Екӏуэкӏыу: 3. Пхъэӏэщэм щыщ ӏыхьэ, щӏы щхьэфэр зэзыгъэдзэкӏ. 8. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цӏыхубэ тхакӏуэ, «Шэджэмокъуэ лъэпкъыр» романыр зи ӏэдакъэщӏэкӏ. 10. Гъэмахуэм гъэгъа хужь къызыпидзэ удз баринэ. 11. Губгъуэм къыщрахьэлӏэ гъавэр япэ щӏыкӏэ щызэтракӏутэ щӏыпӏэ. 12. Къуацэ чыцэ. 13. Ди щӏыналъэм щыӏэ псыежэх. 15. Лъапэ зыпымыт, лъэдиймрэ лъэгуажьэмрэ щӏэзыгъанэ щыгъын. 16. Сосрыкъуэ, Бэдынокъуэ сымэ къызыхэкӏа лъэпкъ. 19. Адыгэ джэгуакӏуэ, Щоджэнцӏыкӏу Алий и цӏэр зезыхьэ театрыр илъэс куэдкӏэ зыгъэбжьыфӏа, Урысей Федерацэм и цӏыхубэ артист. 22. Адыгэ псалъэжьым зэрыжиӏэмкӏэ, апхуэдэ цӏыхур щыту малӏэ. 23. Шы ӏэпслъэпсым щыщщ. 24. Кавказым щыпсэу нэхъ лъэпкъышхуэхэм ящыщ зы. 28. « … нэхърэ тхъэгъуэ». 30. Лъакъуэ куэд зыщӏэт, псым хэс псэущхьэ. 31. Къуэм и щхьэгъусэ. 32. Нартхэм я ныкъуэкъуэгъу лъэпкъ. 33. Джэджьейм хуэлъэ къуалэбзу е адыгэ бзылъхугъэ пшынауэ цӏэрыӏуэ. 36. Щӏалэ цӏыкӏухэр … топкӏэ мэджэгу. 41. Хадэхэкӏ. 42. Лы лей зытелъ. 45. Ди гъунэгъум … щӏыхуэ къеӏысхащ. 47. Ӏэпхъуамбапщэм и гъумагъым хуэдиз хъу щапхъэ. 48. Ажалыр … нэхърэ нэхъ гъу-нэгъущ. 50. Зи мыхьэпшып щэхуу зыгъэкӏуасэ. 51. Мы гъэм зи ныбжьыр илъэс 75 ирикъуа усакӏуэ, «Эльбрус» къэрал тхылъ тедзапӏэм и лэжьакӏуэ. 52. Цӏыху ткӏий, гущӏэгъу зыхэмылъ. 53. Махуэ цӏэ. 55. Унащхьэ блыным дэкӏуэу къыпыт натӏэ. 57. Щхьэусыгъуэ гуэркӏэ къуажэм дэкӏауэ мэзым, губгъуэм зыщызыгъэпщкӏу цӏыхум зэреджэ. 58. Хьэкӏэкхъуэкӏэхэм я «пащтыхь».
