Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Хэку зыгъуэтыжа унагъуэм и пшыналъэ

Илъэс блэкӏам дунейм къытехьа «Зэшыпхъуибл» псысэр зытеухуар Сирием къиӏэпхъукӏыжу, Къэбэрдей-Балъкъэрым лъабжьэ щызыгъэтӏылъа Махуэ Къэрэгъул и унагъуэрт. Тхылъым и зэхэлъыкӏэр нобэрей махуэм быдэу зэрепхам нэмыщӏ, абы и къыдэкӏыкӏэри тхыгъэм и зы ӏыхьэ хъуа пэлъытэу, гукъинэжт.

Гъэщӏэгъуэну зэхэт гъащӏэм щӏэуэ зыри къыумыгупсысыжми, езым и щӏэщыгъуагъыр хурокъуж. «Зэшыпхъуибл» тхыгъэр хьэзыр хъууэ, тхылъу къыдэзгъэкӏын мурад щысщӏам, ипэкӏэ зэи сызыдэмылэжьа «Печатный двор» тхылъ тедзапӏэр къыхэсхат. Телефонкӏэ сызэпсэлъам ӏуэхущӏапӏэр здэщыӏэр урысыбзэкӏэ къызжиӏэри, гъуэгу сытеуващ. Ухуэныгъэ куэд щекӏуэкӏ къалэм къыщыгъэлъэгъуа адресхэмрэ къэплъыхъуэ унэхэмрэ фӏыуэ щызэпэжыжьэ куэдрэ къохъу. Сытми, зызэман сыздынэса типографием къыщыспежьа лӏыкум и урысыбзэм къыпхыщ акцентыр апхуэдизкӏэ зыми ещхьтэкъыми, уеблэмэ адыгэу гурыщхъуэ хуэсщӏакъым. Тхыгъэр къэщыпа хьэзыру щыӏэщӏэслъхьэм, «Адыгэбзэкӏэ укъеджэфыркъэ?» упщӏэр дыщӏызмыгъужами хъунут. Ауэ «Сыкъоджэф» жэуапым иужькӏи зыкъомрэ урысыбзэм дытетащ. Итӏанэ езым жеӏэ:

– Иӏэ, анэдэлъхубзэм дытегъэхьэ!

Тхылъым итым къеджэнкӏэ сымыгугъэу, псалъэхэр зэкӏэлъызогъэпӏащӏэ:

– Сирием къикӏыжа унагъуэм теухуауэ аращ. И жинтыр зэрысщӏынур сщӏэркъым…

– Сыт а темэр къыщӏыхэпхар?

– Езыр-езыру хъуащ, – дызогъэуей си дамащхьэр.

Щӏэхъуам сегупсысурэ, жэуапыр нэгъэсын хуейти:

– Къурӏэным сезыгъэджа цӏыхубзым и унагъуэм сахэсати, аращ нэхъыбэу щхьэусыгъуэ хуэхъуар.

– Хэтхэ? – къызоупщӏ аргуэру.

– Афэмгъуэтхэ, Нарткъалэ дэсщ.

– Ар щӏыжысӏэр, сэри Сирием сыкъикӏыжащи аращ.

Абдежым си бзэр иубыдащ. Илъэс бжыгъэ хъуауэ «къесхьэкӏ» си тхыгъэр икӏэм-икӏэжым щытездзэну сыкъыщыхута ӏуэхущӏапӏэм и унафэщӏыр абы хэзгъэхьа унагъуэ щымыӏэххэм къыхэкӏа фӏэкӏа умыщӏэну, илъэс щэщӏ е нэхъыбэ ипэкӏэ Сирием къиӏэпхъукӏыжа, Налшык щыпсэу Идрис Яссерт. Хэкум Къэзыгъэзэжахэм я махуэр блэкӏагъащӏэти, Яссер сигъэлъэгъуащ «Горянкэ» газетым къытехуа, езым и унагъуэм теухуа тхыгъэр. Псалъэкӏи къыдыщӏигъуащ пасэу къэкӏуэжахэм зэращыщыр, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ бзылъхугъэ къишэу, Хэкум унагъуэ зэрыщиухуар, и хъыджэбзхэр унагъуэ зэрихьар, къуэрылъху-пхъурылъхухэр зэриӏэр. Нэхъ гъэщӏэгъуэныжрати, Яссер и унэцӏэ дыдэр сэ си нэӏуасэ Афэмгъуэтхэ я унэцӏэм ещхьу Къардэнт, ахэри ицӏыхурт.

