Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Бжыгъэхэр, бэуэ жэуэ къыдобж (!)

Мы псалъащхьэми зэригъэлъагъум хуэдэу, «бэ» псалъэми куэдыгъэр, «жэ» псалъэми псынщIагъэр егъэлъагъуэ. Куэдыр, жэкIэ зыкIэлъыкIуэн, зыкIэлъыгъэкIуэн къикIыу. Бжын, бжыкIэ, бжыгъэ псалъэхэми хэтыжыу хыдолъагъуэ. Бэуэ зежэ куэд ди бзэми къыхэхьащ, IэщIагъэхэми къыхэхьащ. Къуа/жэ псалъэр, къуэм щежэх псым и нэзыр тIысыпIэу цIэ хуэхъуащ. Шэрхъ, чархъ хуэдэу зы кугъэ зиIэхэм и кугъэ нэзым жIэкIэ къыщырежэкIыу, жэкIэ мажэ. Зы IухьэпIэ, зы щIэхьэпIэм Iут, Iухын, хуэщIын зыгъэзащIэм и фIэщыгъэцIэр «бжэ»щ. Бэуэ Iож, ирожэкI, икIи мабжэ, куабжэуэ, чыкIэ щIамэ, чынабжэуэ…

Псэущхьэу «бжэн»ыри мабжэ зыпыщIа зыпыкауэ какэу; мэ э э э э жиIэу зыкIэлъыкIуэу зы бжэкIэ щIыкIэу… Арауи къыщIэкIынщ «Бжэн» щIыфIащари.

Мы «бэ»уэ куэдыгъэ зыгъуэт, зыхэлъхэр матэ матэу зыхэлъхьэкIэуи къежапей хуэхъуащ щIэныгъэм и зы къудамэуэ. МащIэу щыIэр IэщIэлъынщ. IэщIэмыхуэр зы гуэрэм телъыу, тетыу, гъэтIылъауэ, щытыну, зыхэту. Мис «матэ»ри зыхэтыныгъэу матэ матэу къожьэри къуэдыгъэхэр «бэ»р зыхелъхьэн зыхэхынкIэ щIедзэ. Гуэшын, гъэбагъуэнкIэ мэкIуатэ, зеужь. Зы куэдыгъэ зыхэлъ «бэ»р, бэра’м бэгъуэным къыхокI. Ахэр зыхуэдизыр къэщIэн папщэ; бжын, бжыкIэ, бжыгъэ щIэн, зэгъэщIэн хуей хъуащ.

Зы, тIу, щы, плъым нэс бжыгъэу, бжыкIэу, хузыфIэкIыу цIэ хуэхъуауэ зыкъомырэ зырихьэфахэращ. яужкIэ игъэкIуатэу, хигъахъуэу. Къуажэу, хьэблэу тIыса нэужь, игъэса псэущхьэхэр багъуэу, бжыгъэкIэ щыхэхъуэм щыгъуэ е иритхъэу, е мывэ цIыкIу игъэтIылъу, иIэ Iэщым хуэдиз, зыхуигъадэу, хуэгъэдэн щIыкIэу зэрихьащ. Бжыгъэ бжыкIэр, и Iэпхъуамбэхэрауэ къыщIэкынщ, пщIы, пщIынэрейуэ хигъахъуэфу щIидзащ. Ауэ ищIыкIын, щыхъум пщIыр щым, плIым щыращIыкIым къыдэхуэт, къыдэхуар иращIыкIыжмэ ныкъуэ дикъуэ хъут, ИщIыкIыгъуафIэ хъун бжыгъэу Хым и тIууащIэ пщIыкIутIыр, щыми, плIыми езэгът. Нэхъ зехьэгъуафIэ къащыхъуащ. И къежьапIэри, зы Iэм пыт Iэпхъуамбэ къупщхьэхэм и Iэхъумбэщхуэм ирагъэбжу халъэгъуа бжыгъэ (12) пщIыкIутыращ. Ари а Iэм пыт IэпхъуамбитхукIэ ягъэбагъуэу (60) хыщI бжыгъэр лъэгу хуэхъуащ. ХыпIщIанэрей лъэгу хужыпIэ хъуну… бжыгъэ куэдым тыншу ипщIыкIыфу, гъэбагъуэн тыншыгъэ игъуэту.

