Быгъэлъапӏэм хухэхауэ махуэ хуэбгъувыныр дэгъуэщ. Зыхуэбгъувар сытми; абыхэм утепсэлъыхынщ. Хэхъуамэ абыхэм утепсэлыхьынщ, и гуащӏэр хэбгъэхъуэнщ. Зымыщэхэм захэбгъэхынщ, ахэри къебгъэблэгъэнщ. ФIыуэ быгъэлъэгъуэнщ, ФIыуэ ялъагъур, быгъэбагъуэнщ. Ди гугъэхэм дылъоIэс жыпIэу гурыфӏыгъуэй къохъулIэнщ.
Мы дызытепсэлъыхьыр, Адыгэбзэм и тхыбзэм теухуауэ хухэха махуэращ. 1853 гъэм къэсыхукIэ Латин тхыпкъ, Хьэрпып тхыпкъкIэ къапсэлъ псалъэхэр ятхыну хуежъахэми, Адыгэбзэр зэрыпсалъэ макъ куэдыгъэр зыгъэлъагъуэф тхыпкъ пэлъэщ яӏакъым мы тхыпкъылъэ (алфавит)хэм. Макъ хыщӏ (60) зезыхьэ бзэм и псалъэхэр, тхыпкъ щэщӏкӏэ (30) пхуэӏуэтэн! Щымыхъужыххэм зыхэс кралыгъуэм зэрихьэ Кирил тыхыпкъхэмкӏэ, тхыпкъ щхьэхуэхэр дэгъувауэ, тхыпкъитӏ зыгуэт, тхыпкищ зыгуэт, тхыпкиплӏ зыгуэтхэмкIэ макъ зэрыз хуагъэувыуэ зы тхыпкъылъэ гугъу хуэгъува хъуащ.
Тхыбзэу зырий уимыӏэу, ӏуэрыӏуатэ закъуэкӏэ, къэбгъэщӏар пӏуэтэжми ар утыкум пхуилъхьэкъым. «Пӏуэтэжахэр жым ехьыри, тхыгъэр тхыдэу утыку къонэ!» Абы папщӏэ тхыбзэншэ нэхърэ; гугъуми тхыбзэ уиӏэныр фӏыщ. Икӏий фӏыщӏэшхуэ яхуэфащэщ, Бэрсэй Умар дэй щыщӏэдзауэ, а лъэхъэнэм тхыбзэм хэлэжьыхьахэм.
Бэрсэй Умар илъэс зы бгъупщӏым иту щӏалэ цӏыкуу ядыгъуу ирахьэжауэ Османлы Кралыгъуэ лъэхъэнэм, зыраща унагъуэм щалэцӏыкур ӏущу, зэрыгубзыгъэм гу лъатэри яхъумащ, ирагъэджащ. Мысыр щыӏащ. Франсам щеджащ (1840-1843). Тыркубзэ, Харыпыбзэ, Франсызыбзэ, и бзэри ищӏэжыу хэкум игъэзэжащ. Урысыдзэми хэтащ, Адыгэбзэ псалъэ зэдзэкӏыу.
1853 гъэм щынэсам, Берсэй Умар адыгэбзэм нэхъ къезэгъыну ялъыта кирил тхыпкъылъэм тейхуауэ тхыгъэ тхыбзэм щӏэдзапӏэ хуэхъуащ. Адыгэбзэ бзэ хабзэ зыхэлъыкӏэ (грамер) 1858. Адыгэбзэ псэлъалъэ 1861 къыдигъэкӏащ. Абы нэуж тхыбзэр зырахьэу зиужын папщӏэ ди лэпкъэгъу нэхъыжь куэд хуэлэжъащ. Кралыгъуэр зырахъуэкӏа нэуужь 1920 гъэм совет лъэхъэнэм, бзэм нэхъ хуитыныгъэ игъуэтыу, адыгэбзэ еджапӏэхэр хуӏуахащ. А лъэхъэнэм егъэджакӏуэ ӏэзэхэр, тхакӏуэ, усакӏуэ ӏэзэхэр утыку къихьащ. Псори къыпхуэбжынукым ауэ, Нэгумэ Бэчмырзэ дэй щыщэдзауэ, Кӏыщокъуэ Алим, Куба Шабан, Къуащ Бэтал, Хьэдэгъэлӏ Аскэр, Щортан Аскэрбий, Щоджэнцӏыкӏу Али, Ӏэдэм, Нало Заур, Ахьмэдхъан… Мэшбэш Исхьакъ, Бэщтокъуэ Хьэбас…
РФ. 2018 гъэм къэсыхукӏэ еджапӏэ щӏэдзапӏэм тхьэмахуэм сыхьатищ (3), курут еджапӏэм сыхьэтитӏ (2), нэхъ ищхьэм зы сыхьэт (1) и анэдэлхубзэмкӏэ ирагъаджэу щытащ. Иджы абыми зихъуэжащ. «Анэдэлъхубзэкӏэ седжэ сфӏэфӏщ» жызыӏэ ӏэ щӏэдза тхылъ йомытмэ, псори урысыбзэкӏэ уоджэ.
