Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Хэкур щӏэинщ

Илъэс блэкӏам Адыгэ республикэм урысыбзэкӏэ къыщыдагъэкӏащ адыгэ дин щӏэныгъэлӏ, узэщӏакӏуэ Мэрэтокъуэ Нухь 1912 гъэм Къэзан типографием хьэрыпыбзэкӏэ щытрыригъэдзауэ щыта «Адыгэхэм я тхыдэм къыхэлыдыкӏ напэкӏуэцӏхэр» тхылъыр. Ӏэщӏагъэлӏ зыбжанэм ягъэхьэзыра зэдзэкӏыгъэм я гуащӏэ халъхьащ Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэр джынымрэ лъэпкъ зэгурыӏуэныгъэмкӏэ центрым и унафэщӏ, тхыдэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор Зайцев Илья, Адыгэ республикэм гуманитар щӏэныгъэхэмкӏэ и институтым этнологиемрэ лъэпкъ гъуазджэмкӏэ и къудамэм и унафэщӏ, тхыдэ щӏэныгъэхэмкӏэ доктор Хъуэткъуэ Самир, Кавказымрэ Азие Курытымрэ джынымкӏэ РАН-м и лабораторэм и унафэщӏ, тхыдэ щӏэныгъэхэмкӏэ кандидат Нэфлашэ Наимэ, нэгъуэщӏхэми.

Мэрэтокъуэ Нухь Тхьэкӏумащӏэ и къуэр (1847-1932) къызыхэкӏа лъэпкъ къудамэкӏэ абэзэхэщ. Каир дэт «ӏэл-ӏэзхьэр» университетыр къиуха нэужь, абы 1895 гъэм Джэрыкъуей къуажэм игъэзэжри, мэжджытищ зыдэт, цӏыху 971-рэ зыдэс жылэм и ефэндыуэ лэжьащ. Ислъамыр зэрадж тхылъхэм нэмыщӏ, Мэрэтокъуэм лъэпкъым ифӏ зезыхуэ гупсысэхэр щызэхуэхьэса тхылъ зыбжанэ и ӏэдакъэ къыщӏэкӏащ. Большевикхэр диным щабэу хущытыху, жылагъуэ съездхэм кӏуэуэ, утыкум къыщыпсалъэу, пщӏэшхуэ иӏэу къекӏуэкӏащ Мэрэтокъуэр. Ауэ 1927 гъэм щхьэусыгъуэншэу ягъэтӏысри, цӏыхухэм кърагъэутӏыпщыжыну къажыхьа щхьэкӏэ, зыри къимыкӏыу, 1932 гъэм хьэпсым ису дунейм ехыжауэ щытащ.

РАН-м Къуэкӏыпӏэр джынымкӏэ и институтым щылажьэ, тхыдэ щӏэныгъэхэмкӏэ кандидат Бадерхан Фасих 2001 гъэм къыдигъэкӏауэ щытащ «Кавказ Ищхъэрэм иӏэпхъукӏахэр Тыркум, Сирием, Иорданием зэризэгъар» тхылъыр. «ӏэпхъуэным щхьэусыгъуэ гущӏыхьэ хуэхъуахэр» ӏыхьэм абы и гугъу щещӏ Мэрэтокъуэ Нухь икӏи ищхьэкӏэ зи гугъу щытщӏа и тхылъым щыщ пычыгъуэхэр щыхьэту къегъэув, адыгэхэр зыгъэщхьэрыуахэр куэд хъууэ щытми, лъэпкъыр и пӏэм къинэным, и Хэкур зыӏэщӏимыгъэкӏыным тезыгъэгушхуахэри зэрыщыӏар, Мэрэтокъуэри апхуэдэхэм я щапхъэт.

