Нобэр, ды къуажэдэсу, ди цIыкIущхьэм, еджапIэ щIэдзэгъуэм изолъытыри; Дэ, Адыгэ цIыкIухэр ди бзэм фIэкIа бзэ дымыщIэу, еджэныр ТыркIубзэкIэ екIуэкIыу, егъэджакIуэхэри гугъ дехьхэт. ЕджапIэм, амэлыншэу зэригъэщIа Тыркубзэр гурыIуэгъуэ бзэу щызырахьэу, унэм къэкIуэжа цIыкум хуэшэрыуэ бзэ и бзэр зирихьэт. Ауэ егъэджакIуэхэм дашэк гугъэхьыр ягъэмащIэмн папщIэ, унагъуэ кIэцIыми Адыгэ бзэкIэ щыпсэлъэныр ирагъэбйнэну хабзэ къырагъэжащ. ЦIыкухэм зым зыр и Iуэтэжу, унагъуэ кIуэцIыми Адыгэ бзэкIэ псалъахэр къагъэтэджыу, я Iэгу ирагъэшиям зы бжыгъэ удын техуэу. Зэзэмызэй, куэдыщIэрэ къэтэджа хъумэ, хабзэ къутэ къырыгъэкIыу, удын щIыкIэр нэхъ ткIиуэ зэхъуэкIауэ, зэгуэту иригъэшия Iэпхъуамбэ щIыIум къытэхуэ пхъэбгу пащIэм и дыркъуэми пкъым нэхъ зыхищIэу къытехуэт…
Зедмыхьэжыным нагъэса ди бзэр, ди щIалэгъуэм хуэзэу, Анкара Адыгэ Хасэм щызырахэу, нэгъуэщ къалэхэм къыкIауэ ди бзэр зезыхьэ зэрыхэтлъагъуэм дыщыгуфIыкIыу, диригушхуэу щIэддзащ. Хэкум хьащIэ къыкIащ жаIэмэ жэкIэ тлъагъуну дыкIуэу, ез уи бзэм урипсалъэу, нэгъуэщ къралыгъуэхэм къикIахэми зарыздэбгуэшыр уи бзэу, щэхуу гукIэ уригуфIэу зы щIалэгъуэу.
КъытIэщIэхьа тхылъ цIыкIу Букуар, АнэдэлъхубзэхэмкIэ зэдыгъэщIа ди бзэм и тхыкIэм дыригуфIэу, зымыщIэхэми ди бзэм тхыпкъ, тхыгъэ зэриIэр яфIэгъэщIэгъуэн къащыхъуу. Дэ зэдгъэщIахэр нэхъыщIэхэми ядгъэщIэну нэхъ Адыгэ зыдэс хьэблэхэм, щэхуу дыкIуэу ядгъащIэт. Куэд икIуакъым дзэр къралыгъуэм къытеуэу и зекIуэкIэр щызырахъуэкым, ди лэжьхэри, ди лажьэкIэхэри псори зыпыкIащ. Зыхуэтхьэса тхылъ тIэкIу диIэхэри хэт еттами, е игъэсыжащ, е псыунэ мащIэм иридзэу игъэкIуэдащ. БзэмкIэ щIыбым, нахуэу дыримыпасалэфу, унагъуэ кIуэцIыми ТыркубзэмкIэ ебэу щIидзащ. Адыгэу, и бзэр зезыхьэхэр мащIэ хъууэ, хэщIыу, и бзэр хуземыхьэжыу…
Хасэ унафэ лэжьыгъэхэм и фIыщIэу парламентым къыщыдагъэкIа хьабзэмкIэ къалитIым Кайсэри, Дузджэ Iунивэрситэхэм Адыгэ бзэ къудамэхэр, курыт еджапIэхэми Адыгэбзэ/Абазэбзэр хэдэ хэхкIэ тхьэмахуэм сыхьатиткIэ ирагъэджыныу яублащ.
Яублащ, яублакIэ! Иджъы и бзэр езыгъэджын Адыгэ унагъуэ, зыджын Адыгэ щIалэцIыкIу долъыхъуэ. Зы еджэщ (Класс, sınıf) Iуахыфын папщIэ еджакIуэу (10) цIыкIуипщ хуэныкъуэщ. Кайсэри Адыгэ Хасэр мы Адыгэ бзэ джыным хущIокъу. Ди цIыкIу нэхъыбэ еджасэрэт хужиIэу. Iуниверситэм Адыгэ бзэ къудамэм щеджэ егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэ цIыкухэр зэригъэгъуэтыну… Къайсэри къалэм щыIэ еджапIэхэм 10 фIэкI Адыгэбзэ еджапIэщ Iурагъэхащ. Гоксун еджапIэщитI, Измир зы еджапIэщ щыIуахат.
Мы мазэм и 12 нэс Адыгэ бзэр хахыу яджын папщIэ унагъуэхэм хэдэтхылъым Iэ щадзэн хуейщ. Дахэплэнущ, унагъуэ дапщэм «АдыгэбзэкIэ джын»ыр хахыну, къалэ дапщэм еджапIэхэм, «бзэ еджэщ» щыIуахыфыну.
Адыгэхэр нэхъыбэуэ щыпсэу къалэхэм Истанбул, Анкара, Бурса, Самсун, Чорум, Дузджэ АдыгэбзэкIэ еджэщ иджыркIэ щыIуахауэ зыхэтхакъым. Дузджэ къалэм дэт Iуниверситем Адыгэ бзэ къудамэм щырагъэджэрэ пэт.
Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъу бжыгъэр щыдгъэлъагъукIэ мэлуан зытхухкIэ дыропсалъэ.
Мы къалэхэм бзэр хъумэным, хабзэр зехьэным елэжьхэм ящыщщ Кайсэри Адыгэ Хасэр. Мы хасэм епхахэм и унафэу Адыгэ лъэпкъым и хьабзэр хъумэн, щэнхьабзэм къыхэкIыу зэрихьэ щхыныгъуэхэр и хъумэу гъэлъэгъуэн, зэрихьэ Iэщэ/фащэхэр, абы тет тхыпхъэхэр, Iэрылъ, Iэрыгъ хьэпшыпхэр къыщIагъэкIын, къыдигъэкIын папщэ Адыгэ бзылхугъэ гуп зыхэхьауэ Кооператив яухуащ. Я нэхъыщхьэ унафэщIыу Алхъэс Нуршах ящхьэщытщ. Мы яухуа Адыгэ Iэщагъэ кооперативыри Кайсэри къалэм дэт «щэн/щахуэ унэ»м (Ticaret Odası) ирагъэщIащ.
Бзэр, Хабзэр, лъэпкъым къыщIэнар зепхьэмэ мэпсэу!
НытIэ, дэри жытIэр аращ! ХъугъэфIыгъэу зехьай гъэпсэу!
09.02.2024, Кайсэри къалэ