Си мурадыр къызэхъулӏащ. «Печатный двор» тедзапӏэм и цӏэр игъэпэжат, лэжьыгъэр хьэзыр зэрыхъуа псынщӏагъымкӏи къинэмыщӏхэмкӏи. «Тхылъыр къыдэкӏмэ, япэ щӏэджыкӏакӏуэу сыщытынущ», – унафэщӏым къызэрызжиӏам, си лъэр нэхъ жан зэрищӏам ущӏэмыупщӏэ. Гукъинэж сщыхъуахэм ящыщщ сызытегузэвыхьа жинтым цӏыху сурэт тетыну сызэрыхуэмейр щыжесӏэм, Яссер Вагъуэзэшиблыр зэшыпхъу цӏыкӏухэм я дамыгъэ хуэдэу тедгъэувэну игу къызэрыкӏар.

«Зэшыпхъуиблым» згъэзэжмэ, абы Сирием къикӏыжауэ нэӏуасэ сызыхуэхъуахэм ядэслъэгъуа ӏэсагъымрэ щабагъымрэ къыщызгъэлъэгъуэну сыхэтащ.

Хьэл зырыз зимыIэ щыIэ – ща­бэщ Щамым къикIыжахэр.

Хьэрып хабзи ядэплъагъукъым,

адыгэжьу къэнэжахэщ.

Уи тепщэгъуи еныкъуэкъукъым,

я бын егъэпIыж къудей.

Адэжь Хэкум муслъымэну

ибгъэсыжмэ, арщ зыхуейр.

Сюжетым лъабжьэ хуэхъуар 90 гъэхэм Щамым къикӏыжа унагъуэм иужькӏэ къэхъуа зауэм кърихужьа я благъэхэр къазэрыкӏэлъыкӏуарт. Къыдэкӏыгъуэр хьэзыр хъуху, Асад Башар и тетыгъуэр щиуха ӏэуэлъауэхэм щӏидзати, Яссер сеупщӏащ:

– Ущӏэгузавэ зыгуэр къина Сирием?

Гурыӏуэгъуэт ар а ӏуэхум гулъытэншэу зэрыхущымытыр. Ауэ жиӏари мащӏэщ:

– Иджыри къэс къэкӏуэжыпӏэ яӏэу зызымыгъэхъеяхэм сыт яхуэпщӏэфынур?

Сирием къыпэщылъ махуэ нэхъ ӏейхэр иджыри къэсатэкъым абы щыгъуэ. Къэралыр зыбгынахэми абы къинахэми жаӏэжхэм уедаӏуэмэ, уи щхьэфэцым зресэ. Мэжджытыр тӏу иращӏыкӏарэ, зымкӏэ цӏыхухъухэр, адреймкӏэ – цӏыхубзхэр щӏэсу, зэпыугъуэ имыӏэу уӏэгъэхэр ирашалӏэу… Абы псэууэ къелахэм я нэхъыбэм гууз хахам къигъэхъея узыфэхэр къахуинауэ апхуэдэщ, я гъащӏэм и ӏэфӏыр фӏыуэ кӏэрыхуауэ. Тхьэм цӏыхубэ хейр ӏей псоми щихъумэ.

Пасэрейхэм зэрыжаӏауэ, гуауэри гуапэри зэпылъщ. Хэкум къэкӏуэжа ди лъэпкъэгъухэм я ещанэрей щӏэблэр гъащӏэм щыщ хъужахэщ, «къэзыгъэзэжакӏэ» демыджэжу. Ауэ абыхэм хуэдэу Адэжь щӏыналъэм и уасэр зыми фӏыуэ ищӏэ къыщӏэкӏынкъым.

Yazarın Diğer Yazıları

Хэкур щӏэинщ

Илъэс блэкӏам Адыгэ республикэм урысыбзэкӏэ къыщыдагъэкӏащ адыгэ дин щӏэныгъэлӏ, узэщӏакӏуэ Мэрэтокъуэ Нухь 1912 гъэм Къэзан типографием хьэрыпыбзэкӏэ щытрыригъэдзауэ щыта «Адыгэхэм я тхыдэм къыхэлыдыкӏ напэкӏуэцӏхэр»...

Адыгэбзэ зэмыфэгъу

Ди газетыр илъэси 100 зэрырикъуар щыдгъэлъэп1а мы илъэсым иджыри къэс ди1а гуращэхэм ящыщ зым дыте1эбауэ пхужы1энущ. Зи гугъу сщ1ынур адыгэбзэк1э газет къыщыдэк1 республикищым къыщыдахыу,...

Зэрагъэбагъуэ пщалъэхэмрэ есэп нагъыщэхэмрэ

Гъэ еджэгъуэщlэм щlидзакlэщ. Щlэныгъэм хуэпабгъэ сабийхэм я тхылъылъэхэр тхылъыщlэхэмрэ тетрадыщlэхэмрэ ирашэх. Къалэмхэр, къэрэндащхэр, хьэфэтегъэкlхэр – псори щlэрыпсщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ еджакlуэ цlыкlухэм нэгъуэщl зы насыпыщlи...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img