Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Инэрокъуей — Узунпынар

Къуажэр Узняйлэм къэтӏыса къуажэхэм ящыщщ. Къуажэр зыухуар Инорокъуэхэщ, абы щхьакӏ и цӏэри Инэрокъуей фӏащащ, зэреджэхэр аращ.

Къуажэр Ермэлы къуажэщ, Адыгэхэр къэмыкӏуэ ипэ Ермэлыхэр щыпсэуа и цӏэри Хьорозлуян урат.

Къуажэм Адыгэхэм я гъусэу Курд, Тырку, Ермэлыуэ щопсэур. Нобэ къуажэм мы лъэпкъиплӏыри зэдопсэу зыгурыӏуэхэуэ.

Къуажэр Ярхьисар, Иналкъуей, Сасыкъхьэблэ, Мэртэзей къуажэхэм щӏыкӏэ зыпылъщ. Аткӏэ Гурун районым я бгъурысщ. Азей районым и нэхъ жыжьауэ ищӏыр щыухым щысщ.

Къуажэм гъэхъупӏэшхуэ яӏэщ, я щӏыри щӏыфӏщ, гуэдз, хьа хасэр. Къуажэ хуэщӏащ. Нобэ къуажэм цӏыху куэд дэмысыжми ипэм къуажэшхуэу щтащ.

Къуажэр Кайсери къалэм 163 км, Азей районым 63 км пэжыжьэщ. И ракымыр 1850 хэм щыӏэщ. Щыӏэуэ жылэщ.

Къуажэм и цӏэ ираӏуэуэ цӏуху дэсахэр къэдбжын дыхъумэ;

Балкъар Хьарун, Ефэнды, Умар.

Къущхьа Узейир.

Блэнауэ Джафэр, Фози.

Дыду Наим.

Гуэбэшэ Хьатсу, Кемал.

Шындухъ Алааттин.

Фырэ Азиз, Кадир, Хьалиде.

Тохъ Решид, Грандыкъуэ, Безырыкъуэ.

Думан Мамо (Мэмэт Зеки), Касым.

Бешкокъуэ Хъызыр, Курт.

Кӏэфо Уахьаб.

Хьажмерэм Хьуриет, У­мар.

Инэрокъуэ Казым, Камил.

Шэгэм Хьаж Бекир, Хьаж Къасым.

Шэшэн Хьамзат.

Бырагъун Фехьми, Рушти.

Къуажэм нобэ Адыгэр нэхъ мащӏэу дэсми Курдымрэ Тыркум нэхъ дэсщ щитӏ хуэдизу нэрыбгэ дэсу долъытэр.


Yazarın Diğer Yazıları

Бащылбий – Демырбогъа

Абазэ Ачкаруа къуажэщ. Къуажэр 1859 гъэхэм нобэ Къэрэшей-Черкесым Бащылбий щӏыналъэм къикӏа Абазэхэм яухуа Казанчык къуажэм къыхэкӏыу 1867 гъэхэм мы къуажэр яухуащ. Къуажэр къуажэ цӏыкӏущ....

Щӏэшхьаблэ-Юкарыкызылчевлик

Къуажэр 1859-60 гъэхэм хуэзэуэ хэкум къикӏа къуажэхэм ящыщщ, къуажэр Кайсер-Малатя гъуэгум тету аращ. Кайсери къалэм 105 км Азей районым 20 км пэжыжьэщ. Къуажэм зи цӏэ...

Махъархьаблэ

Къэбэрдей къуажэ. Къуажэр Къэбэрдейм шэрэухъ псы lуфэм lуса Махъархьаблэ къуажэ дэсхэм зыкъаlэту Тыркум къыщыкlуа 1860 гъэм я ухуауэ зы къуажэщ. Къуажэр хэкум зэрыщытым хуэдэу...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img