Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

ДЕМ Партым Гъатхэпэм и 14-м папщIэ и джэ псалъэр

Жылэхэм Зэхуэдэныгъэ икӏи Демократие Парт (ДЕМ Парт)-м МЕК-м хэт икӏи Бзэ, Щӏэнхабзэ икӏи Гъуазджэ гупым и ӏэтащхьэ гъусэ Джемиле Турхаллы «Гъатхэпэм и 14 Адыгэбзэмрэ адыгэ тхыбзэмрэ и махуэ»-м папщӏэ сосиал медиям джэ псалъэр бзиткӏэ; Адыгэбзэ, Курдыбзэкӏэ щагуэщащ:


Махуэ ирехъу Гъэтхапэ 14, Адыгэбзэм и Махуэр

ХабзэфI зэрыхъуащи, Берсей Умар зэхилъхьа АдыгэбзэкIэ тха япэрей тхылъ «Шэрджэс алыфбей» тхылъыр  1853 гъэм къыщыдэкIа гъэтхапэ мазэм и 14-р Адынэ Республикэ-м щагъэлъапIэ илъэс 2000 лъандэрэ Адыгэбзэм и Махуэу. Дунейпсо Адыгэ Хасэм 2003 гъэм игъэуващ Гъэтхапэм и 14-р «Адыгэбзэмрэ Адыгэ Литературэмрэ и Махуэу».

Зы лъэпкъым и бзэр зэпсэлъэныгъэм и Iэмэпсымэ къудеиным къыщымынэу, лъэпкъым зэрызищIэж Iэмалщ, абы и щIэныгъэщ, и тхыдэщ. Анэдэлъхубзэр щымыIэмэ лъэпкъым и къэкIуэнур зэрыщымыIэм къыхэкIыу, гъащIэ, щыIэныгъэ зимыхьэнэ бзэхэр хъумэн хуеищ.

Тырку къэралъыгъуэм зэрихабзэу, Курд лъэпкъым ирихьэлIэ асимилацэ политикэр Адыгэ лъэпкъыми ирехъалIэр, Адыгэ лъэпкъыр зыхуеихэр имылъагъунэпцI зэщIыр.

Демокрасиер пеж зыщIынур, лъэпкъхьэм, анэдэлъхубзэхэм, шэнхабзэхэм, фIэщхъуныгъэхэм я хуитыныгъэращ, къэралъ хабзэ нэхъыщхьэм хьэтха я зэхуэдэныгъэращ. Аращи, Тырку къэралым ис цIыхухэр зэрыбзэмрэ  зэрыщэнхабзэбэмрэ гулъытэныгъэ  хуэщIурэ анэдэлъхубзэхэм Хуэфащэ псэур хабзэу къэщтэн хуеищ. И бзэрэ и щэнхабзэрэ хуиту зымыгъэпсэуф лъэпкъ псэум хуэдэкъабзэу, Адыгэхэм я бзэмрэ я щэнхабзэмрэ зхьэкIэрэ, хуитыныгъэрэ зэхэуэдэныгъэрэ зыхэлъ гъащIэм папщIэ ябэнэныгъэм дыкъуэтынущ.

Махуэ ирехъу Гъэтхапэм и 14 Адыгэбзэи и Махуэр

Yazarın Diğer Yazıları

Джылъ Уджэраджэм И Макъ

МахуэлI Беслъэн и тхылъ «Джылъ уджэраджэм и макъ» фIэщыгъэр иIэу къыдэкIащ. МахуэлI Беслъэн Замир и къуэр Дзэлыкъуэ куейм хыхьэ Къамылыкъуэ къуажэм къыщалъхуащ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым...

Мыгьэрэ Шlэжь Мафэр Самсун щызэхащэщт

КАФФЕД-м иунашьокlэ Черкес Льэпкьньэкlод ыкlи Хэкур Ягьэбгынэным и Шьыгьо Шlэжь Мафэу Жьоныгьуакlэм и 21-рэр мыгьэ кьалэу Самсун щызэхащэщт. Самсун Черкес Културэ Хасэм ильэlу КАФФЕД-м...

«Пщылl»

2021-рэ илъэсым Барыщ Гювен «Хэдзэкlо Нэшъухэр» ыlоу къыдигъэкlыгъэ Тхылъым джыри зы тхылъыкlэ къыкlэлъыкlуагъ. Ащ ыцlэр «Пщылl» Барыщ Гювен, еджакlохэр пщылlыгъэ е шъхьафитныгъэм якlуачlэ зыфэдэр...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img