Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Псэ Жыгыр

Скульптор Гъущӏапщэ Арсенрэ архитектор Мату Зауррэ ящӏа «Псэ жыгыр» 2004 гъэм ягъэуващ. Ар 1763-1864 гъэхэм екӏуэкӏа Урыс-Кавказ зауэжьым хэкӏуэдахэм я фэеплъщ. Шэрхъ щӏыкӏэу гъэжа бетоным тещӏыхьащ жэзым къыхэщӏыкӏа, метрибл зи лъагагъ жыгыр. Псэ жыгым къудамибл иӏэщ. «Къудамиблым къагъэлъагъуэ лӏакъуибл: адыгэхэм благъагъэр лӏакъуиблкӏэ къабжыр. Фэеплъыр зауэмрэ щыгъуэмрэкъым зи нэщэнэр, атӏэ гъащӏэ къегъэлъагъуэ. Псэ жыгым и дамыгъэр Мейкъуапэ, Хьэт щэнхабзэхэм къыщыгъэлъэгъуауэ урохьэлӏэ», – жеӏэ Гъущӏапщэм.

Илъэсищэ зауэм теухуа фэеплъ Налшык щагъэувын унафэр къащтат 1994 гъэм. Абы щыгъуэ Хуитыныгъэм и жыг хадэ цӏыкӏум деж щагъэтӏылъауэ щытащ мывэ, абдежым фэеплъ зэрыщаухуэнур тетхауэ. Зэман дэкӏри, мывэр щагъэтӏылъам тӏэкӏу нэхъ ищхьэкӏэ щаухуащ фэеплъыр – адэжьхэм щӏыхь зэрыхуащӏым и нэщэнэ Псэ жыгыр. Ар я фэеплъщ Хэкум папщӏэ зи псэ зытахэм, щӏэблэм я хуитыныгъэм щӏэхъуэпсахэм, я насыпым щӏэзэуахэм. «Псэ жыгым» къегъэлъагъуэ къэкӏуэнум фӏыкӏэ дызэрыщыгугъри.

Илъэс къэс накъыгъэм и 21-м фэеплъым и деж щрагъэкӏуэкӏ Щыгъуэщӏэж махуэм теухуа дауэдапщэхэр.

Yazarın Diğer Yazıları

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

TARİHTE BU AY

Yazarla sohbet

- Advertisement -spot_img