Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

КуэдкIэ дыпщогугъ, Адемыркъан!

Жэпуэгъуэм и 11-13 махуэхэм Кипр Республикэм и Ларнакэ къалэм самбомкIэ Дуней псом пашагъэр къыщыхьынымкIэ дыщэ медаль къыщызылъэща, зи ехъу-лIэныгъэмкIэ адыгэ лъэпкъри, Къэрэшей-Черкесри, Урысейри, езыр зыщалъхуа Малый Зеленчук (Ботэщей) адыгэ къуажэжьри щхьэIэтыгъуэ изыгъэхуа ТАМБИЙ Адемыркъан гуфIэгъуэ щIыкIэм иту кърагъэблэгъэжащ.


Европей спорт утыкум хьэрхуэру зэпэщIэта ны-бжьыщIэхэм яхэтащ ди къэралым и командэ зэхуэ-шэсам къыбгъэдэкIа нэрыбгэ 16. Дэтхэнэри къыщыхахащ Урысейм пашагъэм щIэбэнынымкIэ зэхьэ-зэхуэхэм — Кемерово, Къэ-зан, Владивосток къалэ-хэм. Ди лъэпкъэгъур, Ма-лый Зеленчук щыщ Тамбий Адемыркъан, икъукIэ зэрыадыгэлI нэгъэсар къыщигъэлъэгъуащ кипр щIыналъэм, и Хэкум и пщIэр иIэткIэрэ, ар нэсыфащ зэхьэзэхуэм и нэхъ лъагапIэ дыдэм.

Ботэщей дэт «Нарт» спорткомплексым и дыхьэ-пIэм а махуэм цIыхур Iухуэ-тэкъым. Къызэхуэсат Аде-мыркъан и унагъуэри, и Iыхьлыхэри, къуажэдэсхэ-ри, псоми зэдай ехъулIэны-гъэм иригушхуэ, махуэщI дауэдапщэр ботэщейдэсхэм ядэзыIэтыну пабгъэу нэ-гъуэщI жылагъуэ къикIахэри.

— Дунейпсо зэхьэзэ- хуэм сэ Урысейм и пщIэ къудейракъым щысIэтар, сэ фIыщэу къызгурыIуэт сы-зыщыщ республикэри, сыкъызыхэкIа лъэпкъри къы-зэрысщыгугъыр. Хуабжьу къару къысхилъхьэт цIыху бжыгъэ дэщIакIуэу зэрызи-Iэм, алэрыбгъум сыщихьэнум ежьэу, къыскIэлъып-лъу. АдэкIи нэхъри сегугъуурэ зэрызызгъэсэным сыпылъынущ. Си гъэсакIуэ-хэм мыхъуамэ, зыри схузэ-фIэкIынутэкъым. Ахэращ лъагъуэ къызэзытар. Иджы-ри сызыщIэхъуэпсым сынэ-сакъым, Тхьэм жиIэмэ, Олимп Джэгухэм кIуэнращ си гуращэр, — жиIащ Адемыркъан къызэрысыжу.

Тамбий Адемыркъан — щIымахуэ кIуам Владивос-ток къалэм деж самбокIэ Урысейм пашагъэр къыщихьащ килограмм 79-рэ хьэлъагъымкIэ. Апщыгъуэм, Адемыркъан зэпэщIэтыны-гъи 8 къызэринэкIри, Кипр кIуэну хуитыныгъэ зыIэри гъыхьауэ щытащ.

Чемпионыр къегъэблэ-гъэжыным теухуауэ «Нарт» спорткомплексым къыщаIэта дауэдапщэм хэтащ КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIу-щIэм (Парламентым) и де-путат, ди хэгъуэгу Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ДАХ-м и вице-президент Аслъэнхэ Алий, Хьэбэз муниципальнэ район администрацэм и Iэтащхьэ Жу Тимур, абы и къуэдзэ Унэжь Олег, КъЧР-м физкультурэмрэ спортымрэкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Аджыр Мурат, Хьэбэз районым егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI Сидакъ Жаннэ, КъЧР-м самбомкIэ и федерацэм и президент Джэдыр Аслъэн, Хьэбэз районым физкультурэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэ политикэм-рэкIэ и къудамэм и унафэщI Къэргъей Аслъэн сымэ, Малый Зеленчук еджапIэм и егъэджакIуэхэр, жылагъуэ Iуэхузехьэхэр, уэрэджыIэ, къэфакIуэ гупхэр, журналистхэр.

