Паспорт плъыжьыр къыlэрыхьащ

0
110
Нухь Щаззия

Нухь (Чыл) Шаззия Сирием къиlэпхъукlыжри, Къэбэрдей-Балъкъэрым къекlуэлlэжауэ щытащ абы зауэр къыщыщыхъеям щыгъуэ. И лlакъуэр къыщежьауэ щытащ Хьэтууей къуажэм. XIX лlэщlыгъуэм, Урыс-Кавказ зауэр иуха нэужь, Хэкур зыбгынэну къызыхуихуахэм ящыщт къызытекlахэр. 2023 гъэм, зауэ лыгъэр щхьэусыгъуэ хуэхъуами, абы и зы хъуапсапlэ къэхъуащ: игъащlэм имылъэгъуа бгыжьхэм къахуэкlуэжащ. И адэри, и адэшхуэри псэуху щlэхъуэпсат а бгыхэм я напэлъагъум.

Бзылъхугъэр илъэсихкlэ щыпсэуащ «Терек» санаторэм.

Иужькlэ, фэтэр къыхуащтэри, абы lэпхъуащ. Илъэс 92-м ит Шаззия Урысейм и цlыхуу щытынымкlэ и дэфтэрхэр зэрызэхуэмыхъум къыхэкlыу, илъэс зыбжанэ хъуауэ Къанокъуэ Арсен абы пенсэу ирет сом мин l5, зыщlэс фэтэрми и бэджэнд уасэр хурет. Бзылъхугъэм и гуфlэгъуэ нэпсхэр къыщlож Къанокъуэм фlыщlэ псалъэхэр щыхужиlэкlэ. Ар йохъуэхъу фlыкlэ гу къылъызыта, къыдэlэпыкъуа псоми. «Си жьы хъугъуэм утыкум сыкъранакъым цlыхухэм. Сыту куэд сэбэп къысхуэхъуа, сыту куэд къысхуэгузавэрэ,сыту куэдым фlыщlэ яхуэсщlрэ! Абыхэм я фlыгъэкlэ сэ иджы жысlэфынущ «Си унэ секlуэлlэжащ!». Ар куэд и уасэщ. Зы закъуэщ сигу щlэныкъуэжыр: тхылъ плъыжьыр – мы къэралым и паспортыр къысlэрыхьатэмэ…» – жиlат Шаззия.

Иджыблагъэ Шаззия къыlэрыхьащ зыщlэхъуэпса паспорт плъыжьри. Зи хэкур зыгъуэтыжа адыгэ бзылъхугъэм и нэгум щlэкlа псори зэпелъытыж, псэкlэ игъэвахэр игу къегъэкlыж, гулъытэ къыхуэзыщlахэм йохъуэхъури, жьыщхьэмахуэ хъуауэ къелъытэ.

Адыгэ Псалъэ

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz