Сыт хуэдэ лъэпкъми иlащ зэман гугъухэр, шынагъуэхэр. Ауэ абыхэм пхрыкlыфам дунейм увыпlэ щхьэхуэ щигъуэтащ. Ди лъэпкъым ихъумащ и Адыгэ Хабзэр, Адыгэбзэр, Адыгагъэр икlи дэтхэнэ ди япэ ита нэхъыжь зым дежкlи лъапlэщ ахэр. Адыгэр тенджыз Фlыцlэм щызэпрашым и гугъакъым абы и лъахэ илъагъужыну. Арщхьэкlэ лъэпкъ уардэм и щlэблэр абыи къызэпрыкlыжыфащ, и Хэкум и фэеплъу ихъума хъугъуэфlыгъуэхэри (адыгэ хьэпшыпхэр) къызэпришыжыфащ. Апхуэдэхэм ящыщщ республикэм къэзыгъэзэжауэ илъэс куэд щlауэ щыпсэу, «Адыгэ унэ» тыкуэныр зыгъэлажьэ lутlыж Мэжид.
Нэхъыжьым зэхуихьэсыжа, ихъума дэтхэнэ хьэпшыпми адыгэ унагъуэр зэрыпсэууэ щытар уи нэгу щlагъэкlыфынущ. Псалъэм папщlэ, зэрыдэу щыта машинэм зы цlыхубз lэпщlэлъапщlэу къыщlэкlынкъым зэгуэр бгъэдэсар. Гъуаплъэм къыхэщlыкlа хьэкъущыкъухэр, цlыхухъум зэрихьэу щыта цейр, джанэр, щхьэрыхъуэныр, бащлъыкъыр – псоми зэманыжьым ижь къащlихуащ, лlэщlыгъуэ куэдым къыпхрыкlащ. Адыгэр зыхуэlэзэу щытахэм, дауи, ящыщщ лъэпкъ макъамэ lэмэпсымэхэр. Мэжид иlэщ шыкlэпшынэ лlэужьыгъуэхэри lэпэ пщыкlух зиlэ адыгэ пшынэри. Апхуэдэуи куэд и уасэщ къамэ зэхуэмыдэхэр зэрызэхуихьэсыфар.
Нэхъапэм дэтхэнэ адыгэми и пщlантlэм удыхьамэ, зы лъэныкъуэмкlэ шы уанэр щызэщlэлъу урихьэлlэу щытащ. Унагъуэ къэс къагъэсэбэпырт цыкlуэкlыр, lэнэ лъакъуищыр, фэтыджэн уэздыгъэр, арджэнхэр, шыкlэпшынэхэр – ди тхыдэм уриплъэжын щхьэкlэ абыхэм нэхъыбэ ухуейкъым. lутlыжым апхуэдэ и гъэтlылъыгъэхэр Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси l50-рэ щрикъум ирихьэлlэу щигъэлъэгъуауэ щытащ модельер Сэральп Мадинэ Налшык къалэм щиlэ Арт-центрым.
lутlыжым зэхуихьэса хьэпшыпхэр щыхьэт тохъуэ Тыркум, Сирием, Иорданием адыгэхэр зэрыщыпсэуа щlыкlэм, абыхэм я хабзэр зэрахъумам, лъэпкъым и тхыдэр я гупсысэкlэ, lуэхукlэ нобэм къызэрахьэсам. lутlыж Мэжид езыр ящыщщ хэхэс гъащlэм и бэлыхьыр зышэчахэм, атlэми Хэкум ар къыхуэкlуэжащ и бзэр, и щэнхабзэр ихъумауэ.
