Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Кайсэри Къалэ, «Нэхущ» жьы хуабэм дызыщӏиуӏэфӏауэ!

Мы мазэм и ещэнэрей (3.) махуэм и пщыхьым; зыпымычыу, зыкӏэлъыкӏуэу жиӀа ди бзэ уэрэд дахэхэмкӏэ Нэхущ Чэрим дызыщӏиуӏэфащ.

Сэ, илъэс щэщӀырэ блы ипэ, япэ дыдэ Хэкум сыщыкӏуам щыгъуэ, си анэш Бейкалды Мухьэмэд дирихьэщӏэу Чэрим щӏалэ дыдэу (17-18 гъ.) къыдбгъэдэсауэ и макъыми дедэӏуауэ щытат.

Кайсэри Къалэм щыдихьэщӏэу, илъэс плӏыщӏым еблэгъа гукъинахэр, и гу къэзгъэкыжу, мы махуэхэм зыхэхьэну и ныбжьыщӏэхэмкӏэ сехъуэхъуну сыхуэкӏуащ.

Нэхущ Чэрим утыку къыщихьам щыгъуэ, пшынауэ ӏэзэхэр Вэрокъуэ Валэри, Жу Къайхан, Кайсэри Адыгэ Хасэ къафакӏуэ гуп «Ашэмэз», ахэм ДжэгуакӀуэ, Хьэтхакӏуэ ӏэзэхэр игъусэу жиӏа уэрэдхэмкӏэ къедаӏуэу хъуар къыдэжьыууэ, зы пщыхь хуэбагъэ, дахащэр зыдэдгуэшаш.

Сызыхэплъахэм нэхъ дахэ дыдэ къысщыхъуар; «псынэ» гупым хэт ди щӏалэ цыкӏухэм, уэрэд жыӏэпӏэ пащхьэм къекӏуалӏэу, Чэрим дэжьууэ, гъусэ зэрыхуэхъуаращ… Ди щӏэблэ цӏыкӏухэм бзэр ящӏэкъым… жытӏэу дытхьэусыхэми:

-Уэрэдым и бзэри ди бзэщ! жыдигъэӏэщ…

Токъмакъ Айдынырэ, Нэхущ Чэримырэ

Къыкӏэлыкуэну махуэми Мэрсин къалэм дэс, ди лъэпкъэгъухэм яхужиӏэнущ, ди Адыгэ уэрэдхэр.

Упсэу! Нэхущ Чэрим, и гъуса гуп дахэхэ…

Ди гуми, ди нэгуми зиужьащ.

Фефӏакӏуэ ди лъэпкъэгъухэ, фефӏакӏуэ!

Дэнэ фыщыпсэуми!

Ди бзэр фӏурылъу Фефӏакӏуэ!

Yazarın Diğer Yazıları

Ди бзэм хэтлъагъуэ «Хьэ»хэр!

«Уэ Хьей»! Илъэс щӏэныкъуэм (50) фэкӏащ, Анкара къалэм сыщеджэу, зыгъэпсэхугъуэм хуэзэу, ди къуажэ Бэшкъэзакъхьэблэ сыкӏуэжыну, анэщ къуажэ Аслъэнхьэблэ сыдэхащ. Си анэ шыпхъу Сабиха слъагъуну, я...

«Псы»ра псэр?

Псыр зы пкъыгъуэщ, пкъыгъуэ цӏэщ. Ущызыкӏэщӏэплъ ткӏуаткӏуэщ. Псэр къызыхэкӏщ. Арыншэу, псыншэу псэ щымыӏэщ. Псырэ псэрэ, сыт щыгъуи зэгъусэщ. Псыр зы пкъыгъуэу, псэм и щӏэдзапӏэщ. Псэ...

Адыгэ фащэм хухэха махуэу!

Лъэпкъыу хъуам, цӏыхухэм, зы щыгъын щатӏэгъауэ ящыгъщ. Ауэ хухэха махуэ «махуэщӏ»хэм лъэпкъ теплъэр зыгъэлъагъуэ зы щыгъынкӏэ захуапэхэ. Мис абы хуэдэу илъэс 25 ипэ (гъэ 2000)...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img