И лъэпкъым щхьэпэжауэ цlыху куэд лъэпкъхэм ягъэлъэгъуэж. Дэри абы хуэдэу, лъэпкъым хуищlа лlыгъэхэр, дэщlыгъуауэ фlыгъэхэр зылэжьа, зыгъэзэщlа цlыху куэд диlэщ. Хъулъхугъэуи, бзылъхугъэуи. Я цlэхэр къебжэкlын хъумэ зым и цlэр бгъэlуу, адрейхэр къэбгъанэ зэрымыхъунури, дызэрагъэса хабзэм дигъэлъагъуу, мыпхуэдэр игъуэу къытщохъу.
Ауэ сэ мы мазэрей тхыгъэм, и цlэ и щхьэкlэ Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм куэдым зыхамыхауэ, сэ си лэжьыгъэхэмкlэ (бзэ лэжьыгъэ) куэду къысщхьэпэу гъуэгу гъэлъагъуэ схуэхъуауэ, ди бзэм хуэдгъэув ныбжьым и гурыщхъуэри lэтынымкlэ щхьэпэ тхуэхъуа зы щlэныгъэлэжь, зы къэхутакlуэщ сызытепсэлъыхьу, сызытетхэхьынур.
Къихута и лэжьыгъэхэм лъыгъуазэ хуэхъуауэ Фырэ Анфисэ ди бзэмкlэ зэридзэкlыжу «Адыгэ Псалъэ» газетым 2018 гъэм щlышылэ мазэм и 20-м къыщытридзам 2019 гъэм гъатхэпэ мазэм и 16-м сырихьэлlауэ сэджащ. Куэду гъэщlэгъуэн къысщыхъуа мы лэжьыгъэр къэзылэжьар, слъэгъуа, сепсэлъасэрэт жысlэу; хэкум 2022 гъэм, шыщхьэlу мазэм хуэзэу слъагъуфынущ жыхуэсlэу сызыпэплъэ къэхутакlуэр «къовид» зыфlэща уз цlалэм къемылу нэгъабэ дунейм ехыжащ къызжаlащ. Мы схуэмылъэгъуа щlэныгъэлэжь къэхутакlуэр Мэржьэхъу Мухьэмэдт. (И хьэдрыхэр нэху Тхьэм ищl. Лъэпкъым хуилэжьар жэнэту Тхьэм къритыж.)
Мэржэхъу Мухьэмэд, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Дзэлыкъуэ щlыналъэм щыщ «Дзэлыкъуэ Къуажэ»м 1943 гъэм накъыгъэм и 5-м дунейм къыщытехьащ. 1959-64 гъэхэм Радио/ТВ КБР къэралыгъуэ уэрэджыlакlуэ, къэфэкlуа гупым щылэжьащ. 1964-69 гъэхэм ар щыпсэуащ Лагвие ССР-м и Даугавпилс къалэм, щэнхабзэ унэм унафэщlу тетащ. Институт куэдым щеджами хуэухакъым. Яужьым Москва Горькэм и цlэр зэрихьэу дэт Литературэ институтыр къиухащ. 1981 гъэм Мухьэмэд хагъэхьащ Тхакlуэхэм я зэгухьэныгъэм, 1982 гъэ пщlондэ Москва щыпсэуащ.
И лъэпкъым и бзэм, и хабзэм, и тхыдэм и къежьапlэр къатещlэным теухуауэ хамэ къэрал зыбжанэм къыщыщидзащ. Адыгэм и псэм, и дунейм, и гупсысэ гъэпс купщlэр къыщыунэхуа щlыпlэмрэ, зэманымрэ хэлъыхъухьыу, абы зэгъэпщэныгъэкlэ къихутащ. Индием и литературэбзэу ялъытэ Санскритыбзэмрэ Адыгэбзэмрэ зэлъэхъэнэгъуу зэрыщытар, бзэ куэдыр абы къызытепщlыкlар, Адыгэбзэм нэхърэ нэхъыжьу бзэ зэрыщымыlар, и лэжьыгъэхэмкlэ къыбгуригъэlуэну яужь итащ Мухьэмэд.
Къыкlэлъыкlуэ гъэхэм, бзэм и щэныгъэхэм хуегъэзэкlауэ, Канадэм щыlэ Макъмастэр университетым и щlэныгъэлэжь проф. Джон Коларуссо адыгэбзэми елэжауэ хэкlуэдэжа Убыхыбзэми лэжьыгъэ куэд тригъэкlуэдащ. «Нартхэр» эпосыр инджылызыбзэкlэ зэридзэкlащ зэридзэкlауэ, пасэрей тхыгъэжьхэми къоджэфыр. Массачусетс технологие институтым, гупхэм я генетикэ лэжьыгъэм къалэжахэри тегъэщlапlэ ещlыр.
