Куэд щӏауэ сыкъыщалъхуа щӏыналъэм сыщымыӏауэ сыкъэкӏуэжащ. Пэжыр жысӏэнщи, илъэс бжыгъэ сызэрыщымыӏам зэхъуэкӏыныгъэ куэд зыдэзмылъагъуэ къалащхьэм и уэрам бгъуфӏэм сытету сыздрикӏуэм, «Адыгэ унэ» тыкуэным сыщӏэмыхьэныр схузэфӏэмыкӏа ӏуэхугъуэщ. Сыт щыгъуи гуапэу къысӏущӏа тыкуэным и лэжьакӏуэ хъыджэбзым щӏэуэ къаша хьэпшыпхэр сигъэлъагъуу щыщӏидзэм, тхылъхэр зытет лъэныкъуэмкӏэ сыкъеплъэкӏащ. Пэжщ, тхылъ мымащӏи щащэ а тыкуэным, ауэ а псом нэхъ си нэ зытехуар зыщ. Ар адрей тхылъхэм теплъэкӏэ къахэщхьэхукӏт, зэ еплъыгъуэкӏэ сфӏэфӏу, сигу ирихьу щытт. Адыгэ фащэр зыщыгъыу уафэм ис мазэ изымрэ гъуэгу гъэлъагъуэ абы хуэхъуа вагъуэ пщыкӏутӏымрэ пщащэр зы щӏыпӏэ яшэ. Тхылъым тращӏыхьа сурэтыр щатхми къагъэсэбэпа плъыфэхэри цӏугъэнэ дыдэу щымыту хуабжьу гурыхьщ. Нэхэр къыдэсхьейуэ ар зытхар щыслъэгъуам, занщӏэу псори гурыӏуэгъуэ хъуащ: тхылъым гупсысэ къызэрыщызгъуэтынум, сызэрыдихьэхынум, ар бзэ телъыджэкӏэ-сэ спэгъунэгъуу-зэрытхам. Багъ Марьям «Гъуэгуанэ тхыгъэхэр». Сымыгупсысэу тхылъыр къэсщэхуащ. Унэм сыкӏуэжу абы сызэреджэнум шэч къытезмыхьэми, схуэшэчакъым тхылъыр къызэгуэзмыхын. Напэкӏуэцӏ 90-м занщӏэу сыкъыщоджэ: «Сытым деж псэм зыщигъэпсэхур, псэр щытхъэр, псэр щыплэр, псэр щыдаӏуэр, псэм щызэхищӏэр, псэр щылъатэр? Псэм гъащӏэр фӏыуэ щилъагъум дежщ. Лъагъу, уемыжьэу укъалъагъужыным, лъагъу укърихьэкӏыу гурыщӏэм, ухуэнэхъуеиншэу псэ зыхэт псоми»… Мыпхуэдэ псалъэхэм къызэгуэсха тхылъым пэублэу сахуэзамэ, адэкӏэ сыт абы сыщӏемыджэнур, телъыджагъ и лъэныкъуэкӏэ сыпоплъэ. Сытми, ар зэгуэспӏэжщ, унэм сыкъэсыжри, куэдрэ си ӏэмыщӏэ измыгъэкӏа тхылъым и напэкӏуэцӏхэр щӏэзджыкӏыу щӏызодзэ, Багъ Марьям и дунейм сыщохьэщӏэ.
Къапщтэмэ, хьэщӏэр арэзы пщӏын папщӏэ, куэд ухуейщ. Марьям и гупсысэхэм хьэщӏэ хуэхъуа сэ щӏэзджыкӏ дэтхэнэ псалъэми, псалъэухами набдзэгубдзаплъэу сакӏэлъыплъащ. Дыхуей-дыхуэмейми, хьэщӏапӏэ дыщыӏа нэужь, дызыгъэхьэщӏа, дызэрагъэхьэщӏа псомкӏи благъэ-ӏыхьлыхэм дадэ(у)гуашэу щытщ. Сэри а хабзэм сытемыкӏыу аращ.

