Дэтхэнэ зы лъэпкъри хущIокъу абы къыщIэхъуэ щIэблэм щIэныгъэ егъэгъуэтыныр, гъэсэныгъэ дахэ хэлъхьэныр. Пасэрей Алыджым къыщежьа егъэджакIуэ IэщIагъэр къыхэзыхыр куэдкъым. ЩIэныгъэ ин зыбгъэдэлъ, гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ щапхъэу щыт, гу къабзэ зиIэ, псэ къулей зыдэплъагъу, сабийхэр фIыуэ зылъагъу, щапхъэу къэплъытэ хъун егъэджакIуэу къысщохъу Дзэлыкъуэ куейм хыхьэ Къамылыкъуэ курыт еджапIэм и егъэджакIуэхэр. Дэтхэнэ зыми фIыщIэ псалъэ яхуэфащэщ, ауэ нобэкIэ си тхыгъэр Къанкъулхэ я нысэхэм яхузогъазэ.
ЖыпIэнурамэ, мы цIыхубз гуащIафIэхэр теплъэкIи, хьэлкIи, еджапIэм щрагъэдж предметкIи зэхуэдэкъым, ауэ яхэр зэзышалIэ Iуэхугъуэу щытщ я лэжьыгъэм гупсэхуу зэрыбгъэдэтхэр, еджакIуэхэм псэемыблэжу зэрыдэлажьэхэр, къыхахауэ гуащIэ зытралажьэм итхьэкъуауэ зэрыщытхэр. Къанкъулхэ я нысэхэу ФатIимэ(Назир ипхъу), Аллэ, Майе, ФатIимэ(Мусэ ипхъу), Залинэ сымэ пщIэ куейми, республикэми щызиIэхэщ.
Илъэс 41-рэ хъуауэ егъэджакIуэу мэлажьэ Къанкъул ФатIимэ Назир и пхъур. Зи лэжьыгъэм фIыуэ хэзыщIыкI, хамэбзэр еджакIуэхэм яIурызылъхьэ, псэхугъуэ зымыщIэу пшыхь хьэлэмэтхэр, зэIущIэ дахэхэр, гъэсэныгъэм хуэзыущий дерс щхьэпэхэр мымащIэу зыгъэхьэзыр ФатIимэ зыхэIэбэ дэтхэнэри телъыджэу къызэрок1. Мыр зыщымыгъуазэ, мыбы зыхимыщIыкI щыIэу къыщIэкIынкъым:нэмыцэбзэ, инджылыбзэ ирегъэдж еджакIуэхэм, усэбзэ дахэ Iурылъщ, къафэми цIыкIухэр хуегъасэ, адыгэ хабзэр и Iэпэгъущ, гупсысэкIэ гъэнщIащ къипсэлъ дэтхэнэри. Щапхъэу куэдым я дежкIэ щытщ ФатIимэ. ЗэфIих лэжьыгъэр тэмэму зэрыщытым къыхэкIыу, щIэныгъэ зэрыбгъэдэлъым , иригъаджэхэм зэпеуэхэм, зэхьэзэхуэхэм увыпIэ нэхъыщхьэхэр къызэрыщахьым папщIэ Къанкъулыр Урысей Федерацэм цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ цIэ лъапIэр къыхуагъэфэщащ. НобэкIэ егъэджакIуэр еджапIэ унафэщIым егъэджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмкIэ и къуэдзэу мэлажьэ.
ЦIыху гуапэ, сыт щыгъуи зи нэгур зэIуха, щабэу псалъэ Къанкъул Аллэ Борис и пхъур урысыбзэм и егъэджакIуэщ. Илъэс 43-рэ хъуащ Аллэ мы лэжьыгъэм гурэ псэкIэ зэрыбгъэдэтыр. ПщIэрэ щIыхьрэ зыхуащI егъэджак1уэм и макъ зригъэIэтауэ, ину хишауэ псалъэу зэхэсхакъым. Сыт щыгъуи хуабагъэ къыббгъэдэзылъхьэ егъэджакIуэм и къалэн нэхъыщхьэр дерс екIуэкIым еджакIуэхэм Iэмал зэриIэкIэрэ нэхъыбэ къащIэныр аращ. Методикэ и лъэныкъуэкIэ зэщIэузэда урокхэр я щIэщыгъуэщ еджакIуэхэм. Урысыбзэр, урыс литературэр езыгъэдж егъэджакIуэ нэхъыфIхэм хабжэ Аллэ. Абы и щыхьэтщ егъэджакIуэм фIыщIэ, щытхъу тхылъхэр тIощIрыпщIу зэри1эр. Мызэ-мытIэу егъэджакIуэ зэпеуэхэм хэта Аллэ увыпIэ нэхъыщхьэхэр къыщыхуагъэфэщащ. Къанкъул Аллэ и цIэр сыт щыгъуи зэрыжаIэр фIы и лъэныкъуэкIэщ. Абы хуэарэзыщ ар зи егъэджакIуэу щытахэри, лэжьэгъухэри, адэ-анэхэри, еджапIэ унафэщIхэри.
«Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ екIуэкI къэралпсо зэхьэзэхуэм тIэунейрэ щытекIуа, квалификацэ лъагэ зыбгъэдэлъ, УФ-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ Къанкъул Майе Цоцэ и пхъур. Илъэс 33 хъуащ Майе еджапIэм физикэр зэрыщригъэджыр. ЖыпIэнурамэ, ц1ыху емызэшыж, зэувалIэ, зыпэрыув Iуэхугъуэм хэзагъэ щыIэмэ, Къанкъулыр апхуэдэщ. Егъэджэныгъэм нобэрей зэманым къигъэув къалэн псори зыщыплъагъу дерсхэр екIуу, гъэщIэгъуэну езыгъэкIуэкI Майе сыхьэтыр щыхуримыкъу щыIэщ, апхуэдизкIэ куэд еджакIуэхэм щIэщыгъуэу ябгъэделъхьэри. Арагъэнущ абы классщIыб, къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр еджакIуэхэм ядрищIылIэу щIыщытыр. Физикэр зыджхэм зэпеуэхэм къыщахьыр бжьыпэщ. Лэжьыгъэ ядезыгъэкIуэкI егъэджакIуэм и насыпыр зыхилъагъуэр аращ-иригъэджхэм щIэныгъэ яIэу илъагъуныр. Егъэджэныгъэм къыдэкIуэу, Къанкъулыр класс унафэщIщ. Абы гъэсэныгъэм теухуауэ лэжьыгъэшхуэ ирегъэкIуэкI. Iэмал зэриIэкIэрэ ар щапхъэ яхуохъу и гъэсэнхэм, адэ-анэхэм я дежкIэ чэнджэщакIуэщ. Махуэшхуэ зэхыхьэхэм, зэпеуэхэм къэпщытакIуэу, пщIэ хуащIу ирагъэблагъэ егъэджакIуэщ Къанкъул Майе.
Къэбэрдей-шэрджэсыбзэм и егъэджакIуэ Къанкъул ФатIимэ Мусэ и пхъум къыхихауэ зыхуэлажьэ IэнатIэм илъэс 35-рэ хъуауэ пэрытщ. Лэжьыгъэшхуэ еджакIуэхэм ядезыщIылIэщ ФатIимэ. Ар сыт щыгъуи кIэлъоплъ сабийм и жьабзэми, тхыбзэми, гъэсэныгъэу хэлъми. Дерс иригъэкIуэкIхэм абы иригъаджэхэм анэбзэр нэхъри нэхъыфIу ирегъэлъагъу, макъыбэу зэрылъэлъу щыт адыгэбзэмкIэ еджакIуэхэм я гупсысэхэр къаIуэтэфу ирегъасэ, пасэм къыщежьауэ ди нобэм къэса , дунейпсом дыкъызэрацIыху адыгэ хабзэм щIепIыкI, щегъэгъуазэ. ФатIимэ и жыIэм сыт щыгъуи хэлъщ гуапагъэ, цIыхугъэ, дахагъэ. Мы егъэджакIуэм и лэжьыгъэм , Iэху зэрызэфIихым щыгъуазэщ куэд. Куей, республикэ унафэщIхэм къабгъэдэкIыу фIыщIэ, щытхъу тхылъхэр къызыхуагъэфащэ Къанкъулым и дерс зэIухахэр фIым и щапхъэу къалъытэ. Бзэм ехьэлIауэ екIуэкI зэпеуэхэм бжьыпэр къыхуагъэфащэ ФатIимэ и гъэсэнхэм, езыри мызэ-мытIэу адыгэбзэм и егъэджакIуэ нэхъыфI хъуахэм ящыщщ. УпщIэ зи1эу абы зызыхуэзыгъэзахэм я жэуапыр сыт щыгъуи пэжщ, гупсысэкIэ гъэнщIащ. ФатIимэ адыгэ хабзэм къигъэув пщалъэ псори зыхэлъ цIыхущ, абы пщIэ хуащI , дзыхь ирагъэз.
ЦIыхур ипэкIэ кIуэтэн папщIэ, абы ищ1эн хуейщ и блэкIар, ар щыгъуазэу щытыпхъэщ лъэпкъым и тхыдэм. Тхыдэр бджыныр тыншкъым. Уи насып къикIащ блэк1ар, цIыхум къигъэщIар, Iуэхугъуэу щыIахэр гупсэхуу уи пащхьэ къизылъхьэ егъэджакIуэ пцIыхумэ. Апхуэдэу щыщыткIэ, Къамылыкъуэ курыт еджапIэм и еджакIуэхэр ехъулIащ, абыхэм яIэщ Къанкъул Залинэ Къэралбий и пхъур. Залинэ илъэс 21-рэ хъуауэ къыхиха IэнатIэм пэрытщ. Лэжьыгъэ игъэзащIэм гурэ псэкIэ зэрыбгъэдэтым и щапхъэщ абы и гъэсэнхэр фIым я фIыжу зэпеуэхэм къызэралъытэр. ЕгъэджакIуэр тхыдэр езыгъэджхэм я пашэхэм хабжэ. Абы къыхэкIыуи фIыщIэ, щытхъу тхылъхэр иIэщ. Залинэ и дерсхэр методикэ и лъэныкъуэкIэ зэщIэузэдауэ щытщ. Абы еджакIуэхэм къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр я пащхьэ ирелъхьэ. ЦIыху гущIэгъулыщ ар, еджакIуэр зыгуэр хуейуэ, хуэныкъуэу ищIэмэ, тIысу щымысыф цIыхущ. Къанкъулыр егъэджакIуэ закъуэкъым, атIэ ар гъэсакIуэщ. Абы и классым щызекIуэр пщIэщ, нэмысщ. Сыт щыгъуи зи нэгу зэIуха, гуапэу щыт, щIэныгъэ зыбгъэдэлъ егъэджакIуэр щапхъэщ.a