Бзэ щlэныгъэрылажьэхэм зэраlуэтэжымкlэ, Адыгэбзэр Индоэвропэбзэм химыубыдэу щхьэхуэу къогъуэгурыкlуэ. Бзэ щlэныгъэрылажьэ цlэрыlуэ Къумахуэ Мухьэдини и еплъыкlэри мыбы хуэдэщ.
Джон Коларуссо къихута Адыгэбзэмрэ Санскритыбзэмрэ зэлъэхъэнэгъуу, зы лъабжьэ яlэу, ахэри къызытехъукlыжауэ и лъытэ бзэр, узэlэбэкlыжмэ илъэс мин 26-рэкlэ гъашэ хуегъэув. (…ауэ а бзэр зезыхьар Атлантидэм ей, Лlымура ейми жиlэркъым!) Сыт хуэдэ къэхутэныгъэми lэмал хухэха иlэщ. Бзэм и мыбжьыри къызэрахутэр зэгъэпщэныгъэщ, Абы шэч къытесхьэркъым ауэ сэри зы lуэху еплъыкlэ сиlэщ жиlэу…
Тхыдэжхэм къахэщыжу, ауэ къахуэмыгъуэтауэ зы щlыпlэ телъыджэу Гималайхэм ей Тибэт щыпсэухэр, «Агартхэ»р. Агртхэм хэт «тхэ» псалъэ кlэухымрэ, адыгэбзэм хэт «тхьэ»псалъэм егъэлэгъуэр тlуми къригъэкlыр «Къэзыгъэщаращ». Апхуэдэ зэщхьыныгъэ куэд ущрихьэлlэнущ адрей цlыхугъэ гъуэгу лъэужьхэми (сивилизация) хэту. Псалъэм папщlэ: Вайкунтхэ, Индубзэм къыхэщыж тхьэ «Бинщу и жэнэт. Йоговашитхэ, Санкритымкlэ тха тхылъ нэхъыжь дыдэу Тиртхэнкарэ. Буддэхэм Тибетым зэреджэр аращ, Тхьэ пэлъытэ жиlэу кърагъэкl…
Малинатхэ, Сукхинатхэ зыфlэща тхьэ бзылъхугъэ яlащ, буддэхэм яхэтащ. Санскритыбзэм хэт «хтэ», «бхэ», «дхэ» пкъыгъуэхэм иращlылlэм хуэдэуи пасэрей Мысырхэми яlащ «Тхьатхьэ» псалъэ, Тхьэхэм я тхьэж къригъэкlыу. Адыгэхэм «Тхьэшхуэ» зэрыжытlэм хуэдэу. Апхуэдэщ Бхагиратхэри.
Тибэт щыlащ Нартанг зыхужаlа тхьэлъэlупlэ. Ар диным, щэнхабзэм, щlэныгъэм хуегъэзэкlа щlыпlэу, тхылъ тедзапlэ иlэу, тхылъ хъумапlэ быдэу, Тхылъ еджапlэ иlэу, чэнджэщрэ, дэlэпыкъуныгъэрэ щыбгъуэтынут. Зы ныбжь нэса сабийхэр щапыlу, щагъасэт, анэ-адэр имылъагъуу. Адыгэхэми яхэлъащ «атэлыкъ» (пlур) зыфlэща гъэсэныгъэу.
Адыгэбзэм Нартым папщlэ: «Къызэрыгуэкl цlыхухэм япэlэщlэу псэу зауэлl лъакъуэ» кърагъэкlыу. Тибет щыlа лъэпкъым «уэгум (уэщхьам) щыпсэу гъэсакlуэ» кърахырт. Индием я lуэрыlуатэхэм къызэрыхэщыжымкlэ, Кришнэ тхьэм и гъусэхэм «Нарткlэ» йоджэ. Абазэхэми ещхьу «анартэ» псалъэри щlыпlэ цlэуэ щызэрахьэ.
«Шигъадзе»кlэ зэджэ щlыпlэр Нартанг пэжыжьэкъым. «Ши-шы» псалъэм къикlыр зыщ. «хуарэ» псалъэри къыхощыж тибэт lуэрыlуатэм, Сосиош (гъущ шу) лlыхъужьыр. Адыгэм Сосырыкъуэ (гъущ мывэм и къуэ) жыхуэтlэр. Сэтэней псалъэм хэт «сэт» псалъэм Санскритыбзэмкlэ къикlыр «пэж», «шэч зыхэмылъ»щ. Сэтэней гуащэ, ар бзылъхугъэ lущщ, пэжым и телъхьэщ. Теплъэ дахэ иlэщ.