Хэхэсу Тыркум щыпсэухэми иджыркъэс еджапӏэхэм я бзэмкӏэ щеджэну хуитакъым. Иджы хуит хъуауэ ӏэ щӏэдзэ тхылъкӏэ, ӏэ щӏэзыдзар, а еджапӏэм цӏыхуипщӏым (10) нэсмэ тхьэмахуэм сыхьэтит и бзэм ирагъаджэ.
Мыхэмкӏэ бзэр хъума хъункъым! Уи бзэмкӏэ хуиту уемыджэфӏмэ, умытхэфмэ, а бзэр пӏэщӏэхунщ.
Уи бзэмкэ тхауэ тхылъ уемыджэмэ, уемыджэфмэ, ятхауэ щыӏэм и ныбжьыр и ллъэс щэрэ блыщӏырэ тӏум (172) фэмыкӏмэ; гъэ мин бжьыгъэ куэд зыгъэщӏа уэ уи лъэпкъ блэкӏам и тхыдэр, нэгъуэщӏ лъэпкъхэм езыхэм къагъэщIа хуэдэу ятхыжынкъэ! «Хьэрамэ ӏущхьэ»р, «Олимпос»у. «Сосырыкъуэ»р «Акилйус» ящӏынкъэ! «Щытэрыкӏэлъэщӏ»у зырахьа ӏэмэпсымэр, зырахьэ тхыпкъым и макъхэмкӏэ къахуэмыӏуэтэфыу «ситыригилис» макъхэмкӏэ ятхыу, дэ ди бзэщ жаӏэу кыпхуаӏуэтэнкъэ!
Аткӏэ, «П» тхыпкъ зимыӏэ лъэпкъым, иӏэ тхыпкъылъэмкӏэ уэ фэпща псэущхьэм и цӏэ «пыл»ыр, «Фил» хъуауэ, езыхэм ябзэ хуэдэу къыуащэжынщ. Псом япэ ирагъэщ «ра»м и унэу ялъытэ унэшхуэ (сарай) «праунэ»м щӏэс тепщэгъуэр зы ӏыгъ пщыр, «Фираунэ» фӏащауэ къыбжаӏэжынщ. «Пэрсы» зыфӏэща лъэпкъым и цӏэр, зыратхыф тхыпкъхэмкӏэ «Фариси»уэ ятхыу ущагъэуэнщ (Мыхэр убгъуауэ си тхылъ «Щӏыуэпсыбзэ», «Фӏэщхъуныгъэм и бзэ» тхылъхэм щывгъуэтынущ).
Ди щӏэлэгъуэу, дызыщӏэхъуэпс «Хэку»м къыкӏынухэм дыпэплъэу, дыхуэнэрыгъыу, къызыдахьыну тхылъхэм щызырахьэ тхыпкъхэр дэ дызэмыса щӏыкӏэ теплъэу, «Кирил тхыпкъ» зыфэщахэмкӏэ тхауэ. Кытӏэрыхьа зы «букъуар» закъуэкӏэ; теплъэмрэ, тхыпкъ тхыгъэр зэдгъэкӏуу, «анэ, адэ, адакъэ, ӏэнэ…» жытӏэурэ ди бзэм и тхыбзэр зэдгъэщӏа къудейуэ, дзэр къытеуэри зэдгъэщӏа тэкӏури тхуземыхьэж дыхъуащ. зыӏэщэдгъэхьа тхылъ тэкӏухэри хэт еттами тешынэхьыу мафӏэм пырадзэу, псыунэ мащэм ирадзэу ягъэкӏуэдащ.
Илъэс щэныкъуэм фӏэкӏауэ, зезмыхьэжа мы ди тхыбзэр, Кайсэри Къалэм Эрджиес Университем и Факултетым «Адыгэбзэ къудамэ»р щыӏуахауэ хэкум къыкӏа ди егъэджакӏуэхэр дызэрылъагъуу дызэрыцӏыхуащ. Ахэм салъыгъуазэу, Гъатхапэ мазэм и енэрэй (8.) махуэр «Дунейпсоу бзылхугъэхэм хухэха махуэу» яхуезыгъэхьын удз гъагъэм кӏэщӏэтхэн тхыгъэр, ди бзэмкӏэ стхыжыу 2019 гъэм щэздзэжащ. Абы нэужь си гу, си щхьэ зэрыгъуэтыжауэ, сыригушхуэу тхэным щӏэздзэжащ.
