«Хьэж кӏуэн» я щхьэусыгъуэ хэкум къыдэкӏу Тыркум Ерзурум къалэм къетӏысэхыу Османлым хэкум я мыгъэзэжыну Мы къэралым псэуныгъэ щыстраухуэну елӏэлӏа пщы Хьэтӏохъущокъуэ Гази 76 унагъуэ игъусэу 1859 гъэм и жэпыуэгъуэ мазэм 21-м къетӏысэха хъуащ. Гази апщыгъуэ 61 ныбжьым и турат, къуэ иӏэтэкъым, Аишежан и цӏэуэ зыпхъу иӏэти ари ӏэлхъаукъуэ Али Бейм иритащ.
Сытми Османлы къэралым Гази и мурадыр къахуидащ, а гъэм Карс къалэм хагуашэри абы щыпсэуахэщ. 1860 гъэм накъыгъэ мазэм шууиплӏ игъусэуэ Узняйлэкӏэ дызэджэ щӏыналъэм къэкӏуащ. Османлым япиубыдри ди зэхуаку хэмэ къуажэ дэмытыну зэпсори Адыгэ къуажэу къэтӏысыну я гурыӏуащ. Ипэдыдэ яухуа къуажэри Хьэтӏохъущыкъуейыжь къуажэращ. 1860 гъэм Османлым унэ яхуищӏри 1861 гъэм къуажэр яухуа хъуащ.
Хьэтӏохъущокъуэ Газий куэдрэ псэужакъым ауэ Хьэмырзэхэ къуажэпщу Шэшэн Жамботей къырищри къыдигъэтӏысхьащ.
Къуажэр къуажэшхуэуэ щтащ, къуажэ дахэу, къуажэфӏу, хабзэ яхэлъу хьэл щэн дахэ яӏэу щыпсэуахэщ. Нобэ къэсыхункӏэи апхуэдэу къэгъуэгурыкӏуащ.
Пщы Хьэтӏохъущокъуэ Гази игъусэу къэкӏуа лъэпкъхэр;
Тамбий Мудар, Абукъ, Багъ, Беслъэней, Брагъун, Шыд, Думан пщымахуэ, Нахъуэ, Къанщобий, Хьэгъундокъуэ, Кӏурэшын, Шыбзыхъуэ, и благъэу Абазэ лъэпкъыу Исмелыкъуэрэ, Лий унагъуэхэращ ауэ Гази игъусэу хэкум къикӏа мы унагъуэхэм куэдыр нэмыщӏ къуажэхэм ӏэпхъуэжащ.
Къуажэр Кайсери къалэм 140 км, Азей Районым 40 км пэжыжьэщ. Къуажэр Казанчык, Жаныкъуей, Бэшкъэзакъхьэблэ, Кӏурашынхьэблэ, Хьэтӏохъущокъуейцӏукӏ къуажэхэмкӏэ къэуфэрэзыхьащ. Къуажэр Адыгэ къуажэхэм елъытауэ къуажэшхуэу хужыпӏэну зы къуажэу щтащ. Къуажэр Заманты жыхуаӏэ псыежэхым и ӏуфэм щысщ, псыр къуажэкумкӏэ бложри Кӏурашынхьэблэкlэ мажэр.
Къуажэм гуэдз, хьэ, хасэр. Абы къыщинэмыщӏам ӏэщ, мэл куэду зэрахуэ. Илъэс зыбжанэ лъандэрэ кӏэртӏофи хасэу щӏадзащ. Къуажэ дэсхэр куэду мащӏэ хъуащ, зэпсори къалэшхуэхэм ӏэпхъуэжащ. Ауэ гъэмахуэм къуажэр цӏыху куэд дэс мэхъур, къалэшхуэхэм дэсхэр ящъы елэжьыну къокӏуэжхэри бжьыхьам къалэшхуэхэм ягъэзэжыр.
Къуажэр к=уэжэ дахэщ, къуажэфӏщ, хабзэ яхэлъу къэгъуэгурыкӏуащ.
Къуажэм лӏы цӏэрыӏуэ куэд щыпсэуащ.
Шыд Хьапӏатӏ, Хьаматэ, Нури, Сэлэдин, Муса. Багъ Дуран, Гази, Хьамырзэ, Мухьамэд.
Шыбзыхъуэ Икрам, Уасиф, Исмел, Хьажмурид, Хьаж Махьсуд. Шэт Али, Азиз, Мырза.
Къарэцӏукӏ Мухьарбей, Нану. Бэвыж Айхьан, Мухьаж, Хьызыр, Зияддин, Гази.
Къанлӏокъуэ Тӏатӏым. Шыгъушэ Нухь. Хьэмыкъуэ Ейуб, Сабри. Гобек Махьмуд, Айдемир.
Къардэн Решид, Хьасан, Фикри. Уэтей Рэшад, Бехьчет.