Сыхьэтыр зытещIыкIар а бжыгъэращ. ХыщIыр хыкIэ гъэбэгъуауэ (60х6=360) щищырэхыщIыр зы хъурейагъэм ищIыкIа бжыгъэ хуэхъуауэ. А хъураей щIыкIэр щыми, плIымы… бжыгъэ куэдым ипщIыкIыфыу.

Мэзэпотаме (Мазэ поуитIымей)м щаухуа тIысыпIэшхуэ быдапIэ (къалэ) Iур, Iурух хуэдэ быдапэхэм я блыну нэз хуащIахэм и кIыхьагъхэр (60) мэтрэ хыщIщ. И лэгъуу зытесыр (60х60=3.600 м2) минищырэ щихырэ м2.щ.

Мы бжыгъэхэр гъэлъагъуэн папщIэ тхыпхъэхэр хуагъуващ. Бжыгъэр хэхъуэу тхыпхъэр куэд щыхъум щыгъуэ тхыпкъ зэхъуэкIахэр хуагъуващ. Хы нэзым Iус быдапIэхэм (къалэ) къекIуалIэ щэн щэхуакIуэхэм нэхъ гурыIуэгъуэ хуэхъуу зырахьащ мы тхыпкхэр. Нэхъ щызырахьауэ ялъытэ БыдапIэхэм язщ ФэникIэр. Грекхэм абыхэм трахауэ ягъэлъагъу. Къащэхуар, иращIар, Iэрылъхьэ, Iэрымылъхьэ и уасэр ятхын хуейщ. IэрытхэкIэ зыхухьэсауэ, матэуэ. Абы къикIыу цIэ хуэхъуауэ си гурыщхъуэщ. (Телэжьыхьын хуейщ.) Iэрытхэ матэм къикI (Iэритхматик) хужаIауэ. Феплъ: («Aritmetik» teriminin kökü, «sayı» anIamına geIen Antik Yunanca ἀριθµός (arithmos) ve «sayma sanatı» anIamına geIen ἀριθµητική τέχνη (arithmetike tekhne) keIimeIerinden türetiIen Latince «arithmetica» terimidir.)

Мы матэматик (Iэрытхматик) щIэныгъэ лэжьыгъэхэр цIыхугъэм кадэгъуэгрыкIуащ. Лъэхъэнэ кIыхь икIуащ, нобэ къэсыхункIэ. Гэомэтри зыфIэщIа зы лъэгу пщын гъэлъэгъуэным къытехъукIа зы къудами хэтыжщ. А щIэн къудамэм щIыкIищ хэтщ. Щимэ, плIимэ, хъураей. Адырей щыкIэхэр мыхэм къытехъукIащ (Призма) зыпэпщимэ, зыпэплIимэ зыпэхъураей хуэдэу. И цIэхэм уеплъыу хужыпIэ хъунущ. Хъу ра ей (хъурей) щIыкIэр дыгъэм и теплъэу тхьэм ейуэ, тхьэгъухэри хурейщ, плIимэр хъулъхугъэ дамыгъэу, щимэр бзылхугъэ дамыгъэу ялытауэ.

Къэтпсэлъахэр цIыхугъэм нобэ нэс къигъэса, куэдыгъэр зыхэзылъхьэ, зыхэзых, изыщIыкI, зыгъэбагъуэ хуэдэ лэжьыгъэхэр зылэж зы щIэныгъэм хэтыжщ, мы бжыгъэр, бжыкIэхэр, и бжыгъэ тхыпкъхэр. Теплъэ щIыкIэхэр.

Зыдохьэ, егъэджакIухэм ирагъаджэ. ЕджакIуэхэм зырагъащIэ. Ауэ сытыбзэкIэ дагъэщIами, зэдгъэщIами ахэр зыдохьэ.