Куэдым фцӏыхуми, фигу къэзгъэкӏыжынщ Багъ Марьям хэт хъунуми. Багъ Абдулрашид ипхъу Марьям Дзэлыкъуэ щӏыналъэм къыщалъхуащ-Къармэхьэблэ. Щӏэныгъэ нэхъыщхьэ зиӏэ цӏыхущ ар. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и филологическэ факультетым адыгэбзэмрэ литературэмкӏэ щыӏэ къудамэр къиухащ. Къищынэмыщӏауэ, Багъыр журналист ӏэщӏагъэми хуеджащ. Илъэс куэдкӏэ адыгэбзэр езыгъэджу лэжьа Марьям «Урысейм щӏыхь зиӏэ и егъэджакӏуэ», «Урысейм и егъэджакӏуэ нэхъыфӏ» цӏэ лъапӏэхэр къыхуагъэфэщащ, Дунейпсо Артийскэ Комитетым и орденыр къратащ. 2001 гъэ лъандэрэ тхылъ тхыным, къыдэгъэкӏыным, адыгэбзэр егъэфӏэкӏуэным и гуащӏэр щхьэузыхь хуищӏащ. Нобэкӏэ лэжьыгъэ ин зэрыт тхылъу къыдигъэкӏар бгъу мэхъу. Ахэр лъэныкъуэ зэхуэмыдэкӏэ зэхэухуэнауэ, щӏэщыгъуэу, гупсэхуу зэхэгъэува хъуа тхылъхэщ. Зыхуэгъэзахэр адыгэхэр аращ, зи бзэр зэзыгъэщӏэну мурад зиӏэхэм щыщӏэдзауэ, ӏуэрыӏуатэр ди дыщэ пхъуантэу къэзылъытэхэм нэсыху. Пэжщ, адыгэм и жыӏауэ, удым и удыгъэ япэ ирегъэщ. Тхылъ къэсщтауэ щӏэзджыкӏам зыгуэрхэр мыхъумыщӏэу, сигу иримыхьауэ хэтмэ, занщӏэу Марьям хуэстхынщ, жысӏэу сегупсысащ, ауэ напэкӏуэцӏ_250-м щӏигъу тхылъыр хуабжьу сигу ирихьащ. «Гъуэгуанэ тхыгъэхэр» ӏыхьихыу зэхэтщ: гъуэгуанэ тхыгъэхэр, хамэщӏым щыпсэу адыгэхэр, гупсысэныгъэхэр, жыӏэгъуэхэр, гуӏэфӏтещӏэж, урысыбзэкӏэ тха тхыгъэхэр-путевые зарисовки. Занщӏэу жысӏэнщи, Марьям и тхыгъэхэм щыщ куэдыр урысыбзэм къизыгъэтӏэса Къармэ Асият и зэдзэкӏыныгъэхэми тхылъым укъыщоджэ. Сыт щыгъуи Марьям и щӏыбагъым къыдэт унагъуэм фӏыщӏэ тыгъэ яхуищӏа тхылъым курых хуэхъуауэ къэслъытэр езы цӏыхубзым и адыгагъэ нэсырщ, гущӏэгъу зэрыхэлъырщ, гулъытэ зэриӏэрщ, адыгэбзэм зэрытегузэвыхьырщ, псэ къабзэ зэриӏэрщ, гу хуабэ зэрыбгъэдэлъырщ, дэтхэнэ зы адыгэми папщӏэ куэд зэрищӏэфынурщ. Мы жысӏахэр хыболъагъуэ тхылъыр зытхам и зы дэтхэнэ теплъэгъуэми. Сыт хуэдэ ӏуэхугъуэ темыпсэлъыхьми, темытхыхьми, къимыӏуатэ-жимыӏэми, гум къыбгъэдэкӏыу тха хьэрфхэм хуабагъэ къыббгъэдалъхьэ, тхыгъэхэм уащыщӏэджыкӏкӏэ, цӏыхур къызэригъэлъагъуэр фӏы и лъэныкъуэкӏэщ. Игу къеуэ куэдыр утыку къыщрилъхьэкӏи, моуэ-щэ, зыми я жагъуэ имыщӏыну, ауэ пэжым и гъуазэр пхишу щытщи, ар сфӏэфӏ дыдэщ. Псэм и дахагъэмрэ, плъыфэу абы иӏэмрэ уэзыгъэлъагъу теплъэгъуэ куэдыр къыщонаӏуэ мы тхылъым. Псэ дахэ зиӏэм ар хуопабгъэ, зыхуеший. Арагъэнущ мыпхуэдэуи щӏитхыр: «Псэ къабзэ зиӏэ цӏыхухэр уи пэшэгъуу мы дуней мафӏэм упхырыкӏыным сыт нэхъыфӏ щыӏэ?» Цӏыхухэр фӏыуэ зылъагъу, абыхэм фӏы и лъэныкъуэкӏэ фӏэкӏа зызыхуэзымыгъазэ Марьям и зы дэтхэнэ псалъэр и тыгъэщ, хъуэхъущ: «Гуфӏэ, гуапагъэ, гурыфӏыгъуэ, гукъэкӏ, гукъыдэж, гупсысэ, гулыщӏ, гумахэ, гужан, губзыгъэ, гупсэ, гудзакъэ, гунэдж, гунэс, гу щаб… къещэщэхыу ди щӏэблэм ятегъэщащэ, блэмыкӏыу зэщӏащыпэу, щабэрыкӏуэхэу, хэщыпыхьауэ зеплъэу,лъэ быдэу лъэпкъым хэту, туту быдэу, дэуэ ӏэфӏу, фӏыкӏэ ӏэбэу, бэуэ бэгъуэну Тхьэшхуэм солъэӏу!». Хъуэхъуу зи адыгэбзэр зэрылъэлъ Багъым и гупсысэхэр зылъэмыӏэсыр мащӏэщ. Ахэр зэми пасэм мэӏэбэжри нанэ, дадэ сымэ я зэманым хопсэухь, пасэрей гъащӏэм и дахагъэ псори дегъэлъагъу, цӏыхухэм гущӏэгъуу яхэлъу щытар, хабзэр ягъэлъагъуэу, сыт и лъэныкъуэкӏи щапхъэу зэрыщытахэм дыщӏегъэджыкӏ, зэми нобэрей зэманым нэщэнэ телъыджэу щилъагъухэм къытхутотхыхь. Куэдрэ зытепсэлъыхьыну абы фӏэфӏ псэм насыпыр гуэгъу хуещӏри – къыдохъуэхъу: «И насыпщ уи псэм, нэгъуэщӏ псэр и псэу, псори къехъуапсэу, уи унэм езыр щӏэпсэу, уи псэр и псэупӏэу, уи гум и купсэу, и псантхуэр пхъумэу, псэгъуу бгъэлъапӏэу, псыпсу ухуэсакъыу, псэдахэ щомыгъащӏэу, псэемыблэжу! Богъэпсэу нэгъуэщӏым и псэр уи закъуэ уи псэу! Уи дыщэпсщ, уи гупсэщ! Псэу фызэнэзэпсу!». Тхэным гу хуэзыщӏа Марьям и псэр дахэу, телъыджэу щымытыныр ӏэмал зимыӏэщ, сыту жыпӏэмэ абы щалъхуа щӏыналъэм и хъугъуэфӏыгъуэ куэдыр гуэгъу хуэхъуащ. Зэпыу имыӏэу сабиигъуэр щигъэкӏуа щӏыналъэм иропагэ ар. Ар зыпищӏыни, зыпигъэувыни щымыӏэ зы щӏыналъи. Адэшхуэ-анэшхуэм, адэ-анэм, ӏыхьлы-благъэхэм яхуигъазэ псалъэхэм къыпфӏагъэщӏ а цӏыху телъыджэхэр къыббгъэдэсу, къыбдэуэршэру, къыпхуэгуапэу. Шхыныгъуэ ӏэфӏхэр зыпщэфӏ нанэр, жьыгъэр къызытекӏуэу щыгъупщэх хъуа дадэр, жьауэу къыщхьэщыта адэр, пасэу щхьэщыкӏуэта анэр щыпсэуа адэжь лъапсэр куэдрэ абы игу къегъэкӏыж: «ятӏэ чырбыш унэ цӏыкӏу, ӏушэ хъуарэ щхьэгъубжэ нэфри зыхэгъэмба, зи уэрам бгъузэхэм арагъкӏэ ирикӏуэфхэу щыта. Ауэ нурыр къызыдих, зи жьэгу хуабэ дыдэ, уэшхыпс инари зэнзэныпсу къыщытлъытэ, дэтхэнэ удзыпэ къыщыкӏхэм, ар удз гъэужьу щытми, адэжь лъапсэ, псэм и гурыфӏыгъуэ…». Нанэ и шхыныгъуэхэр ӏэфӏыщэу зэрипщэфӏу щытам шэч къытетхьэну ӏэмал дигъэщӏкъым Багъым. Зи ныбжь хэкӏуэта цӏыхум и теплъэр къызэригъэщӏыр гупэущ: «Хьэнифэ нанэ куэдрэ сигу къокӏыж. Хьэнифэ нанэ нэхъ жьы хъуами, и лъэм фӏыуэ къримыхьэкӏыжми, зэи щылъу слъэгъуакъым. Хужьыбзэ цӏыкӏуу хуэпауэ пӏэкум исрэ, Къурӏэн лъапӏэр и ӏэгуитӏым илъу. И щхьэфӏэпхыкӏыр, натӏэр щӏихъумэу къелъэфэхарэ, ӏэлъэщӏ кӏапэхэр гупэмкӏэ дамащхьэм телъу. Щабэ дыдэу псалъэу, макъ лъахъшэкӏэ къеджэу. Хьэнифэ зыщӏэс пэшыр псом нэхърэ нэхъ нэхуу блэуэ къысщыхъурт». Зэрыадыгэм ирипагэ, уэрэд зэхихмэ, макъамэ къеуэмэ зи гур хэхъуэ Багъым и теплъэгъуэ кӏэщӏхэм, гупсысэ къиӏуатэхэм ӏэмал зэриӏэкӏэрэ къыщигъэсэбэпыр адыгэцӏэщ: Дыгъэцӏыкӏу, Дунейнэху, Дотэ, Хьэсин, Хьэжмусэ, Хьэбыж, Кушыку, Хьэмит, Тӏалэ, Алихъан, Амыдэ, Мамырхъан, Хьуд, Лу, Хьэбил, Къасбот, Хьэсэн, Ахьмэд, Нурэ, Мурид, нэгъуэщӏхэри. Щӏыпӏэцӏэри щыкуэдщ мы тхылъым: Екӏэпцӏэшхуэ, Балъкъ, Псыхуабэ, Мэзкуу, Къущхьэхъу. Къэсейхьэблэ, Анзорей, Истамбыл (Италие, Урал, Буйнакск, Иерусалим, Иордан). Куэдым къамыгъэсэбэпыж псалъэхэри щымащӏэкъым тхылъым. Абы Марьям и бзэр нэхъ къулей ящӏу къысщохъу: татыргъэш, барщыбэ, тэкурэку, хьэтыкъ, вагъуэкӏапсэ, шабий, саякъ, малъхъэдис, шыкъазы, къундэпсо, щхьэфӏэӏу.
«Гупсысэныгъэхэр» ӏыхьэр хуабжьу сигу ирихьащ. Гупсысэу цӏыхум и акъылым къэкӏыр мащӏэкъым, ауэ ахэр зэгъэзэхуауэ, зэпэщхьэхуэхэу, адыгэбзэ къабзэкӏэ тхыныр ар тыншкъым. Мы лэжьыгъэ-ӏуэхугъуэ мытыным тынш дыдэу пэлъэщыфа цӏыхущ Марьям. Цӏыхум и гум, псэм, гущӏэгъум, щхьэхуитыныгъэм, лъагъуныгъэм, насыпым, пасэрей псэукӏэм, адыгэ хабзэм, дуней дыкъэзыухъуреихьым, еджэныгъэм, цӏыхум и щӏэныгъэм, нобэкӏэ кӏэрыутӏыпщ ящӏа, ящыгъупщэжа пщӏэ щӏыным-хуэгъэзащ мы ӏыхьэр. Нанур лъэпкъыпсэу къэгъэтэджыным папщӏэ тхылъым ихуауэ щӏапхъэ-лэжьыпхъэхэр куэдым я дежкӏэ щӏэгъуэкъуэну