Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

«Бзэрабзэ» тхылъыр дунейм къытехьащ

«Бзэрабзэр» адыгэбзэр зэзыгъэщlэну щlэзыдзэми, бзэр зыщlэу зи щlэныгъэм хэзыгъэхъуэну хуейхэми къахуэщхьэпэнущ.

Зи гугъу къыфхуэтщlыну «Бзэрабзэ» тхылъыр дызэрыт дыгъэгъазэ мазэм дунейм къытехьащ. Ди lэдакъэщlэкlыр, псом нэхъапэ, Тыркум ис адыгэм хуэгъэзами, абы имызакъуэу, тыркубзэр зыщlэу адыгэбзэр зыджыну мурад зиlэ дэтхэнэ зы цlыхуми хуэщхьэпэнущ. Илъэситхум и кlуэцlкlэ дгъэхьэзыра тхылъымкlэ Тыркум ис ди лъэпкъэгъухэм адыгэбзэр нэхъ гурыlуэгъуэу, нэхъ тыншу зэредгъэщlэнум теухуащ. Тхылъыр зытха Гъуэгунокъуэ Елизаветэрэ Тэнащ Тамарэрэ кlэщlу уатепсэлъыхьмэ, хэкум (Къэбэрдейм) дыщыщщ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къэдухащ, ауэ илъэс бжыгъэ хъуауэ Тыркум дыдэсщ.

Гъуэгунокъуэ (Гъукlэ) Елизаветэ
Тэнащ Тамарэ

Гъуэгунокъуэ (Гъукlэ) Елизаветэ Эскишехир къалэм дэсщ, бзэ щадж еджапlэм урысыбзэкlэ щрегъаджэ.

Тэнащ Тамарэ илъэс щэщlым щlигъуауэ КъБКъУ-м хамэ къэрал къикlа еджакlуэхэр адыгэбзэмкlи урысыбзэмкlи щрегъадж1э. 2019 гъэм щыщlэдзауэ Къэйсэр къалэ дэт Эрджиес университетым и Эдебият факультетым ирагъэблэгъауэ урысыбзэкlэ щрегъаджэ.

Мыпхуэдэ тхылъ Тыркум ис ди лъэпкъэгъухэм куэд щlауэ тыгъэ яхуэтщlыну ди хъуапсапlэти, мы гъэм къыдэхъулlащ. «Бзэрабзэр» адыгэбзэр зэзыгъэщlэну щlэзыдзэми, бзэр зыщlэу зи щlэныгъэм хэзыгъэхъуэну хуейхэми къахуэщхьэпэнущ. Япэ lыхьэр тхэкlэ-еджэкlэ зэзыгъэщlэнухэм яхуэгъэзащ. Тхыпкъхэм (хьэрфхэм) я тхыкlэ, къеджэкlэ, къэпсэлъыкlэм lэмал зэриlэкlэ гулъытэшхуэ хуэтщlу дытелэжьыхьащ. Абы и щхьэусыгъуэкlэ, тхылъым епхауэ kendi kendime Çerkesçe öğreniyorum YouTube каналыр къыхузэlутхащ. Каналым ит видеохэм я QR-кодхэр тхылъым итщи, еджакlуэр щыхуейм ихьэурэ, тхэкlэ-еджэкlэм имызакъуэу, псалъэщlэхэр я мыхьэнэр и гъусэу хузэгъэщlэнущ, къабзэу я къэпсэлъыкlэм едаlуэурэ, езым къипсэлъыжыфууи зригъэсэфынущ. Абы нэмыщl, каналым итщ адыгэ псысэхэр, уэрэдхэр. Ахэри бзэр къазэрыгурыlуэнымкlэ, псэлъэкlэ зэрызрагъэщlэнымкlэ сэбэп хъунущ. Тхыпкъылъэм адэкlэ адыгэ грамматикэм хохьэри и пэм къыщыщlэдзауэ и кlэм нэс нэгъэсауэ тыркубзэкlэ къыщыгъэлъагъуащ. Мыбдеж жыlапхъэщ, ди lэдакъэщlэкlыр зы псалъэ къэмынэу къытхуизыджыкlыжа Мэрэш къалэм щыщ егъэджакlуэ Дзэшокъуэ Ахьмэд Челик фlыщlэ зэрыхуэтщlыр.

Щlэныгъэр и лъабжьэу зэхэтлъхьа зэрыхъуамкlи, нобэрей технологиехэр къызэрыдгъэсэбэпам и фlыгъэкlи, мы тхылъыр, курыт еджапlэхэми, еджапlэ нэхъыщхьэхэми (университетхэми), езыр-езыру зэзыгъэщlэнухэми яхуэщхьэпэнущ.

Диаспорэм адыгэбзэр щыхъумэжыным щхьэкlэ дэри ди гуащlэ хэтлъхьэну ди мурадащи, сэбэп дыхъуамэ, гурэ псэкlэ ди гуапэщ. Тхылъыр щыттхым къыщыщlэдзауэ, къыдэгъэкlыным щиухыжу ди lуэхур къэддэзыlыгъа, къыддэlэпыкъуа «Метропол» тхылъ тедзапlэм и тхьэмадэ Кlэнэтl Рауф Генелрэ Каффедым и унафэщlхэмрэ фlыщlэ яхудощl. «Бзэрабзэ» тхылъыр лъапэ махуэкlэ утыку къихьауэ, адыгэ лъэпкъым тхуэмахуэн, тхуэщхьэпэн хъуауэ Тхьэм къыщlигъэкl.

 

Гъуэгунокъуэ (Гъукlэ) Елизаветэ

Тэнащ Тамарэ

Yazarın Diğer Yazıları

Güreşte altın madalya

Güney Osetyalı sporcu Amaga Zasseeva, 15-16 Kasım’da düzenlenen “Slavyansky Bölge Belediyesi Açık Güreş Yarışması”nın 67 kg kategorisinde 4 maçı kazanarak birinci oldu.

Sambo

Adigey, Takhtamukay 1 No’lu Spor Okulu öğrencisi Rasul Naş, Bişkek’te düzenlenen Dünya Sambo Şampiyonası’nda altın madalya kazandı. 7-9 Kasım tarihlerinde gerçekleştirilen şampiyonaya 73 ülkeden 600’den...

Yüzme

Güney Osetyalı genç yüzücü Alexander Ualyty, 15-16 Kasım tarihlerinde Moskova’da düzenlenen Mad Wave Classic yarışmasında gümüş ve bronz madalyalar kazanarak başarıyla mücadele etti.

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img