Къехыу: 1. Гу кӏуэм … къыкӏэреуд. 2. Псы зракӏэ е фӏэӏугъэ зралъхьэ кумбыгъэ ин. 4. Лъэкӏыныгъэ зиӏэ адыгэхэм нэхъапэм я быныр яхуэзыгъасэу щытам зэреджэ. 5. Бжэӏулъэ. 6. Бадзэ лъыиф. 7. Илъэсищым ит шыщӏэ мыгъасэ. 9. Гъавэ. 13. Выр зэрыщӏащӏэ пхъэ. 14. Лъакъуапӏэ е уэс къэсагъащӏэм къытена …. 17. Ӏэщхэм я тхьэ. 18. « … бжэщхьэӏум» – Щоджэнцӏыкӏу Алий и усэ цӏэрыӏуэ. 20. Къыдалъхуауэ цӏыхум и щӏыфэм хэс. 21. Фадэ гуащӏэ. 25. Нэщӏ мазэм тхьэмыщкӏэхэм ират ӏыхьэ. 26. Пасэрей фоч. 27. Ӏужажэр сыт щыгъуи хьэзырщ и унафэщӏым и хьэр … хуишэну. 29. Адыгэ генерал. 31. Бегъымбарыцӏэ. 34. … -урым бэнэкӏэ. 35. Нартыху щхьэкӏэм къыдидз гъэгъа. 37. Егъэлеяуэ къэгубжь, пхъашэ. 38. Щӏыпӏэ хуабэхэм къраш пхъэщхьэмыщхьэ ӏэфӏ. 39. Витамин С куэду зыхэлъ, къуацэ чыцэ ягъэкӏым къыпыкӏэ пхъэщхьэмыщхьэ щхъуантӏафэ цӏыкӏу. 40. Хадэхэкӏ. 43. Абы и лыр и лэпсщ, адыгэ псалъэжьым тепщӏыхьмэ. 44. Бдзэжьей лӏэужьыгъуэ. 46. Хуэм дыдэу зекӏуэ, щӏылъэми псыми щыпсэуф псэущхьэ. 49. Цӏыхубзхэм къыздрахьэкӏ хьэпшып цӏыкӏу. 51. Хабзэм ебэкъуахэм нэхъапэм тезырыр щапшыну щыта мащэ. 54. Спорт зэхьэзэхуэм 3-нэ увыпӏэр щызыубыдым ират медалыр абы къыхэщӏыкӏащ. 56. Псэхэлъхьэж.
№ 62 2025 Бадзэуэгъуэ мазэм къыдэкӏыгъуэм тета псалъэзэблэдзым и пэджыжхэр:
Екӏуэкӏыу: 2. Щэн. 5. Пщыхьэщӏэ. 7. Андэгурэ. 11. Шырыкъу. 12. Вы. 13. Мет. 14. Ущ. 15. Мылыф. 18. Бейгуэл. 19. Ут. 20. Хугу. 22. Гъэмахуэ. 24. Ӏуэрвэр. 25. Аргъынэ. 28. Балъкъ. 31. Дыркъуэ. 33. Дерт. 34. Армэ. 35. Болэ. 36. Бжьын. 37. Шынакъ. 40. Хъуран. 43. Пщэдэлъ. 44. Пелуан. 47. Бэлацэ. 48. Гулъ. 50. Дэ. 51. Хьэкъыш. 52. Чэтэн. 54. Бо. 55. Сом. 56. Кхъухь. 58. Бжьэпэ. 59. Пшы-налъэ. 60. Елыркъэш. 61. Ней.
Къехыу: 1. Тхьэв. 2. Щэрмэт. 3. Нартыху. 4. Лъэпщ. 6. Щыкъу. 8. Рим. 9. Аргъеи. 10. Улахуэ. 16. Нэкурэ. 17. Лъэрыгъ. 19. Уэрэд. 21. Гумащӏэ. 23. Мыхъур. 26. Пабжьэ. 27. Аруан. 29. Къан. 30. Кумб. 32. Тощ. 33. Дэхъу. 37. Шылъэгу. 38. Ныджэ. 39. Къыпцӏэ. 41. Хьэнцэ. 42. Дурэш. 45. Сэнтх. 46. Къурмэн. 49. Лъостэн. 50. Домбей. 53. Ныш. 54. Банэ. 57. Хьэрэ. 58. Бгъэ.
Псалъэзэблэдзым хуэгъэза упщӏэхэм я жэуап пэжыр jinepsgazetesi@gmail.com хэщӏапӏэм япэ къезыгъэхьым, Адэжэ Айча Атчы и «Kağıttan Gemiler» («Тхылъымпӏэ кхъухьхэр») зи фӏэщыгъэ тхылъыр, тхакӏуэм и ӏэ щӏэдзыжауэ, тыгъэу хуедгъэхьынущ.