къысщохъу. Зэпэщхьэхуэу къетхэкӏа хъуа псалъэхэм фӏэщ пщащӏ ди къэкӏуэну зэманыр зэлъытыжа щӏэблэр акъылыфӏэу, щапхъэгъэлъагъуэу, гущӏэгъу яхэлъу зэрыщытынур. Нобэ унагъуэ ихьэну зызыгъэхьэзыр дэтхэнэ зы хъыджэбзми и анэр мыпхуэдэ псалъэхэмкӏэ быныр иущийуэ, игъэдаӏуэу щытамэ, ар сыту телъыджэт: «Узыхыхьэ унагъуэм я хьэлым, я хабзэм зытегъахуэ. Я щэхур наӏуэ умыщӏ, яхуэӏэфӏ, фӏым дунейр зэтреӏыгъэ. Нэхъыжьу яӏэм пщӏэ яхуэщӏ. Губгъэни унэрысхэм зыхуумыгъэщӏ. Нэхъ щӏалэхэм едэхащӏэ, я нанухэм егуэпэкӏ. Уи бзэр гъэӏэфӏ. Псалъэ щабэр гу щабэщӏщ. Фӏыкӏэ фӏэкӏа уахуэмыупсэ. Псалъэ жагъуэм щышынэ. Уи псалъэр гъэкӏэщӏи, гупсысэр гъэкӏыхь. Насыпыр зейр укӏытэ зиӏэмрэ тэмакъ кӏыхьымрэщ. Псым хэлъ мывитӏ пэтрэ зонтӏэӏу. Уи гукъеуэр уи пщӏантӏэм къыдомых…»
«Жыӏэгъуэхэр» ӏыхьэр, зэрыгурыӏуэгъуэщи, зытеухуар жыӏэгъуэхэр аращ. Гъащӏэм щилъэгъуа, нэбдзэгубдзаплъэу зыкӏэлъыплъа ӏуэхугъуэхэм цӏыхухэм щыжаӏэу зэхихами, игъэунэхуами теплъэ кӏэщӏхэр ириту игъэпсыжа жыӏэгъуэхэм уемыджэныр, ар ӏулъэбзэу, жьабзэу къомыщтэныр, гуащӏэ и лъэныкъуэкӏи, гъащӏэ и лъэхъэнэкӏи къомыгъэсэбэпыныр мыхъунщ: «Адыгэбзэм и бийр, сэри си бийщ», «Акъыл жан зиӏэ цӏыхум и бзэр быдэщ», «Быныр я лъэкӏэ увыну ухуеймэ,уи пщэдыкъым дэгъэкӏ», «Бзэр -ӏэмэпсымэщ. Фо ирезэпхьэнуми щхъухь кърепхьэкӏынуми-уэращ зэлъытар», «Ди джабэхэр псэлъэфу щытамэ, сыту куэд яӏуэтэжынут», «Лӏы хахуэр утыкум щощабэри, лӏыгъэншэр утыкум щокӏий», «Псэр нэщхъеймэ,зыгъэгуфӏэри псэщ. Псэм и хущхъуэри псэщ», «Уи нэм фӏэдахэм , уи псэр щимыгъэхуабэр гъунэжщ», «Хабзэмыщӏэр дэуэнкӏэ ӏэзэщ», «Цӏыхур мылъкукӏэ щахъуэж дунейм дытетщ», «Япэм нэхэр лыдырт, иджы цӏууэ къэнащ».
Гушыӏэ екӏукӏэ гъэнщӏа теплъэгъуэхэм ущеджэфынущ Багъым и «Гуӏэфӏтещӏэж» зыфӏища ӏыхьэми. Зэрыжаӏэу, гушыӏэ дахэм гур егъэхуабэ, цӏыхур нэжэгужэ ещӏ. Адыгэ гушыӏэ теплъэгъуэхэм хиухуэнащ абы журт гушыӏэхэр. Щапхъэ: -Уа, щӏалэ, инженеру дипломыр къызэрыпщэхуар псоми ящӏэ. Кхъыӏэ, хъунумэ, унэ зыщӏхэм уахэмыхьэ. Политикэм кӏуэ. (Журт гушыӏэ).
-Быхуэ, чилэ дапщэ ухъурэ?
-Нэгъуджэр сӏулъу чилэ 120-рэ сохъу.
-Нтӏэ нэгъуджэр пӏумылъу дапщэ ухъурэ?