Нобэ къэсыхукӏэ ди бзэкӏэ стха тхыгъэхэр, тхылъитӏ хъуащ. Абы нэмыщӏ, ди зы тхакӏуэм къдигъэкӏа и тхылъыр (400 напэ) ди бзэмкӏэ хузездзэкӏащ. Ди бзэм иритхэу, иреджэфыр мащӏэщ. Тхылъым и гъэлъэгъуапӏэм (фуар) ӏэ щӏэддзэну дыщырагъэблагъэхэм щыгъуэ, ди лъэпкъэгъухэм дадоуэршэр. Ди тхыгъэм, ди тхылъхэм дыщытэпсэлыхьым щыгъуэ, икъукӏэ ягу ирихьауэ ауэ еджэкӏэ тхэкӏэ зырамыщӏэм папщӏэ, куэдыр кызэлъэӏуащ.
-Къыӏэ! Мы жыпӏахэм дылъэӏэсыфын папщӏэ, латинкӏэ, Тыркубзэкӏэ кытхудэгъэкӏ мызэ далэ тхылъыр. жаӏэу къызэлъэӏуа лъэпкъэгъу куэд диӏэщ.
-Фэ Адыгэбзэкӏэ еджэкӏэ зэвгъащӏэ яжесӏами, гугъущ. Яхузыфӏэкӏынукъым.
Иджы ди бзэм и ныбжьыр, бзэхэм заринэхъыжьыр, ди бзэм хэкӏыу адырей бзэхэм хэхьауэ зырахьэ бзэ лъэгухэр уощӏэ, уотх, уогъэлъагъуэ. Еджэфыр мащӏэмэ, емыджэфмэ, тхыгъэкӏэ уалъэмыӏэсыфмэ сыт пщӏэн? Щӏыналъэм щыпсэу лъэпкъэгъу бзэгъухэр нэхъыбэу щыпсэу щыпӏэм уащыдэпсэумэ, къагурыӏуэ бзэмкӏэ ухуэтхэн, хьэмэрэ сэ си бзэмкӏэ сытхэнщ, жыпӏэу уи щхьэ ухуэтхэжын.
Жаӏэм сэдаӏуэу; мызэ далэ къыдэкӏыну тхылъыр, латин тхыпкъкӏэ, Тыркубзэкӏэ къыдэкӏынущ. Щӏыуэпсым и бзэ къикӏыу, «DOĞANIN DİLİ ÇERKESÇE» зыфӏэща тхылъыр. Мы тхылъым еджэу, къикӏыр къагурыӏуэу, я бынхэм я бзэкӏэ ирагъэджэжыным тегушхуэу, заудэжыу зыкъащӏэжыну пӏэрэ? Хьэмэрэ Убыхыбзэм и щхьэ къырикӏуар, къыдгурымыӏуауэ зыкъэдгъэпцӏэжу пӏэрэ?
Узыщытхъужу, хухэха махуэхэм псалъэ дахэ, хъуэхъу зэгъэпэща зепхьэкӏэ узыдынэсын щыӏэкъым.
Мы махуэхэм, гъуэгум и зы зыхэкӏыпӏэм дытетщ…
УА ХЬЭ ХЬЕЙ! Жыпӏэу, у гоуи хъунщ, уришэхыу…
АДЫГЭ УЭЙ УЭЙ! Жыпӏэуи хъунщ, удыришейуэ…
Мы псалитым зыр гузэвэгъуэ псалъэщ.
Зыр гуфӏэгъуэ псалъэщ.
Зым урешэх!
Зым удырешей!
Тӏури уи ӏэ илъщ. Уи бзэр зехьэй, гъащӏэ егъэгъуэти дыгъэгуфӏэ!
Бзэр, псэщ! Си быным схуегъэщӏакъым жыпӏэу, домыгъэгузавэ!
Мыр зи ныбжь, зы бзэжьу, ди адэжьхэм къапсэлъыу, зырахьауэ, дэ къытлъагъэӏэса «АДЫГЭ БЗЭМ» и тхыбзэри зетхьэу гъащӏэ едывгъэгъуэт…
И БЗЭР ЗЕЗЫХЬЭМ, СЫТ ЩЫГЪУИ ХУЭМАХУЭЩ!
ТХЬЭМ ТХУЭМАХУЭН ИЩӀ!
Мы псалъэхэр; хэхэсыми, хэкурысыми щыпсэухэм лъэIэсыну зы гугъэкIэ…