Ихъуреягъкlэ къикlухьу: 1. Адыгэ лъэпкъым и зы къудамэ. 2. Шы къэпщlэнтlам къыщхьэщих бахъэ. 3. Дуней псом къыщацlыху дирижёр Темыркъан Юрэ, Олимп Джэгухэм дыщэ медаль къыщызыхьа Къардэн Мурат, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цlыхубэ тхакlуэ Lутlыж Борис сымэ къыщалъхуа къуажэ. 4. Уэсым хуэдэу щlым къытехэ. 5. Адыгэ макъамэ lэмэпсымэ. 6. Сабийхэр зэрыджэгуу щыта хьэпшып (мылым къыщагъафэу). 7. Хьэщlэ лъапlэм хуаукl lэщ. 8. КъБР-м щыщ къалэ. 9. Напlэзыпlэ. 10. Псы lуфэ лъагэ, ехыпlэ задэ. 11. Хадэхэкl. 12. Нып. 13. Пхъэщхьэмыщхьэ гуащlэ гъуэжь цlыкlу. 14. Зэрытхэ, сурэт зэращl. 15. Жыг лъагэ. 16. Илъэсищым ит шыщlэ. 17. «Адыгэ …»- Даур Аслъэнрэ Хьэнфэн Алимрэ яуса уэрэд цlэрыlуэ. 18. Мафlэдзым нэгъуэщlу зэреджэ. 19. Нартхэм я ныкъуэкъуэгъу лъэпкъ. 20. Пасэрей жыр пыlэ. 21. Нартыхур бгъэлъалъэмэ, ар къонэ. 22. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и япэ lэтащхьэу щыта. 23. Щыпсалъэкlэ зэlынэ. 24. Псы lуфэхэм, шэдылъэхэм къыщыкl удз лъагэ. 25. Шыуанышхуэ. 25. Еуэкlыпlэ. 27. Шым и кlуэкlэ. 28. Щlэжьей. 29. Адыгэ цейм и щlагъым щlалъхьэ щыгъын. 30. Лыр зыхэвыхьа. 31. Зыгуэр иракlутэн хьисэпкlэ яшыхьа тхылъымпlэ. 32. Гуфlэгъуэ lэнэм щысхэм я lуэху тхьэбзэщlэ. 33. Гъукlэ lэмэпсымэ. 34. Щхьэл шэрхъыр зэкlэрэхъуэкl. 35. Хьэкъущыкъум щыщ. 36. Ди республикэм щыlэ псыежэх. 37. Унагъуэ псэущхьэ.
Икумкlэ кlуэуэ: 38. «… зэхэдзэ нэхърэ lыхьэ зэкэдзэ». 39. Цlыхухъу цlэ е Къэрмокъуэ Мухьэмэд и роман. 40. Пасэм адыгэм я унащхьэр зэрагъэбыдэу щыта. 41. Ди республикэм и район. 42. «… lэрымылъхьэм гуащэр щумыгъэгугъ». 43. Бжэр зэрагъэбыдэ. 44. Зыбжанэ, зыкъом. 45. Адыгэ драматург цlэрыlуэ. 46. Кавказ щlыбым щыпсэу лъэпкъышхуэ. 47. «… зытl йохуэж». 48. Ныбапхъэм кlуэцlышыхьауэ ягъавэ адыгэ шхыныгъуэ. 49. Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъ.
Гу зылъытапхъэ: зы псалъэм и кlэухыр къыкlэлъыкlуэм и щlэдзапlэщ. Щапхъэ: мэкъу – къуэш…
№ 54 2024 Щэкlуэгъуэ мазэм къыдэкlыгъуэм тета псалъэзэблэдзым и пэджыжхэр:
Екlуэкlыу: 7. Къургъакъ. 8. lэнлъэ. 9. Бжьыхьэ. 14. Шапсыгъ. 15. Къыр. 16. Налмэс. 17. Дыху. 18. Шэд. 19. Къэдабэ. 23. «Динамо». 25. Лэкъум. 27. Гуэбэн. 28. Дыхьэгъ. 30. Пэкъуэ. 31. Псынэ. 32. Хьэкъурт. 33. Абрэдж. 36. lэжьэ. 37. Хьэбэз. 39. Адакъэ. 41. Лъахъц. 44. Мыжурэ. 45. Аргъынэ. 46. Быж. 47. Ибэ. 48. Мелуан. 51. Пэу. 53. Шыбжий. 55. Ныбгъуэ. 56. Пщагъэ. 57. Щтауч.
Къехыу: 1. Урыс. 2. Къуаргъ. 3. Хьэлъкъ. 4. Плъыр. 5. Бжьын. 6. Щхьэл. 10. Батэрэз. 11. Щхъырыб. 12. Пшэрыхь. 13. Къэрмокъуэ. 20. Бо. 21. Шындэбзий. 22. Джэдхъурсанэ. 24. Ин. 26. Мастэ. 27. Гуэныхь. 29. Гъыбзэ. 30. Пшэплъ. 34. Къуэныкъуей. 35. Пхъэнкlий. 38. Балыджэ. 40. Алабгъуэ. 42. Хур. 43. Ер. 49. Урыху. 50. Нэгъуд. 51. Пэщэ. 52. Уагъэ. 53. Шатэ. 54. Брул.
Псалъэзэблэдзым хуэгъэза упщlэхэм я жэуап пэжыр jinepsgazetesi@gmail.com хэщIапlэм япэ къезыгъэхьым, Адэжэ Айча Атчы и “Kağıttan Gemiler” (“ТхылъымпIэ кхъухьхэр”) зи фlэщыгъэ тхылъыр, тхакIуэм и lэ щlэдзыжауэ, тыгъэу хуедгъэхьынущ.