Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Дызыщыпсэу къалэ: Къайсэри!

Нобэ мы цlэр зэрихьэми тепщэгъуэр зыlыгъа къэралыгъуэхэм епхауэ Хьэтхэри, абы пыщlауэ Хьэтlитlхэри, Ромари, Персыри, Макэдоныри, Сэлчукъури, Османлыри щыпсэуахэщ. Кападокя зыфlэща къэралыгъуэми къалащхьэй хуэхъуащ. «Мазэкъа»кlэ еджащ. «Кайзэр»и цlэ хуэхъуащ.

Мыбы щыпсэуахэм нэхъ пасэрейуэ къыхэщыр Хьэт къэралыгъуэ нэужь тепщэгъуэр зыlэщlыхьэ Хьэтlитlхэращ. Тlысыпlэ псэупlэу яубыда къалэу, къалащхьэу къыхэщыр «Канеш» зыфlэща щlыпlэрщ.

Бзэм нэхъ щыгъуазэ ди лъэпкъэгъухэм щыщ Балкъэр Сэлчукъ мыбы щыпсэуа пщыхэм я зым и цlэр «Инар»щ жи.

Аткlэ, Къарашей Сэбахаттин, Канеш къалэм Къайсэрым щыпсэуахэм хуигъэфащэ цlэр «Нэсыжхэщ» жи.

Ар дыдэм сыщымыгъуазэми Тхыдэм зэригъэлъагъуэм, къыщlатыкlыжауэ утыкум илъ, музейхэм щагъэлъагъуэхэм дащыхэплъэжым щыгъуэ къыхощыж. Тхьэм и лlыкlуэу ялъытэ Иса ипэ е 13-рей лlэщlыгъуэ гъэхэм, нобэ узэlэбэкlыжмэ 3200 гъэ ипэ Хьэтlитlыпщыу тетар е 4-рей Тlутхьэлиащ. Тlутхьэлиа, е 3-рей Хьэтlущили пщымрэ, и щхьэгъусэ гуащэ Пудухьэпа и къуэщ.

Къадэш Зауэр, Иса ипэ 1274 гъэм е 2-рей Рамсэсрэ Муватталирэ я зэхуаку щlэкlуэкlащ. Зэгурыlуэныгъэр е 3-рей Хьэттущилирэ, е 2-рей Рамсэсщ, зэгурыlуэныгъэм lэ щlэзыдзахэр.

Мы зэгурыlуэныгъэм Lэ щlэзыдзахэм къахощ. Пщы Хьэтlущили дэщlыгъуу, и щхьэгъусэ гуащэ Пудухьэпа ( е 4-рей Тlутхьэлиа и анэщ) и дамыгъэри зэрыщlэдзар къыхэщу хыдолъагъуэ.

 

Пудухьэпа, Лауазантия (Элбистан) къалэм щыпсэу фlэщхъуныгъэрылажьэ (рахьиб)ым и пхъущ. Езыри фlэщхъуныгъэрылажьэ (рахьыбэ)щ. Къадэщ зауэ нэужь Тхьэм тыхь хуащlыну зыдэкlуа Лауазантиям, япэрей и щхьэгъусэр дуней ехыжауэ, пщы Тlутхьэлиа, фlэщхъуныгъэ къарур дэщlыгъуауэ, Рахьибэ Пудухьэпа къишэжащ. А бзылъхугъэр апхуэдэу лъэщти Тхьэбзылъхугъэуи ялъытэт.

lугарит къыщагъуэтыжа дамыгъэми къыщыхощ. Тlутхьэлиа, «Хьэтlущилирэ Пудухьэпа и къуэщ» зытет дамыгъэм. Иджырэ къас, бзылъхугъэу, анэ Пудухьэпа и цlэр къызыхэщ, япэ дыдэ дамыгъэщ. Хьэтlущили дунейм ехыжа нэужьи и къуэ Тlутхьэлиа и гъусэу «тlуаннанэ»уэ тепщэгъуэр и lыгъащ.

Дызытепсэлъыхьынур, Хьэтlитl лъэхъэнэм Пщы Тlутхьэли и цlэр къызыхэщыж, абы и лъэхъэнэм къыщlэна Эрджиес Къуршым и цlэр «Хьархьара»уэ зэтетхыхьа мывэхэращ.

Хьархьара! Хъарамэ!

Мы псалъитlым я макъ зэщхьыкlэм гу лъыфта!

Зыр Нарт lуэрыlуатэхэм къыщыхэщ зы уэщхьащ. Хэкум (l)уащхьэмахуэм и зы къуапэщ. Тыхь щыпlащ. Хьэрамэ (l)уэщхьащ.

Адрейр Анэдолэм, Хъэтlитlхэр зыщыпсэуа Къанеш къалэр зыкlэщlэс Эрджиес Курщ лъагэм фlаща цlэращ. «Хьархьара» и цlэу. Узэlэбэкlыжмэ, 3200 гъэ ипэ мывэм тратхэхьауэ…

Мы мывэр Къайсэри къалэм Музейм щlэлъу къэзыгъуэту, Хиероглафикыу тетхыхьауэ, бзиткlэ къиlуатэр кlэрытхэжауэ и теплъэри тесхащ.

Япэрей и цlэри нэхъ гъэщlэгъуэныжу; Ар къанеш къыщагъуэтыжахэм я щыщ тхыгъэхэм къыхэщу Къуршым дыгъэр тепсэу зэригъэлъапlэр къыхигъэщу, ар зи лъапlагъэми ебгъуанэрейуэ тыхь хуащlу, (ебгъуанэреи мазэр къыщысым жиlэу къыщlэкlынущ.) худахыу хуащl тыхым и цlэри къыхэщу, ар псэущхьэ щыхь «газэл»у. Япэ «АЩКА ЩlЫПlЭ»р и цlэу… итlанэ «ХЬЭРГИ» хужаlауэ, иужьрейр «ХЬАРХЬАРА» уэ…

Хьар хъара, хъара мэ

Мы псалъэр, хэкумкlэ къыщикlым, къызыдрахьэха фlэщыгъэ цlэ псалъэу пэрэ, жиlэу гурыщхъуэ уегъэщl!

Тlури къуршщ. Тlури лъагапlэщ. Уэмкlэ докl. Тхъэу илъытэм пэгъунэгъущ. Фlэщыгъэ цlэм «хьа»р, «ра»т хэтщ. Тыхь щlыпlэщ. Тхьэлъэlупlэщ. Къум и щхьэр нэхущ, и щхьэри махуэщ.

Абы нэмыщl; lузуняйла къуажэхэм ящыщ «Къаракуйу» зыфlэща къуажэм Хьэтlитlхэм псым lущlапlэ (бараж) хуащlу псы зэхуэхьэсыпlэ, зэхуэшэсыпlэ зэрыхуащlари къыщlатlыкlыжауэ къагъуэтыжа мывэхэм Хьэтlитlыпщ Тlутхьэлиа и цlэр зытетыж мывэхэм щыдолъагъуж. Ари Къайсэри Музейм щlэлъу и теплъэри тесхахэм ящыщщ.

Кайсэрым и Канеш псэупlэ быдапlэм дыщыхэплъэм лъэхъэнэуэ гъущl лъэхъэнэм ирохьэлlэ. Щыуэ ищlыкlа мы лъэхъэнэм Гъуаплъэ, жэз, гъущl лъэхъэнэу. Гъуаплъэм зы быдагъэ игъуэтын папщlэ «дзэху» хагъэзэрыхьу жэз ящlыну, жэз нэужьми гъущl быдагъэм нэсын папщэ зыхуэныкъуэхэр къыздрах, къызэдыращыр Мэзэпотамякlэ Ащур къаралъэгъуарат. Ащурхэр щэн/щахуэным хуэlэзэхэт. Ащур лъэныкъуэмкlэ нэхъ щыкуэд сыт щыlэми, къызыдашэм зыхуэныкъуэхэр, Анэдолэм Кайсэрым Канеш къашэхэт. Къашэ щыжытlэкlэ Шыд, къатыр гуп зыпыщахэмкlэ Мазищ гъуэгу тету къахьт. «Канеш Карум» зыфlэща щlэхуапэ щlапэр цlэрыlуэт. Лъэныкъуэхэм сыт хуэныкъуэми ахэр хуахьт. Ауэ мы лъэхъэнэм гъущlым быдагъэ езгъэгъуэтын «дзэху»р япэ ищт. Щэкl, щыгъыныпхъэ, щlэбзэ тебзэ. Щытlэгъэн хуэдэ хьэпшыпхэр нэхъыбэт.