«Урысхэм уазэрыгурыӏуэн ӏэмал зэрыщыӏэм шэч хэлътэкъым, бийм къарит ахъшэ тӏэкӏум щӏэнэцӏу, лъэпкъым и епцӏыжакӏуэхэм цӏыхухэр Тыркум ӏэпхъуэным къыхураджэн щӏамыдзатэмэ, – щетх Мэрэтокъуэм зи гугъу тщӏы тхылъым. – Щӏэныгъэ зэрабгъэдэмылъым къыхэкӏыу, Хэкур зыбгынахэм занщӏэу я фӏэщ хъуащ тырку тетыгъуэм къызэригъэгугъэ «гущӏэгъумрэ гуапагъэмрэ» икӏи япэ махуэм щыщӏэдзауэ мащэ ӏуфэм къыщыхутахэщ, зыри дэӏэпыкъуэгъу ямыгъуэту. Хэкум икӏа нэужь, ахэр щыгугъырт бий бзаджэм ӏэщӏэкӏыу езыхэм динкӏэ я къуэш къэралым къыщыхутэну. Ауэ ар щыуагъэт. Дагъыстэнымрэ Адыгэ Хэкум щыщ ди къуэшхэмрэ нобэми «хьэжрэт узым» иӏыгъщ, щӏыпӏэр пхъуэжыныр ислъамым къабыл зэрищӏым игъэщхьэрыуауэ, мэӏэпхъуэ, ди жагъуэ зэрыхъущи. Абыхэм ящӏэркъым щӏыпӏэщӏэм зэрызыщамыхъумэжыфынур, сыту жыпӏэмэ, хамэщӏым уӏэпхъуэныр лӏэныгъэ пэлъытэщ».

«Сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ дэ тыркухэм я деж дымыӏэпхъуэнкӏэ ӏэмал имыӏэу щыӏэр, – щӏэупщӏэрт Мэрэтокъуэр. – Муслъымэнхэр ӏэмал имыӏэу Уэсмэн империем щыпсэун хуеймэ, сыт зи щӏыналъэр яубыда адрей муслъымэн лъэпкъхэр абы щӏэмыӏэпхъуэр? Си лъэпкъэгъухэ! Хьэжрэтым (нэгъуэщӏыпӏэ ӏэпхъуэным) гъэщӏэрэщӏауэ тепсэлъыхьхэм жаӏэр фи фӏэщ фымыщӏ. Мухьэмэд бегъымбар лъапӏэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам хэку бгынэныр игъэдахэртэкъым. «Текӏуэныгъэ нэужьым хьэжрэт щыӏэкъым», – жиӏэу щытащ абы. Сэри слъагъуркъым дин ӏуэхукӏэ ущӏэӏэпхъуэн щхьэусыгъуэ. Бегъымбар лъапӏэм и псалъэхэр фымыщӏэныр емыкӏукъэ? Хьэжрэтыр ӏэмалыншэ хъуауэ щӏыщытар Мэккэ муслъымэнхэм къаӏэрыхьэн ипэкӏэ, быдэу зэкъуэувэн папщӏэт. Къалэр къаӏэрыхьэжа нэужь, ущӏэӏэпхъуэн щхьэусыгъуэр кӏуэдыжащ. Хэкум щыпсэуну ӏэмал къызыхуэмынэжа гуэрхэр щыӏэу щытми, дэнэ щыфщӏэр Уэсмэн империер жэнэт унапӏэ фхуэхъуну? Фи бынхэми абыхэм я быныжхэми я гъусэу фыгъыжынущ, абыхэм игъащӏэкӏи къыфхуагъэгъунукъым нобэ ефщӏэр».

Тхыдэми дызэрыт зэманми къегъэлъагъуэ Мэрэтокъуэ Нухь и псалъэхэм я мыхьэнэм кӏуэ пэтми зэрыхэхъуэр.

Yazarın Diğer Yazıları

Адыгэбзэ зэмыфэгъу

Ди газетыр илъэси 100 зэрырикъуар щыдгъэлъэп1а мы илъэсым иджыри къэс ди1а гуращэхэм ящыщ зым дыте1эбауэ пхужы1энущ. Зи гугъу сщ1ынур адыгэбзэк1э газет къыщыдэк1 республикищым къыщыдахыу,...

Зэрагъэбагъуэ пщалъэхэмрэ есэп нагъыщэхэмрэ

Гъэ еджэгъуэщlэм щlидзакlэщ. Щlэныгъэм хуэпабгъэ сабийхэм я тхылъылъэхэр тхылъыщlэхэмрэ тетрадыщlэхэмрэ ирашэх. Къалэмхэр, къэрэндащхэр, хьэфэтегъэкlхэр – псори щlэрыпсщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ еджакlуэ цlыкlухэм нэгъуэщl зы насыпыщlи...

Ди япэ илъэсищэр

2022 гъэм жылагъуэ гъащІэм нэхъ гукъинэж дыдэу сыт къыщыхъуар жытІэу дызэупщІыжмэ, ар Къэбэрдей-Балъкъэр республикэр илъэси 100 зэрырикъуарщ. Апхуэдэ махуэшхуэ нэхъ пасэми щагъэлъэпІа къыщІэкІынщ ди...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

TARİHTE BU AY

Yazarla sohbet

- Advertisement -spot_img