Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Сидкыт — Енияпан

Къуажэр 1860 гъэм Бащылбий Абазэхэм я хэту Узняйлэм къэтӏысащ. Къуажэр нобэ Карачай Черкеск щыпсэу Гэбэкъуей къуажэм къикӏахэщ. Бащылбий Абазэхэм я хэту къэкӏуами куэд мыщӏэу абы къахэкӏри иджы щыпсэу Сидкыт къуажэр яухуащ.

Къуажэр щӏыкӏэ Капаклы, Олукташ, Демирбогъа, Пазэрсу, Казанчык къуажэхэмкӏэ къэуфэрэзыхьащ.

Къуажэр Абазэ Ачкарува къуажэщ.

Къуажэр Сивас къалэм, Шаркышла Районым епхащ. Шаркышла районым 25 км. Сивас къалэм 125 км пэжыжьэщ.

Къуажэр къуажэшхуэ дыдэу щыткъым иужькӏэ Мэрзей, Хьашокъ, Гъукӏэпщокъуэ Лъэпкъхэри Къэбэрдейуэ къахэтӏысхьащ.

Къуажэм щӏышхуэ яӏэщ, гуэдз, хьа хасэр, ӏэщрэ мэлрэ зрахуэр, къуажэдэсхэр къалэшхуэхэм ӏэпхъуэжащ, гъэмахуэм къэкӏуэжурэ я щӏы толэжьыхьхэр щӏымахуэми къалэшхуэхэм мэӏэпхъуэжхэр.

Къуажэм лӏы цӏэрыӏуэ куэд дэсахэщ.

Къэдбжын дыхъумэ;

Сид; Хьалис, Ариф, Кемал, Сулейман, Шахьан, Емир, Неджим.

Хьартокъуэ; Абыдин, Кадир. Сабри, Исмаил, Махьмуд, Ахьмэд.

Азын; Даут, Адза Мустабей.

Цӏыкӏыс; Алааттин, Малакӏо, Хьайыт

Яшба; Хьйдар.

Елен; Исмаил.

Мэрзей; Хьатӏутӏ.

Хьашокъ; Мухьудин, Едип, Рамазан.

Джедир; Зеки, Рыфат.

Дэгунэ; Мевлут.

Гъукlэпщокъуэ; Хьангери.

Хьакъарэ; Икрам, Али, Къахьир.





Сид Сулейманрэ ищхьагъусэ Асланхэ япхъу Аишэрэ.
Сид Хьалис
Сид кыт бзылъхугъэхэр зыхэту.
Яшбахэ унагъуэкlэ








Хьартокьуэ Исмет рэ Сид Хьедийе (Рыста)

Yazarın Diğer Yazıları

Щӏэшхьаблэ-Юкарыкызылчевлик

Къуажэр 1859-60 гъэхэм хуэзэуэ хэкум къикӏа къуажэхэм ящыщщ, къуажэр Кайсер-Малатя гъуэгум тету аращ. Кайсери къалэм 105 км Азей районым 20 км пэжыжьэщ. Къуажэм зи цӏэ...

Махъархьаблэ

Къэбэрдей къуажэ. Къуажэр Къэбэрдейм шэрэухъ псы lуфэм lуса Махъархьаблэ къуажэ дэсхэм зыкъаlэту Тыркум къыщыкlуа 1860 гъэм я ухуауэ зы къуажэщ. Къуажэр хэкум зэрыщытым хуэдэу...

Елъыхъуей — Юкарыборандере

Къуажэр Казанчык къуажэм яхэту 1860 гъэхэм Узняйлэм къэтӏыса Карачай Черкеск Бащылбий щӏыналъэм къикӏа Ачкарува Абазэхэм ящыщщ. Иужъкӏэ Елъухъхэ я пащэу мы къуажэм къэтӏысри Елъыхъуейкӏэ...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img