Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Джылъ Уджэраджэм И Макъ

МахуэлI Беслъэн и тхылъ «Джылъ уджэраджэм и макъ» фIэщыгъэр иIэу къыдэкIащ.

МахуэлI Беслъэн Замир и къуэр Дзэлыкъуэ куейм хыхьэ Къамылыкъуэ къуажэм къыщалъхуащ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и филологическэ факультетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ щыIэ къудамэр къиуха нэужь, ар Москва дэт МГЛУ-м щIэтIысхьэжри и щIэныгъэм абы щыхигъэхъуащ.

ЕджапIэ нэхъыщхьэр къызэриухрэ адыгэбзэр иригъэджу куэдрэ лэжьащ. «Гъэм и егъэджакIуэ нэхъыфI», «Гъэм и гъэсакIуэ нэхъыфI», «Илъэсым и пэрытхэр» цIэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщащ, «Урысейпсо дерс нэхъыфI», «Урысейпсо классщIыб лэжьыгъэ», «Урысейпсо методическэ лэжьыгъэ нэхъыфI» зэпеуэхэм бжьыпэр къыщихьащ.

МахуэлIыр жыджэру хэтщ, текIуэныгъэхэри къыхуагъэфащэ къэралпсо, щIыналъэпсо, урысейпсо зэпеуэхэм. Абы и тхыгъэхэр щIэх-щIэхыурэ къытохуэ «Адыгэ псалъэ», «Горянка», «Зольские вести» газетхэм, журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ.


Мамыр гъащIэм хэпсэухьу щытыну!

Уэ – адыгэпсэ зыIутым, адыгэ хабзэр зи бзыпхъэм, зи блэкIам щыгъуазэм, зи къэкIуэнум щIэгупсысым, зи анэбзэр адыгэбзэм – фокIадэм и етIощIанэ махуэр уи махуэшхуэщ.

Илъэс епщIанэ хъуауэ Iэтауэ ягъэлъапIэ махуэм дэтхэнэри дыпэплъэу екIуэкIащ, сыт щыгъуи хуэдэу. Дыпоплъэ фIыкIэ, сыту жыпIэмэ дунейпсо тхыдэм хэту адыгэхэм зэпачащ гъуэгуанэшхуэ. А гъуэгуанэр нэпскIэ гъэнщIат. Къапщтэмэ, адыгэхэр итащ мажусий, чыристан динхэм, мамлюк тетыгъуэ иIэу къэралыгъуэ иухуэфащ, Кавказ зауэмрэ ИстамбылакIуэмрэ къызэринэкIащ. Бий мащIэ ди Хэку къимыхьаи! ШыбгъэкIэ драмыхыфмэ – динкIэ дыкъагъапцIэрт, джатэкIэ къытпэмылъэщмэ – IулъхьэкIэ къытпыхьэрт, мащIи дащIырт, дызэкъуачырт, ди пщIэр нэхъ лъахъшэ зэращIыным хущIэкъурт.

КъыдэпIэскIу, къыткIэрыфыщIыхь бийхэм дуней иным дыщракъухьащ. НобэкIэ адыгэхэр къэралыгъуэ куэдым щыпсэуми, я гур адэжь щIыналъэмкIэ щыIэщ. Къуршхэм псы уэрхэр къежэхыу, тафэхэр гъавэ бэвым къикъутэу, бгылъэхэр мэз щхъуантIэмрэ хъупIэмрэ яуфэбгъуауэ, дэнэкIи Iэщ пшэрхэр, шы гуартэхэр щыхъуакIуэхэу, Iуащхьэмахуи фIы нэщэнэу дызэриIэр арагъэнт бийхэр къыщIыттегуплI

Сыт къэхъуами, къэщIами, къэунэхуами адыгэ лъэпкъым къемыхъуапсэ гъуэтыгъуейщ. Сэ сызыщыщ, сыкъызыхэкIа, си лъэбакъуэхэр сызыгъэчу пкъыфIэу гъащIэм сыхэзыгъэхьа лъэпкъым сыт щыгъуи дызолъагъу хахуагъэ, теплъэ екIу, хьэл-щэн, узыгъэгушхуэ къафэхэр, удэзыхьэх уэрэдхэр, нэхъыжь Iумахуэхэр, нэхъыщIэ жыIэдаIуэхэр, зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ хъыджэбзхэр, утыку укъизымынэну щIалэфIхэр.

Лъэпкъыр езыгъэфIакIуэу диIэ артистхэр, егъэджакIуэхэр, къэхутакIуэхэр, спортсменхэр, уэрэджыIакIуэхэр хэхъуэ зэпыту солъагъури, абы сегъэгушхуэ. Куэдрэ согупсыс: ярэби, гъащIэм щызекIуэ мыхъумыщIэ куэдыр курых зыхуэхъуа си лъэпкъыр нобэрей зэманым дауи къэса, фIыгъуэм дауи пэджэжыфа? УпщIэ згъэувхэм жэуап яхуэхъур зыщ – адыгагъэщ! Сыхуейщ дэтхэнэ адыгэми дыгъэпс и хуабэ къытепсэу, бгыжь-къуршыжьхэм къаIуэтэж хъыбархэм куэдрэ щIэдэIуу, уафэр и къащхъуэу, щIылъэр и щхъуантIэу, мамыр гъащIэм хэпсэухьу щытыну!

Yazarın Diğer Yazıları

Тхыдэм мы мазэм

Накъыгъэм и 1, махуэку • Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэщ • 1923 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакӏуэу, КъБР-м и Правительствэм и Унафэщӏу 1969 - 1984 гъэхэм щыта Къущхьэ...

Боз Эрдоган Станбул щыӏагъ

Шамил ыцӏэ зыхьырэ Културэмрэ Гъэсэныгъэмрэ я Фонд, Жьоныгъуакӏэм и 4-м пчдыжьышхэ зэдэгущыӏэгъу щыкӏуагъ. Ащ ихьакӏагъ «Дискуссионный Личностым и Зэхэгъэуцон» зыфиӏорэ тхылъыр зытхыгъэу академикэу, зэдзэкӏакӏоу...

«Блэкlыгъэм Къыхэшlыкlыгъэ Кlэныр»

Университет Еджакlохэм я Союзэу Зэдэлэжьэн ыкlи Зэдеlэжьыным и Програмэ (УНИДЕС) къыдилъытэу, «Блэкlыгъэм Къыхэшlыкlыгъэ Кlэныр-Черкес Театрэ», къалэу Бандырма къыщагъэлъэгъуагъ. Ащ дэлэжьагъэх Университет Онеди Эйлюлрэ, Черкес...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img