Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Елъыхъуей — Юкарыборандере

Къуажэр Казанчык къуажэм яхэту 1860 гъэхэм Узняйлэм къэтӏыса Карачай Черкеск Бащылбий щӏыналъэм къикӏа Ачкарува Абазэхэм ящыщщ. Иужъкӏэ Елъухъхэ я пащэу мы къуажэм къэтӏысри Елъыхъуейкӏэ зэджэ къуажэр яухуащ.

1967 гъэм Адыгэ хасэр щысэlуахым хэта Елъухъ Исмет, Кадир, Лакоба Мухьиттин_зэгъусэу.

Къуажэр Кайсери къалэм 100 км, Азей районым 17 км пэжыжэу къуэжэкум псы ежэх яӏэу къуажэ дэхащэт ауэ иужъкӏэ 1960 гъэхэм къэлъалъэу щӏидзэри къуажэдэсхэм я мылъкур Курдрэ Аушэрхэмрэ иращэурэ дэкӏыжахэщ. Нобэ къуажэм Абазэ унагъуэ щыпсэужкъым, къуажэ зэпсори Аушэр зытехъухьащ унэгъуэ щитху щыпсэуэ гъэлеяу къуажэшхуэщ.

Къуажэр щаухуам щып­сэуа лӏыцӏэхэр къыжытӏэн дыхъумэ;

Ягъан Тамбот, Емир, Зия, Шевкет, Расим, Мустабей, Хьангери, Гази, Аслан, Хьамид Чавуш, Хьамди, Фехьми,

Ягъан Хьаж Тофикрэ ищхьагъусэмрэ.

Бекыз; Махьмут, Иса, Адил,

Бекыз Умар

Хьалбад; Кайсын, Бараджа, Хьадж Ахьмэд, Махьмуд,

Лакоба (Мэлыхъуэ); Хьарис, Хьамза, Мэхьмэт, Хъусейн,

Лакоба унагъуэр зыхэту.

Мэлыхъуэхэ я Бжэlупэр…

Елъухъ; Пщымахуэ, Хъангэри, Мэмэтгери, Рыфат, Исмет, Назир,

Елъухъ Исмет

Безуг; Талъистан, Салихь,

Болат; Мевлут, Юсуф,

Шармат; Махьмут, Мансур,

Кумач; Иса, Салихь,

Маджаджа; Камата, Осман, Ейуб,

Къуэчlасэ; Исхьак, Мевлут, Алхъас, Мурадин, Вели, Пышмафэ.

Къуажэр щlыкlэ зыпылъу къуажэхэр; Шэшэн Жамботей, Щэныбей, Махъархьаблэ, Хъуэстхьаблэрэ Мэкэнейрэщ.

Чалохэ 1927 гъэм къуажэм къыдэтӏысхьа Курдхэр. Чалоха иужъым кевенхэр Аушэр унагъуэр Палло Салманхэ Курду унагъуэ.

 

Yazarın Diğer Yazıları

Исмел кыт

Абазэ къуажэ. Ачкаруа. Къуажэр нобэ Къэрэшей-Черкес Республикэм ищӏым щыӏэ Бащылбий щӏыналъэм къикӏу Казанчык къуажэм къэтӏыса Абазэхэм ящыщщ. Иужькӏэ Исмейлыкъуэм игъусэуэ Казанчык къуажэм къыдэкӏри къуэжитӏ хъуэ...

Панлы – Панкуей

Абазэхэ къуажэщ. Унагъуэ зыплӏытхуи Болгарием къикӏауэ гуэч къыщащӏам къэралым къыдигъэтӏысхьауэ унагъуэ щопсэур. Къуажэм и гъунапкъэхэр Сывгын, Тозгун, Эскитеккэ, Меликгази, Кушчулар, Акорен къуажэхэращ. Къуажэр япэрей зэманым 120 унагъуэ...

Бащылбий – Демырбогъа

Абазэ Ачкаруа къуажэщ. Къуажэр 1859 гъэхэм нобэ Къэрэшей-Черкесым Бащылбий щӏыналъэм къикӏа Абазэхэм яухуа Казанчык къуажэм къыхэкӏыу 1867 гъэхэм мы къуажэр яухуащ. Къуажэр къуажэ цӏыкӏущ....

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img