Мэгъэ хэкум сыщыкIуам гу лъыстащ. ЩэхуапIэ дэнэ сыщIэхьамэ и уасэр урысыбзэкIэ къыщызжаIэм, сэ урысыбзэ зэрызмыщIэр гурызгъэIуамэ Адыгэбзэ зыщэми, итхыу, машынэм иригъатхэу сагъэлъагъут. ЩыпIэ куэд сащырихьэлIащ. Зэм, тхылъ щапIэм сыщахуэу, и уасэм сыщIэупщIауэ, сызыдэщахуэ Адыгэ бзылъхугъэм, ди бзэмкIэ щыжимыIэфым, урсыбзэкIэ щIэупщIэу, адыгэбзэу, и уасэм, зы щыплIым зыри жаIыфакъым, зым къыжыIати абыйи пхэнджу жьиIауэ, машынэм иратхэу и захуэр дагъэлъагъужащ…

Хэмыдзауэ, щэн щахуэным мыбы хуэдэу сарихьэлIащ.

Сабий сад зыфIаща цIыкIу гъэсапIэм сарихьащIэу а махуэм: Жэпуэгъуэм и тIощI (20) «Адыгэ Махуэ»м и епщIанэреи (10.) махуэм хуэзэу зы псэлъэгъуэ къыщыслъысам, хэкум, сызыдеблэгъахэм, щыслъэгъуа, хэслъэгъуа дахагъэхэм сытепсэлъыхьащ, махуэмкIэ сехъуэхъуащ. Сыкуэжмэ Тыркум мы дахагъэр щыстхыжынущ. Ауэ си жагъуэ зэрыхъу, зы Iуэхугъей къыхэзгъэщмэ сфIэфIт… ЖысIэри къезгъэжьащ. Дэнэ щIыпIэ сыщыщэхуами зыми ди бзэкIэ уасэ къызыжаIакъым. Ар си жагъуэ зэрыхъуар, анэ адэ зыхэсхэм зыхуэзгъазэу: -КхъыIэ ди щэблэхэм бжыгъэр, бжэкIэр зи мухъуми унэм щевыгъащIэ яжэсIат. Ди нэхжыжь Адыгэ Псалъэ газетым и нэхъыщхьэ тхакуэ ХафIыцIэ Мухьамэд дызыбгъэдэтти, зыкъысхуигъазэу: -Тыркум щыIэ Адыгэхэм псоми, АдыгэбзэкIэ бжэкIэ ящIэрэ? къызыжиIауэ щытащ.

ХьэфIыцIэ ди нэхъыжьым, жиIари пэжщ! Хухэхауэ емылэжьамэ ди лэныкъуэкIи, Тыркум дэри куэдым бжыгъэцIэ зыпыщахэри, бжэкIэри шэрыуэу тхузехьэкъым

Ди бзэм и бжыгъэ бжыкIэр дызыхэсым и бзэкIэ жытIэу, ди бзэр захуэу щIэблэм тхуегъэщIасэрэт.

Дэрдэру зэдгъэщIэжа ди бзэмкIэ, зэрытхуэтхыжыфу…

Önceki İçerik
Sonraki İçerik

Yazarın Diğer Yazıları

Си гур хэкумкlэ къэнауэ…

Илъэсит ипэ Хэкум сыщыlауэ, синэ къыхукlт, сыкуащэрэт, слъэгъуащэрэт жызигъэlэт си гум. «Ди бзэ Ди псэ» гуп сызыхэтым и унафэщ Дыгужьокъуэ Мухьэмэд Хьэмид Жорданым и...

Лъэпкъым щхьэпэу, хуэлэжьахэр!

И лъэпкъым щхьэпэжауэ цlыху куэд лъэпкъхэм ягъэлъэгъуэж. Дэри абы хуэдэу, лъэпкъым хуищlа лlыгъэхэр, дэщlыгъуауэ фlыгъэхэр зылэжьа, зыгъэзэщlа цlыху куэд диlэщ. Хъулъхугъэуи, бзылъхугъэуи. Я цlэхэр...

Шхыныгъуэ къызыхэкІ ІуэхугъуитІ! Iэщ зехуэн, вэн-сэн!

 Мы дыгъэлъэгъуа IуэхъугъуитIым щIамыдзэ кIыщIэ; цIыху зыфамыщ ипэ, хьэ лъэхъэнэм щыгъуэ, аддэ, ижъ ижъыжъым щIыналъэм и хуэбагъэм епхауэ апхъуэурэ, зекIуэурэ псэуащ. Жэщым и...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img