Гу лъытапхъэщ, «Хьэрамэ lуашхэрэ» Санскрит «хьэрамэмрэ» [тхьэм тыгъэу тыхь (lэщ) щыхуаукl щlыпэщ]. «Хьэ»-р цlыхущ, «Ра»-р тхьэдыгъэlэм и фlэщхъуныгъэ цlэщ. «мэ»-р тын, тыгъэщ…
Щэныгъэлэжьым еlуэтэж:
– Сэ сыщыпсэуащ Путтапарти (Индие Ипщэм), Сатья Саи Баба гъэсакlуэм и хэщlапlэм. Ар сэ къыздэlэпыкъуащ Санскритырбзэр джын щыщlэздзам. Махуэм тlэу, пщэдджы-жьымрэ пщыхьэщхьэмрэ, Санскриткlэ тха Индуизмэм и тхыгъэ лъапlэм (ведхэм) еджэрт, Адыгэ пшынэм и макъым ещхьу къэlу lэмэпсымэм дежьууэ, зэзэмызэ и макъым зригъэlэту. Япэ сыщедэlуам зысхуэмыгъэхъеижу сызэщlэнат Тезгъэзэжурэ сыкlуэрт сэ а щlыпlэм, зы еджэгъуэ блэзмыгъэкlыу. Сэ абы щызыхэсх макъамэм си лъэпкъ пшыналъэр сы гу къигъэкlыжырт, и ныкъуэм деж къысщыхъурт Адыгэбзэ къэlуу. Иужкlэ къызгурыlуэжауэ аращ: Сыщыцlыкlум щыгъуэ зыхэсхат а макъамэр, ауэ ар «Ведтэкъым», атlэ ар Сосырыкъуэ и пшыналъэрат! Си анэмкlэ си адэшхуэ Жыбылэ Ислъам уэрэд жыlакlуэ цlэрыlуэт, езым ищlыжа шыкlэ пшынэмкlэ еуэу жаlэж. Сэ ар, дуней ехыжауэ сыкъытехьащ. Слъэгъуакъым. Абы и ныбжьэгъуауэ къущхьэхъу гъатхэм дэкlыу, бжьыхьэм къыщехыжым си анэш къуажэм къыщыувыlэти, шыкlэ пшынэр къыщригъэхти, кхъужь жыг лъабжьэм щlэсу еуэрт.
Къамылыкъуэ щыщ ди адыгэбзэкlэ егъэджакlуэ Къанкъул Адмир, адыгэбзэр зыхуэмыгъэшэрыуэ, абы хуэжьажьэ щызэхихкlэ, адыгэ уэрэдыжьхэр, нарт пшыналъэр къыхидзэрт. Сигу къинэжат макъамэр.
Сщlэркъым Хьэlупэ Джэбрэил ведхэм едэlуауэ, ауэ абы и lэдакъэщlэкlхэмрэ, пасэрей Тхаатхэмрэ (ведхэм я дэжьу) зэщхь зыщl яхэлъэщ.
Санскритым хэтщ мыпхуэдэ жыlэгъуэ:
– «Джей-джей Боло Бхагаван Будда!» «Боло»-р цlэрыlуэ, щытхъушхуэ зиlэ. «Бхагаван»-р Тхьэ пэлъытэ, Тхьэм и лlыкlуэу «джей-джей», Адыгэм «уей-уей» жыхуэтlэ хэlэтыкlыныгъэм ещхьу аращ къикlыр. («Уей-уей, щытхъу зиlэ, Тхьэ пэлъытэ Будда!»)
Псыдзэшхуэм къелын папщlэ къурщ лъагапlэхэм зыщызыхъумэжауэ «Уафэр щымыджэмыпцlэу щlылъэр щызэпцlагъащlэм» щыжаlар (l)уэщхьа махуэм теса Нартхэмрэ ахэм пыщlауэ Гималайхэм и лъагапlэм къелахэм я зыпыщlэныгъэри къыхощ мы дызытепсэлъыхь Мэржэхъу Мухьамэд мы и лэжьыгъэхэм къыхэщыжу…
Хэкумкlэ, 2024 гъэм фокlадэ мазэм и 5-м сокlуэ. Зэзыдзэкlыу зытхыжа Фырэ Анфисэ срихьэщlэу, дытепсэлъыхьыну. Дзэлыкъуэ къуажэ Мэржэхъу Мухьэмэд къыщlэнахэм, къаlэщlэна щlэн, зыхуэхьэсыжахэр зыгъуэту сыхэплъэну сокlуэ.
Мы тхыгъэр, ятхыжам гъэкlэщlауэ зы хэплъэкlэщ. Зы лэжыгъэщхуэщ, нэхъ убгъуауэ утыку илъхьэни хуейщ, икlи хуэфащэщ.
Лъэпкъым хуэлэжьахэми пщэшхуэ хуэтщlу…