Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Караджаорэн – Бащылбий Абазэ Къуажэ

1859 гъэм Карачай Черкеск Бащылбий Абазэхэр Тыркум къакlуэри Казанчык и цlэуэ къуажэм къэтlысахэщ. Къуажэм щlышхуэ яубыдащ (сэ къызэрсщыхъумкlэ 150.000 декарщ). Ауэ Казанчыкъ къуажэм ящlыр зэр иным папщlэ яхъумэн зэрхуер къагурыlуэри Караджаорен, Тавладере, Темирбогъа ицlэу къуэжищ Казанчык къуажэм къахэкlри къуэжищу яухуащ. Мы яухуа къуэжищым зыр Караджаоренщ. Къуажэр къуэжэцlукlщ ауэ 35.000 декар хуэдиз щlы яlыгъщ. Къуажэр Сивас къалэм Шаркышла районым епхащ. Сивас къалэм 113, Шаркышла районым 30 км, Кайсери къалэм 135 км пэжыжэу зы Абазэ къуажэщ.

Къуажэр Туркмэну Башорен, Докметаш, Олукташ къуажэхэмрэ Абазэ Темирбогъарэ Тавладере къуажэхэмкlэ къэхухьащ, ящl зэпылъщ.

Кьуажэр 1859 гъэм къэтlыса Бащылбий къуажэ Казанчыкым 1877 гъэхэм къыдэкlу зуухуа лъэпкъхэр Жэтгэр, Мыд, Ягъан, Дэгунэ, Агачэ, Казан, Шармат, уначlэ лъэпкъхэм яухуащ.

Жэтгэр етек икъкlэ цlэрыlуэуэ пхъэпшынэ еуэу джэгуакlуэ усакlуэт Къуэгъулкъуей къуажэм шы гуртэ игъэхъу губгъуэм здилъым имыщlэкlэ здэщылъым губгъуэм къыщаукъащ.

Абы иужъкlэ Жэтгэр Адилрэ Зекирэ джэрахьу щта.

Караджаорэн Бекир итl щыпсэу щтащ зыр Агачэ Бекырышхуэ Адрери Мыд Бекирцlукlт. Ин цlыкlу щlэджэн щlэхъуар я ныбжьырат.

Мыд Зия

Мыд кучук Бекир Абреджу илъэс куэдрэ губгъуэм итащ. Хуабжьу лыгъэшхуэ хэлъу лlы бзаджэт ауэ куэдрэ тутнакъми щlэсри 42 ныбжъ иту уз гуауэм илlыкlащ.

Къуажэр къуэжэ Бзаджэт зэржаlэмкlэ лlыуыкl куэд язэхуаук къыдэхъухьырт. Тырку, Адыгэу мы къуажэм къыфlэмлlыкl lэгъуэ благъуэм къуажэ итакъым.

Кьуажэм нобэ дэсыжlэкъым. Щlы якуэдщ ауэ псори къалэшхуэхэм lэпхъуэжауращ. Зэпсори еджауэ хуэкъулейу къалэхэм дэсщ. Къуажэм щыlэ я унэжъхэр ягъэщlэрэщlэжауэ гъэмахуэхэм къуажэм къокlуэжри Бжъыхьа пщlондэ я лэжьыгъэ кърахьэлlэри бжъыхьам къалэхэм мэlэпхъуэжхэр.

Къуажэ яухуэн зэрхуер къагурыlуа нэужъ 1877 гъэм Казанчык Бащылбий къуажэм къикlу Караджаорен къуажэр зыухуа лъэпкъхэмрэ лlы цlэхэмрэ я цlэр сызэрылъэlэсамкlэ мыхэращ;

Мыд Ахьмэд, Махьмуд.

Ягъан Хьаж Умар, Якъуб.

Жэтгэр Хьажы Гендухьа, Салихь, Хьаж Умар, Жэтгэр Адил икъуэ Салихь.

Мыд Ахьмэд икъуэ Гази абы икъуэжыри Зия.

Уначlа Тоган хэкум къикlащ ауэ Караджаорен ипэ къэкlуахэр абы икъуэхэращ. Я цlэхэри Хьастел, Аслан, Бесленщ.

Дэгунэ Махьмуд цlэрыlуэшхуэт къуажэм ипэдыдэ къэкъуахэм ящыщт.

Уначlэ Шефик
Мыд Абидин

 

 

 

 

 

 

 

Жэтгэр Фатимат
Жэтгэр мухьудин. Мы шым ицlэр тарык щ. Жыгъажэхэм езэнэрей увыпlэ къихьау шыщ. Истамбыл къалэ

Yazarın Diğer Yazıları

Хьэпэщlей / Ташолук

ХьэтIохъущокъуэ Гази 1859 гъэм 76 унагъуэ и гъусэу хьэжым кIуэн и щхьэусыгъуэу къакIуэри османлым къыдэтIысхьэщ. Ипэ дыдэ яухуа Адыгэ къуажэхэм ящыщу ХьэпэщIей къуажэр яухуащ....

АнзорейцІыкІу / Пазарсу

Къуажэр 1859 гъэм хэкум Хьатуей къикІа лъэпкъхэм я ухуауэ зы къуажэщ. Тохъу Али, Тохъу Елмырзэ, Алтуд, Тэнокъуэ, Мэзанхэ ипэ къэтІыса лъэпкъхэрщ. ИужькІэ Тагу, Хьэмгъокъуэ,...

Кlурашынхьаблэ/Тахьтакопру

Адыгэ/Къэбэрдеи къуажэ. Къуажэр 1859 гъэм хьэжым кlуэн я щхьэусыгъуэу Урысым къикlа пщы Хьэтlохъущокъуэ Гази и гъусэу Узняйлэм къэтlыса гупым къахэкlыу нобэ щыпсэу щlыпlэм къэтlыса...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img