-Нэгъуджэр сӏумылъу къытридзэр слъагъуркъым. (адыгэ гушыӏэ)
«Гъуэгуанэ тхыгъэхэр» ӏыхьэми мызэ-мытӏэу гушыӏэм хуэгъэкӏуауэ, ауэ дерс щхьэпэ къызыхэпхын теплъэгъуэхэми дащыхуозэ тхылъым: «Къуажэр колхозу щызэхэта лъэхъэнэм, мэл хъушэ кӏуэдат. Къуажэ тхьэмадэр Бажэхэ ейт, колхозым и унафэщӏыр Дыгъужьхэ я къуэт. Ӏуэхур зэхэзыгъэкӏ къэпщытакӏуэхэм жылэм епсэлъэн щыщӏадзэм, зы лӏыжь гуэрым жиӏащ:
-Уа, щӏалэхэ, ди къуажэ тхьэмадэр Бажэхэ яйщ, колхозыр зыӏыгъыр Дыгъужьхэ ящыщщ. Бажэмрэ Дыгъужьымрэ яӏэщӏыхьар къытрахыжыфауэ иджыри къэхъуакъым. Гугъу зевмыгъэхьу фыкӏуэж».
Псэущхьэхэми щӏыпӏэ щаӏыгъщ Марьям и теплъэгъуэхэм. Дэтхэнэ зыми хуэгуапэщ,ауэ адыгэшыр зыпищӏ щыӏэу къыщӏэкӏынщ, арагъэнущ мызэ-мытӏэу шым теухуа пычыгъуэхэм дащӏрихьэлӏэр. Щолэхъум топсэлъыхь ар икӏи шым теухуауэ етх: «шыщхьэ нэщӏащэ зымышхам, лы ишхакъым», «шым шэрихьэт ещӏэ», «шыр шахьиду хокӏуадэ». Ӏуэхугъуэ куэдым пэжыр и гъуазэу хэзыщӏыкӏ Багъым итх дэтхэнэри бзэ шэрыуэкӏэ гъэпса, тхыгъащ. Адыгэбзэ дахэкӏэ тха теплъэхэр цӏыхум игу къинэжын папщӏэ, ахэр къыдихьэхын щхьэкӏэ, абы къегъэсэбэп псалъэжь куэд:
-Бланэ щалъху йокӏуэлӏэж;
-Нэкеӏум пӏастэ ирагъэпщӏкъым;
-Хабзэжь хэкужь къранэркъым;
-Шэрэ лъырэ зэхакӏэкъым;
-Кърум шыр имыӏэмэ-зы бзущ;
-Лӏэужьыр бжьиблкӏэ мауэ;
-Хамэр гъэшэраши, унэр гъэшэрыуэ;
-Хьэ хей умыукӏ, фыз хей йомыгъэкӏыж;
-Удым и удыгъэр япэ ирегъэщ;
-Дыгъужьым мэл зыфӏихьынур и пыӏэ щыгумкӏэ къещӏэ;
-Адыгэм и ӏэгур и ӏэнэщ;
-Адыгэм и хьэщӏэр быдапӏэ исщ;
-Адэ-анэм и лъагъуныгъэр псыежэх и кӏыхьагъщи, быным и лъагъуныгъэм псы ӏуфитӏ и зэхуакущ;
-Цӏыхубз пшэрыхь хущанэ;
-Фӏы щӏэи псым хэдзэ;
-Цӏыхум и цӏэр зыфӏещыж;
-Ныбаблэр напэтехщ;
-Нэхъыжьыфӏ здэщыӏэм, нэхъыщӏэфӏи щыӏэщ;
-Нэмыс зыхэлъыр дахэщ.
Иужьрейуэ стха псалъэжьыр хуабжьу сигу ирохь. Дунейр зэтезыӏыгъэр дахагъэр аракъэ. Дахагъэр лъэныкъуэ куэдкӏэ къотӏэпӏ, къощхьэлъэ, гъащӏэм зыхеухуанэ, зыхеукъуэдие. Дахагъэ зыхэмылъ щыӏэкъым. Ирехъу ар цӏыху напэ, хьэл, дуней тетыкӏэ, удз гъэгъа, къуалэбзу, бгыжь-къуршыжь, жыӏэкӏэ, уэрэд, ӏуэхущӏафэ, къафэ-псоми яхэлъщ дахагъэ. Марьям и теплъэгъуэхэм куэдрэ къыщегъэсэбэп «дахэ» псалъэр. Къыщӏигъэсэбэпым и щхьэусыгъуэр щыщ-ар езым хэлъщи аращ.
