурэт зыщl Гъукlэпщокъуэ Щауэмыр илъэс зыбжанэ хъуауэ къызэхекlухь ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу хамэ къэралхэр икlи Европэм, Африкэм, Къухьэпlэмкlэ щыlэ адыгэхэм яlуощlэ. «Си лъэпкъым и бжыгъэр зэрагъэмащlэр, адыгэр лъэпкъ мащlэхэм дызэрыхабжэр си гум идэркъым. Щlэныгъэр зи гъуазэхэм я пщlыхь къыхэхуэххэркъым дэ мелуани 10 дызэрыхъур!», – жеlэ Щауэмыр.
Адыгэу дунейм тетыр зы щlыналъэ щыпсэуну зэхуэсыжауэ ди нэгу къыщlэдгъэхьэнщ зы дакъикъэкlи, Европэм и къэралыгъуэ куэдым исым нэхърэ нэхъыбэ дыхъуу дыпсэунут. Псалъэм папщlэ, Швейцарием цlыху мел-уани 8,3-рэ щыlэу аращ. Болгарием, цlыху мелуани 7,2-рэ, Сербием – мелуани 7,1-рэ, Латвием, Литвам, Эстонием зэхэту – мелуани 6,2-рэ, Данием – мелуани 5,7-рэ, Финляндием – мелуани 5,5-рэ, Норвегием – мелуани 5,2-рэ, Ирландием – мелуани 4,6-рэ, Монголием – мелуани 2,9-рэ. Зэрытщlэщи, абыхэм ящыщ дэтхэнэри зыми емылъытауэ, экономикэ щхьэхуэ яlэу, заужьауэ апхуэдэщ. Уеблэмэ, къалъхур щыкуэд Таджикистаным, Къыргъызым, Тыркумэным, языны къуэ хьэрып къэралыгъуэхэм щыпсэуркъым апхуэдиз.
«Мелуани 10 хъу лъэпкъым нэмыплъ ептыныр тэмэмкъым. А мелуани 10-м сыт хуэдиз политик, дзэпщ, щэнхабзэмрэ бзэмрэ я лэжьакlуэ, щlэныгъэлl, lэщlагъэлl яхэт?! Адыгэм Иордание пащтыхьыгъуэм къыщыхуащl пщlэмрэ щlыхьымрэ сыт и уасэ!» – пещэ Гъукlэпщокъуэм.
Адыгэ Псалъэ