— Япэрауэ сахъуэхъуну сыхуейщ Хьэбэз районым, хэхауэ Малый Зеленчук къуажэм щыщхэм. ДэркIэ гуфIэгъуэшхуэщ Тамбий Аде-мыркъан и ехъулIэныгъэр икIи догугъэ ар спорт гъуэ-гум зэи къытемыкIыну. «Гъа-щIэ зи кIыхьагъ спорт» жа-Iэри, щрет хиша лъагъуэр нэхурэ кIыхьу.

ФIыщIэ яхуэфащэщ Ин-жыдж псыхъуэм мыпхуэ- дэ къуэ щыпкъэ дэзыпIыхьа адэ-анэм. Спортми, сыт хуэдэ IэщIагъэми ущехъу-лIэнукъым гъэсэныгъэ нэс уи нэхъыжьхэм къыуамыту, къыппымылъу. Дыпхуэарэ-зыщ, Адемыркъан, цIыху-хъум и хьэл-щэн дахэхэр къэбгъэлъагъуэу, адыгэлIу утыку узэритым папщIэ, — чемпионым щехъуэхъум жи-Iащ Хьэбэз район администрацэм и Iэтащхьэм.

Адемыркъан Малый Зе-ленчук къуажэм 2006 гъэм бадзэуэгъуэм и 26-м къыщыхъуащ. Япэ классым хэсу гимнастикэм кIуэн иригъэ-жьащ. ИлъэситI текIауэ, и адэ-анэм самбом щратым, еджэныр фIыуэ къызэрыдэхъум хуэдэ къабзэу, спортым хэсыхьа ныбжьыщIэм и япэ фIыщIэ тхылъхэмрэ медалхэмрэ зыр зым къыкIэлъыкIуэу зыIэрегъыхьэ. Москва щекIуэкI зэхьэзэхуэми макIуэри япэ увыпIэр къыщехь.

Адемыркъан фIыуэ зы-цIыхухэм зэрыжаIэмкIэ, абы и ехъулIэныгъэхэр зэпхар спорт закъуэракъым. АтIэ, еджапIэри абы дыщэ медалкIэ мы гъэм къиухащ. Еджэн зэрыщIидзэрэ «5» нагъыщэм къригъэхакъым, сыт щыгъуи щапхъэгъэлъа-гъуэу яIащ и егъэджакIуэ-хэми, еджакIуэхэми, спортым хэзыша и гъэсакIуэхэ-ми — Братхэ Къаплъэнрэ Уэзхэ Мыхьэмэтрэ.

— Ещанэ классым щыщIэдзауэ Къаплъэнрэ сэрэ Адемыркъан дыдолажьэри, пэжу жысIэнщи, япэ дер-сым гурыIуэгъуэ тщыхъуат абы зыгуэр къызэрыхэкIы-нур, мыщхьэхмэ, спортыр хыфIимыдзэмэ. Езыр зи Iэ-пкълъэпкъыр гугъу езы-гъэхьурэ зэлэжьыжыну зы-фIэфI, Iэмал тынш къэзымылъыхъуэхэм ящыщщ.

Дунейпсо пашагъэр къэ-тлъэщри дыкъеблэгъэжащ, арщхьэкIэ ныбжькIэ дызэбэнахэм къыхэкIыу, илъэс 21-м итхэм дяпэгъэ зэрыхыхьэным хуэдгъэхьэзырын хуейщ Адемыркъан.

