Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Жигейкъуей Бабыгуей

Къуажэр Жигей щlыналъэм къикlа 1889 гъэм кхъухькlэ Тыркум Мерсин къалэм къекlуэлlа гупым ящыщщ. Мы гупыр Кочджагъыз, Каяпынар, Бурхьание, Кумбэтыр къуажэхэм ирапхъыхьащ. Адана къалэм и хуабэм псэупlэ къаримыту къыхигъэзыхь щыхъум Узняйлэм къэкlуэнкlэ фlагъэнащ, мы гупитlым унэгъуэ 60 ыр Жаныкъуей къэтlысащ. Жигейкъуэ Бабыгуей къикlа гупри Кыркгечиткlэ зэджэ (Жигейкъуэ Бабыгуей) жыхуаlэ щlыпlэм 10 унагъуэ 71 нэрыбгэу 1892 гъэм къэтlысахэщ. Хэкум къыздикlа щlыпlэм жеикъуэт зэреджэр ауэ Жейыкъуэ и цlэуэ зы лъэпкъ щыlэкъым, Бабыгухэ я къуажэщ. Ипэдыдэ къэтlысар гупым япэ итар пщы Жамботыкъуэм и нэхъ зэуакlуэ гупхэм ящыщ гупхэм ящыщ Бабуг Асланбеч икъуэ Алищ. Али хэкум 1858 гъэм къыщалъхуащ. Итlанэ Къамбек Мусэ икъуэ Османщ. Къыщалъхуа гъэр хэкум 1851 гъэращ.

Тхьэкъуахъуэ Хьэж Ибрахим икъуэ Аслан 1851 гъэм къалъхуащ. Дыду Нуман икъуэ Шамил 1855 гъэм къэхъуащ. Къуажэр зыухуахэм я цlэу тхузэгъэщlар мыхэращ. Къуажэпщыр Жамботыкъуэм и уэркъхэм ящыщ Бабуг Али я унафэщlу яухуащ. Мы къуажэм щыпсэуа лъэпкъхэр хуэдз къикlауэ лlыгъэшхуэ зезыхьа Хьажрэт Къэбэрдейхэм ящыщщ. Къыщыдэкlыну лъэхъэнэм нэсух я гуи я псэи тралъхьэри урысым езэуахэщ.

Жигейкъуэ Бабыгуей къуажэр Кайсери къалэм 118 Азей районым 18 км кlэ пэжыжьэщ. Бгыхэм я зэхуакум мэзым хэсу зы къуажэщ. Нобэкlэ къуажэр Адыгэ зырыдэмысыжым папщlэ Аушэр къуэжауэ аращ. Бабыгейыр дыду хэ я щlалэхэмрэ Къанбекхэр 1971 гъэм щызэзауэри дыду Вехьби икъуэ 17 ныбжъым иту ямыщlэкlэрэ шэ къытехуэри яlэщlэукlыхьа хъуащ. Ар щыхъум дыду Вехьби и мылкур Аушэрым ирищэри Махъархьаблэ къэlэпхъуэжащ. Къуажэр зытекъутэу щыщlидзэм Къанбекхэи я мылкур Аушэрым иращэжри къыдэкlри Кайсери къалэм къэlэпхъуащ. Иужькlэ зэпсоми я мылкур Аушэрым иращэжри къыдэкlыжахэщ. Кофэщэрхэр Махъархьаблэ къэтlысащ адрей унагъуэхэри хэтыр къалэшхуэхэм хэтыр хэхэсу нэмыщl Адыгэ къуажэхэм lэпхъуэжащ. Зэржысlам хуэдэщи мы къуажэм Адыгэ 1974 гъэ лъандэрэ щыпсэужкъым. Къуажэм теухуауэ я псэукlэ сыт дыщlытепсэлъыхьыни щыlэжкъым.

 

Yazarın Diğer Yazıları

Исмел кыт

Абазэ къуажэ. Ачкаруа. Къуажэр нобэ Къэрэшей-Черкес Республикэм ищӏым щыӏэ Бащылбий щӏыналъэм къикӏу Казанчык къуажэм къэтӏыса Абазэхэм ящыщщ. Иужькӏэ Исмейлыкъуэм игъусэуэ Казанчык къуажэм къыдэкӏри къуэжитӏ хъуэ...

Панлы – Панкуей

Абазэхэ къуажэщ. Унагъуэ зыплӏытхуи Болгарием къикӏауэ гуэч къыщащӏам къэралым къыдигъэтӏысхьауэ унагъуэ щопсэур. Къуажэм и гъунапкъэхэр Сывгын, Тозгун, Эскитеккэ, Меликгази, Кушчулар, Акорен къуажэхэращ. Къуажэр япэрей зэманым 120 унагъуэ...

Бащылбий – Демырбогъа

Абазэ Ачкаруа къуажэщ. Къуажэр 1859 гъэхэм нобэ Къэрэшей-Черкесым Бащылбий щӏыналъэм къикӏа Абазэхэм яухуа Казанчык къуажэм къыхэкӏыу 1867 гъэхэм мы къуажэр яухуащ. Къуажэр къуажэ цӏыкӏущ....

Sosyal Medyalarımız

9,251BeğenenlerBeğen
2,745TakipçilerTakip Et
4,012TakipçilerTakip Et
677AboneAbone Ol

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img