Мазищкlэ гъуэгу зэрытетым къыхэкlыу, гъуэгу щlыlум тес бзылъхугъэхэм я щыщ, щхьэгъусэ яхуэхъуну зэгурыlуэныгъэ тхылъ хуэхъуну, зыпыкlыжын хъумэ хуапшынынухэри къыхэщу ятlэ гъэжа таблетхэм тету хыдолъагъуэж. Ауэ мыхэр зэратхар щэн щэхуакlуэхэм зрахьэ, гъущlунэтхщ.

Мы лъэхъэнэм, гуащэу, тlуананэу, тхьэбзылъхугъэу ялъыта Пудухэпа зэрытетари, сытми; мы къэралыгъуэм щыпсэу бзылъхугъэхэри игъэгушхуауэ щэн/щахуэным зэрыхэхьэр хыдолъагъуэ. Щэн/щахуэным lэрылъхьэу, тхыгъэкlэ, зэгурыlуэныгъэ тхылъкlи (таблет) lэрымылъхьэуи зэщахуэхэт. Зэгурыlуэныгъэм и пlалъэр къэсу къэзымыпшынар къигъуэтыну Анэдолэм икlыу Мэзэпотамям, Ащур къэралыгъуэм нэс кlуэуэ, щыlэу зекlуэ хейащlэм (махькэмэ) зэгурыlуэныгъэ тхылъыр, щыхьэту игъэлъагъуэу, къыримытыжауэ телъ и щlыхуэр къригъэпшыну къыlырихыжу, къэзыгъэзэжа щэн/щэхуакlуэ бзылъхугъэхэри тхыдэм къыщыхощыж…

Къайсэри къалэм блигъэкlа, цlыхугъэ гъуэгу (сивилизацlя) хуэхъуа къэралыгъуэ куэд щыпсэуащ. Эрджийес Къуршыр, «Канеш Къарум» быдапlэу, щэн щэхуэн екlуэлlапlэр, Япэ дыдэу ящlа псы lущlапэхэм яз «Хьэтlитl псы lущlапэр» здэщыlэ «Данэ гъуэгу» зыблэкlыпlэ хужыпlэ хъуну зы къалэ цlэрыlуэщ!

Хэкум къикlа ди лъэпкъэгъухэми псэупlэ яхуэхъуа щlыпlэщ, lузуняйла зыфlэща 1500 м зи лъагагъ зы губгъуэ убгъуащ. Адыгэ къуажэ хыщl (60) хуэдиз, зыпэгъунэгъухэу исщ. Зи бын езгъэджэну унагъуэхэри Кайсэри къалэм къэlэпхъуауэ, къуажэ дэсхэри мащlэ хъуащ. Бзэ, хьэбзыкlэ захъумэжыну яужь итми, щlэблэм зэхэпсэухьым и бзэр зэрахьа, и бзэр къыгурыlуэжкъым!

…Дызыщыпсэу къалэ: Кайсэри’р!

Yazarın Diğer Yazıları

Бжыгъэхэр, бэуэ жэуэ къыдобж (!)

Мы псалъащхьэми зэригъэлъагъум хуэдэу, «бэ» псалъэми куэдыгъэр, «жэ» псалъэми псынщIагъэр егъэлъагъуэ. Куэдыр, жэкIэ зыкIэлъыкIуэн, зыкIэлъыгъэкIуэн къикIыу. Бжын, бжыкIэ, бжыгъэ псалъэхэми хэтыжыу хыдолъагъуэ. Бэуэ зежэ...

Си гур хэкумкlэ къэнауэ…

Илъэсит ипэ Хэкум сыщыlауэ, синэ къыхукlт, сыкуащэрэт, слъэгъуащэрэт жызигъэlэт си гум. «Ди бзэ Ди псэ» гуп сызыхэтым и унафэщ Дыгужьокъуэ Мухьэмэд Хьэмид Жорданым и...

Лъэпкъым щхьэпэу, хуэлэжьахэр!

И лъэпкъым щхьэпэжауэ цlыху куэд лъэпкъхэм ягъэлъэгъуэж. Дэри абы хуэдэу, лъэпкъым хуищlа лlыгъэхэр, дэщlыгъуауэ фlыгъэхэр зылэжьа, зыгъэзэщlа цlыху куэд диlэщ. Хъулъхугъэуи, бзылъхугъэуи. Я цlэхэр...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img