Езы Багъым урысыбзэкӏэ итхыжауэ ит теплъэгъуэхэми, Къармэ Асият хузэридзэкӏауэ тхылъым ихуа тхыгъэхэми «Гъуэгуанэ тхыгъэхэр» нэхъ къулей ящӏу къысщохъу. Зи бзэм хуабжьу фӏыуэ ирипсалъэ, иритхэ цӏыхубзым фӏы дыдэу къохъулӏэ урысыбзэри. Цӏыху куэд щыӏэщ езыхэр адыгэми адыгэбзэкӏэ къемыджэфу. Апхуэдэхэр гугъуехьыншэу тхылъым ит тхыгъэ кӏэщӏхэм щӏэджыкӏыфынущ. Марьям и гупсысэхэр сыт хуэдэу щытми къащӏэфынущ. Псалъащхьэ нэужьым щӏэджыкӏакӏуэхэм папщӏэ къахуигъэна напэкӏуэцӏ къабзэхэр хуабжьу сэбэп куэдым яхуэхъупхъэщ. Гупсысэ зиӏэ, псалъэм кӏэлъыплъ, ӏуэху еплъыкӏэ дахэхэр къэзыгъэсэбэп дэтхэнэ зыми ӏэмал имыӏэу зыгуэрхэр къритхэкӏынущ. Апхуэдэхэм папщӏэ мы тхылъым иӏэ гуэлъхьэныгъэр щхьэпэщ. Багъ Марьям сыт имыщӏэми, имытхми, жимыӏэми ар нэсу зэпэщу,щӏэщыгъуэу щытщ. Цӏыху акъылыфӏэр зэгупсысыр езым и гупсысэхэр утыку къырилъхьэн къудейр аракъым, атӏэ ахэр цӏыхухэм гунэс, гурыхь, дахэ ящыхъунырщ, щӏэ гуэрхэр, адрейхэм къащхьэщыкӏыу, уи ӏэдакъэ къыщӏэкӏам хэлъхьэнырщ. Зи гугъу сщӏа тхылъыр зытха цӏыхубзым и теплъэкӏэ, хьэлкӏэ, гъэсэныгъэкӏэ, щӏэныгъэкӏэ, илэжь ӏуэхугъуэкӏэ, гум илъ хуабагъэкӏэ, псэм и плъыфэ телъыджэкӏэ адрейхэм къазэрыщхьэщыкӏ, къазэрыхэщхьэхукӏым ещхьщ и тхылъхэри. Аращ дахэм дахэ и ӏуэхущ, щӏыжаӏэр. Багъыр зыхуэлажьэр, зытелажьэр, илэжьыр дахагъэщи, и ӏэрыкӏыр, ӏэпэм къыпыкӏыр, гупсысэу дахэу щӏыщытри. Зыгуэр лъыхъуэм –зыгуэр къегъуэт, ауэ ныкъусэныгъэ гуэр тхылъым иӏэу слъэгъуакъым икӏи къысхуэгъуэтакъым.
Дыкъэзыгъэщӏар тщымыгъупщэу,
Дэтхэнэ зыми,
Ди унагъуэхэм мамырыгъэр илъу,
Фэкӏэ мыхъуу, гукӏэ дызэрылъагъуу,
Щӏэм дадекӏурэ, дедэхэщӏэфу,
Фэжагъуэ къэдмыхьу,
Уэгъу дымыщӏэу,
Хьэр, хур, нартыхур ди куэдрэ,
Ди гуэнхэм имыхуэу,
Ухуэнар ди бжьыну,
Хъуакӏуэр ди ӏэщу,
Щынэр бгым кӏэрымыхуэу,
Жэмхэр шафӏэу,
Хуарэхэр къызэдагъажэу,
Нану шырхэр къытхэхъуэу,
Псыр, Хэкур зыуэ,
Зы быну, зы ӏэпщэу
Лъэпкъ узыншэу дыпсэуну!
Дэтхэнэ зы цӏыхуми мыпхуэдэ хъуэхъу псалъэкӏэ зыкъытхуэзыгъазэ Багъ Марьям и дунейр щӏэращӏэу, зытегузэвыхь адыгэбзэр бзэрабзэу, къигъэщӏ, итх дэтхэнэри макъыбэу зэрылъэлъу, гупсысэу къиӏуатэр гъуазэу дрыреӏэ!