Зымахуэрей зэхьэзэхуэр къызэрихьам папщIэ Уры-сейм спортым и мастер ящIащи, абыи дримыгушхуэ-кIэ къанэкъым. Езы щIалэ цIыкIур апхуэдизу зэтеубыдащ, IэдэбыфIэщи, зы псалъэ леи къыжьэдэкIы-нукъым. «Иджыщ псори щыщIэздзэр» къыджиIащ. Дэри аращ зыхуэдущийр. ХузэфIэкIам и щхьэ лъагэу зэрыригъэлъагъужым хуэдэу, спортым пымылъыжу, Iэпэдэгъэл фIэхъункIэ мэхъу. Игурэ и щхьэрэ зэтелъын хуейщ дапщэщи, — и гупсысэхэмкIэ къыддэгуэшащ Адемыркъан и гъэсакIуэ Уэз Мыхьэмэт.

— Нобэ зи щIыхь тIэт щIалэм и текIуэныгъэр хэти ейуэщ къызэрилъытэр. Аде-мыркъан зэрыадыгэ лъэ-пкъыу иритащ щIэгушхуэн, и щхьэр ину щIилъагъужын щхьэусыгъуэ. Нобэ абы и цIэр тхыдэм хитхащ, Дунейпсо, Европей, Урысей мыхьэнэ зиIэ спорт зэхьэзэхуэхэм бжьыпэр къыщы-зыхь адыгэхэм я цIэр здыратхэ тхылъым хуэфащэщ ихуэну Тамбийхэ я щIалэ Iэчлъэчыр.

Адемыркъан здынэсыфа лъагапIэм фыдэплъей, фы-хущIэкъу абы хуэдэу спор-тым хэтхэр, къыдэкIуэтей щIэблэр фызэлэжьыж, зыф-псыхь, мурадыфIхэр зыхуэв-гъэувыж, фыхъуапсэ, адыгэ-бзэр фымыгъэкIуэд, фызэры-адыгэр фигу ивмыгъэху, — жиIащ Аслъэнхэ Алий.

НыбжьыщIэхэмкIэ Дуней псом пашагъэр къыщызыхьа, адыгэм и цIэр ину жезыгъэIа самбист Тамбий Адемыркъан ботэщейдэсхэм кърагъэблэгъэжащ шууэ, цIыхубэ уэрэдрэ къафэрэ-кIэ, хъуэхъурэ Iэгуауэ инрэ-кIэ…

Адемыркъан и гугъапIэ нэхъыщхьэр зэпха Олимп Джэгухэр къэхьыныр Тхьэм нэрылъагъу хуищI! Спорт гъэсэныгъэмрэ щIэныгъэм-рэ я щыгум нэсауэ дигъэ-лъагъу!

(Черкес Хэку)

Yazarın Diğer Yazıları

Уи бзэр бгъэлъэпIэныр гурыфIыгъуэщ

«Нэхъыжь зымыгъэлъапIэр щхьэ лъапIэгъуэ ихуэкъым» жи адыгэм. ЦIыхум щIэныгъэу бгъэдэлъым, гъащIэ зэхэщIыкIыу иIэм, и зэчиймрэ и гуащIэдэкIымрэ хуэфэщэн пщIэрэ гулъытэрэ игъуэу зэрагъуэтыпхъэр шэч зыхэмылъщ. Къэрэшей-Черкес къэрал...

Илъэс щэ ныкъуэкIэ узэIэбэкIыжмэ…

Мы гъэм илъэс 55-рэ ирикъуащ куржы усакlуэ щэджащэ Руставели Шота и цlэр зезыхьэ, Тбилиси дэт театр институтым Къэрэшей-Черкесым щыпсэу адыгэхэмрэ къэрэшейхэмрэ папщlэ лъэпкъ труппэхэр...

ФIы зыщIэм псапэу къретыж

Унагъуэм щыщращ гу къабзэрэ фIылъагъуныгъэ пэжрэкIэ цIыхур къэзылъагъур, гузэвэгъуэ гуэр щихуэкIи, адэ-анэмрэ къыдалъхуахэмрэщ япэ дэIэпыкъуэгъуу игъуэтыр. Унагъуэр зыгуэркIэ ебгъэщхь хъунущ бжьэ шырыр къызэрыкI безынэм,...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img