Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Щӏэшхьаблэ-Юкарыкызылчевлик

Къуажэр 1859-60 гъэхэм хуэзэуэ хэкум къикӏа къуажэхэм ящыщщ, къуажэр Кайсер-Малатя гъуэгум тету аращ. Кайсери къалэм 105 км Азей районым 20 км пэжыжьэщ.

Къуажэм зи цӏэ къыстехъукӏауэ зы лъэпкъыцӏэ щыӏэкъым ауэ нэхъыжьхэм зэрыжаӏэжу щтар нобэ хэкӏуэдэжа Лӏыщӏэжхэ къатехъукӏауэ жаӏэрт. Лӏыщӏэжыцӏэм зихъуэжурэ нобэ къуажэм зэреджэ щӏэш хъуауэ жаӏэжу щта.

Къуажэр ипэдыдэ унэгъуэ зыщыплӏу къэтӏысащ ар щхьакӏэ иужъкӏэ къахэтӏысхьажу лъэпкъ къуэд къыдэтӏысхьажащ. Инэхъыбэр иужъкӏэ къахэтӏысхьэжауэ хэхэсщ.

Къуажр щӏыкӏэ Лӏыгъурхьаблэ, Мэкэней, Щэныбей, Каяалты, Бешкъызакъхьаблэ къуажэхэм япылъщ.

Къуажэр нобэкӏэ къуажэшхуэуэ щыткъым унэгъуэ зыбжанэщ щыпсэур, унэгъуэ куэдыр къалэшхуэхэм ӏэпхъуэжауращ.

Къуажэм ӏэщ зыпыщӏаи куэдкъым, къуажэщӏым къахэхьауэ губгъуэ чэту щӏы иубыдауэ кор Лервишин Агъылы жыхуаӏуэ зы Туркмэн лъэпкъи дэсщ ауэ къуажэм къахэмысу губгъуэ чэтым щопсэухэр. И кӏуэпӏэ гъуэгур къуажэкум блокӏыр.

Щӏэшхьаблэ щыпсэуауэ зицӏэ ирауӏуауэ лӏыцӏэхэр: Думэн Адил, Али; Хьащӏэ Хьажы, Джэуад, Зихьни; Кӏэбышэ Азиз, Ахьмэд, Хьасан, Кемал, Расим, Шукри; Шапсыгъ Тӏутӏэ, Азми, Муса, Нынэ; Кӏэщт Умар, Хьилми; Ӏэмхутэ Юусуф; Кӏэрашэ Азми, Емир; Лӏуп Хьаж Ӏэсхьад, Джэлал, Шахьин, Асланбей; Гуэн Газихьан, Икрам, Тейфик; Тхьамбылмышх Хъусен; Балкар Муджахьид; Къонэ Абдуллахь; Курыжэ Хьажы (Ибрахьим); Хутэ Ахьмэд; Абазэ Муса; Уейокъуэ Назир; Мышынэ Изет; Хьащӏэлӏ Ебубекир; Лу Казим; Лъостэн Махьир; Мэзаныкӏуэ Юсуф; Кӏэрашэ Емир, Азми; Алтыдокъуэ Назми; Жанборэ Вахьид; Хьакӏашэ Юсуф, Вахьаб; Дадуг Хьамид, Яшар.

Дадуг Хьамид
Кlэбышэ Ахьмэд

 

Думан Адил
Кlэбышэ Джанер
Кlэщт Хьилми

Yazarın Diğer Yazıları

Махъархьаблэ

Къэбэрдей къуажэ. Къуажэр Къэбэрдейм шэрэухъ псы lуфэм lуса Махъархьаблэ къуажэ дэсхэм зыкъаlэту Тыркум къыщыкlуа 1860 гъэм я ухуауэ зы къуажэщ. Къуажэр хэкум зэрыщытым хуэдэу...

Елъыхъуей — Юкарыборандере

Къуажэр Казанчык къуажэм яхэту 1860 гъэхэм Узняйлэм къэтӏыса Карачай Черкеск Бащылбий щӏыналъэм къикӏа Ачкарува Абазэхэм ящыщщ. Иужъкӏэ Елъухъхэ я пащэу мы къуажэм къэтӏысри Елъыхъуейкӏэ...

Сидкыт — Енияпан

Къуажэр 1860 гъэм Бащылбий Абазэхэм я хэту Узняйлэм къэтӏысащ. Къуажэр нобэ Карачай Черкеск щыпсэу Гэбэкъуей къуажэм къикӏахэщ. Бащылбий Абазэхэм я хэту къэкӏуами куэд мыщӏэу...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img