– Ижь-ижьыж лъандэрэ лъэпкъ пагэу, пщlэ къыхуащlу къэгъуэгурыкlуа ди нэхъыжьхэм я цlэкlэ тхузэфlэкl lуэхуфl длэжьын хуейуэ ди языхэзми и къалэну къызолъытэ, – жеlэ lутlыж Мэжид. – Тхыдэр тхауэ щыlэщ, абы уеджэфынущ. Арщхьэкlэ пасэ зэманым лъэпкъым къыдекlуэкlа хьэпшыпхэр щыплъагъукlэщ, ущеlусэкlэщ псэм нэхъыбэ щызыхищlэр. Сэ си лъэпкъыр згъуэтыжащ, си къуэпсхэр къыщежьэ Хэкум сыкъихьэжри. Хьэпшып зэхуэсхьэсахэм я гугъу пщlымэ, псалъэм папщlэ, зы уанэм илъэсиплlкlэ Тыркум сыщыкlэлъыкlуа къэхъуащ. Гугъуехьыр пщхьэщокlуэтыж уи псэм щыщ lыхьэ къыпlэрыхьэжа иужькlэ. Ди лъэпкъым ехьэлlа хьэпшыпхэр Тыркум щызэхуэсхьэсыжын къыщlэздзэри, Хэкум сыкъэкlуэжа иужькlи а лэжьыгъэм си гум фlэфlу пысщащ. Ди адэжьхэм нэхъ пэгъунэгъу дызыщl хьэпшыпхэр тхъумэным мыхьэнэшхуэ иlэу къызолъытэ. Хьэпшыпхэм зы бгырыпх яхэлъщ, адрейхэм хуэмыдэу згъэлъапlэу. Щlэинхэр зэхуэхьэсыжыныр сэ абыкlэщ зэрыщlэздзар. Хьэпшыпыжьхэр щащэхуж зэмант, арщхьэкlэ ар зи дахагъэр сэ унагъуэм схущlегъэхатэкъым. Сыщlалэ дыдэу абы и уасэр къызэрызгурыlуам нобэ сыщогуфlыкlыж. Пэжыр жыпlэмэ, а бгырыпхыр къызыхуэзгъэнэн щхьэкlэ щlыхуэ къыстехуар илъэситlкlэ спшыныжыфауэ арат. Итlанэщ си анэм ар и пащхьэ щислъхьар… Шапсыгъым сыщыщыпсэуам си гъэтlылъыгъэхэм ящыщу музейм еста зы бгъэlулъхьэмрэ бгырыпхымрэ илъэсипщlкlэ абы щlэлъащ. Зэгуэр ахэр тыгъэ яхуэсщlа пэтми, Къэбэрдеймкlэ сыкъыщыlэпхъуэжым а хьэпшыпхэр музейм и тхьэмадэм къызимытыжу идатэкъым. Дэтхэнэ зы хьэпшып къэзыугъуеижами езым и хъыбар щэху иlэжщ.
Адыгэм и Щыгъуэ махуэщ накъыгъэм и 21-р. Ар тхыдэм и пэжщи, абы зыри пхуещlэнукъым. Ауэ, сэ жысlэну сызыхуейращи, нобэ дызэрыпсэум нэхъыкlэ лъэпкъыр Тхьэм димыщl. Сэ сропагэ, срогушхуэ си лъэпкъ лъэщым, мыпхуэдэ дахагъэ куэд зиlэр щэнхабзэкlэ дуней псом зэи икlэ щыхъунукъым. Дызэгурыlуэу, ди тхыдэр, хабзэр, бзэр ди щlэблэм яхэтлъхьэжу, щlэныгъэкlэ гъащlэм дыпхрыкlыну – аращ сызыхуейр. Нэгъуэщl хэкlыпlэ адыгэм диlэкъым…
КъБР-м щlыхь зиlэ и артист, композитор Хьэlупэ Джэбрэlил жеlэ: «Зи Хэку зыгъуэтыжыну хуейм Мэжид щапхъэ трихыпхъэщ. Псэуну хуейр зыми емылъытауэ мэпсэуф. Сыт хуэдэ псэ къабзэ уиlэн хуейт, хамэщl къыщыхъуа щlалэ цlыкlум и адэжь лъахэм епха хьэпшыпхэр зэхуихьэсыжыныр игу къэкlын, а lуэху мытыншыр хузэфlэкlын щхьэкlэ?! Щlалэгъуалэм гу лъезгъэтэну сыхуейт адыгэм зэрихьэу щыта хьэпшыпхэм нэхъыбэу дыжьын кlэралъхьэу, дыщэ ирамыгъэlусэу зэрыщытам. Апхуэдэщ бгырыпххэри, къамэхэри, щlопщыкlхэри… Мэжид дуней псом лъэпкъыу тетым щапхъэ ярегъэлъагъу. «Уифl умыгъэпуд, уи lей умыгъэпщкlу», – жиlащ пасэрейм. lутlыж Мэжид ящыщщ гъэлъэпlэн хуейхэм».
Зи хабзэр зыхрамыгъэныфа, сыт хуэдэ гугъуехьми кlуэцlрыкlыу зи бзэр зыхъумэжа, зи щэнхабзэ къулейр къызыдэгъуэгурыкlуэ лъэпкъщ адыгэр. Ар наlуэ пщащl Мэжид хуэдэ цlыхухэм.
Адыгэ Псалъэ